20 февраля, 2022 - 11:45
А зы уэрэдым фIэкIа имытхами…
ТхакIуэ куэд щыIэщ я тхылъ бжыгъэм ирипагэу, ар нэхъыбэху, нэхъыбэ яхузэфIэкIауэ, нэхъыбэ къайхъулIауэ ялъытэу. Сонэ Абдулчэрим абыхэм ящыщу пхужыIэнукъым. Ар и дэтхэнэ усэми куэд дыдэрэ хоплъэж, псалъэ къэс зэрегъэзахуэ, зэрегъэкIу, игу нэмысуи зы макъ цIыкIу усэм къыхимынэу холэжьыхь. Езыми зэрыжиIащи: «Усэр ар макъамэ щабэу уи гум зэпымыууэ къыпылъадэрщ. Ар сыт щыгъуи дзапэ уэрэду уи бзэгупэм телъщ».
УсакIуэ цIэрыIуэ гуэрым зэрыжиIэгъащи, дэтхэнэ усэ сатырми гугъуехьищэр пыщIащ, ар гущIэм щызэпэща хъун щхьэкIэ, зытхым и фэм куэд докI. Апхуэдэущ Абдулчэрим и усэхэр дунейм къызэрытехьар – абы и дэтхэнэ псалъэри, сатырри Iэджэрэ «щIиплъыкIауэ», и гущIэ-лъапсэм къыщIигъэвыкIыурэ щхьэж хуэфэщэж плъыфэрэ фащэкIэ игъэпсауэщ.
Псалъэм зэрыхущытымрэ образыр зэригъэпсымрэщ Сонэм зыми хэмыгъуащэ усакIуэ хъун щIыхузэфIэкIыр: ар езым и псалъэ, и хъэтI зиIэж усакIуэщ. Псалъэр купщIэншэщ, нэдщ, абы цIыхум и акъылыр зэхэзехуэн зыщI гупсысэ щIэмылъмэ. И усыгъэхэмкIэ зэрынэрылъагъущи, Сонэр абы сыт щыгъуи хуосакъ. Абдулчэрим псори зытрищIыхьыр езы усакIуэм и напэмрэ и цIыхугъэмрэщ – аркъудейщ зыфIэлъыкIри дзыхэ къэзыщIри. Зыгуэрым и гуапэ ищIын е и гур игъэзэгъэн щхьэкIэ, дэзыдзых, лъэбакъуэ лей зыч, гублащхьэм дэсым дежьу усакIуэм ящыщкъым Сонэр. Езым фIэзахуэрщ абы и усэмкIэ иIуатэр – ар IэфIми дыджми.
Дэтхэнэ усакIуэми иIэ хабзэщ зыми пимыщI, щIэх-щIэхыурэ къызытригъэзэж, къытригъэзэж пэтми гу зыщимыхуэ псалъэмакъ, нэгъуэщIу жыпIэмэ – темэ. Сонэ Абдулчэрим дежкIэ темэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ усакIуэм гурэ псэкIэ игъафIэ и лъахэр, лъэпкъ тхыдэр, гъащIэмрэ зэманымрэ.
Сабиигъуэ дахэ зэримыIари, гугъу зэрехьари, гъащIэми нэщIэбжьэ зэрилъэгъуари игу ихуркъым Абдулчэрим, ауэ ар абы гу щIыIэ-псы щIыIэ ищIакъым, гужьгъэжь цIыхухэм яхуищIын хуэдэу. УсакIуэм дунейр къыдофIэрафIэ, щIылъэр къыдощIэращIэ. ЦIыхухэрщи, Iэ щIыIум тесу кърихьэкIынут, апхуэдизкIэ фIыуэ елъагъури.
Абдулчэрим уэрэдхэм щIэлъ псалъэхэр къызэрехъулIэм и щыхьэтщ «Шагъдий» уэрэдыр. Ар къыщежьагъащIэм, и псалъэкIи, макъамэкIи, и темэкIи апхуэдизкIэ щIэщыгъуэ ящыхъуат цIыхухэми, зым жьэдэкIмэ, зым жьэдыхьэурэ, дзапэ уэрэду зэдыжаIэрт, яIэщIэмыхужауи нобэми жаIэ. Сыт-тIэ апхуэдэ гъащIэ кIыхь «Шагъдий» уэрэдым щIигъуэтар? Япэрауэ, псалъэхэр зытха Сонэ Абдулчэримрэ абы макъамэ телъыджэ къыхуэзыгъуэта КIарэ Фолэрэ шыр фIыуэ ялъагъурти аращ адыгэшым и образ уардэр уэрэду дунейм къыщIытрагъэхьэфар. ЕтIуанэрауэ, уэрэдым щIэлъ псалъэхэр гупсысэ лъэщкIэ псыхьауэ, уэрэд усыкIэм и хабзэ нэхъыфIу поэзием щызекIуэм тету «ябзри ядащ».
УсакIуэм фIы дыдэу къыгуроIуэ, ещIэ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэщIыгъуу лIэIщыгъуэкIэрэ къызэдакIуа тхыдэ гъуэгуанэ гугъусыгъур, а тIр щызэщIымыгъуа лъэхъэнэ зэрыщымыIар, адыгэшым и щIыхьыр дуней псом щигъэIун папщIэ, адыгэлIым лъэкIыу зыри къызэримыгъэнар.
«Шагъдий» уэрэдыр дунейм къызэрытехьа щIыкIэр зэзгъащIэмэ, сфIэфIу усакIуэм сеупщIати, мыращ къызжиIар: «Фолэ (Ахърэт нэху Тхьэм кърит) япэщIыкIэ хуэсхьауэ щыта усэр шууей щIалэм теухуат. Абы къыхэщ лирическэ лIыхъужьыр адыгэш дахэм ирибжьыфIэу, ирипагэу, фIыуэ илъэгъуа пщащэм гунэс зыщищIын щхьэкIэ, хэт и пыIэри къихьыну хьэзыру, щIыгушхуэр зыхуримыкъу шагъдиймкIэ, хуей хъумэ, и гъэфIэныр кърихьэжьэну апхуэдэт. Куэд дэмыкIыу, а усэм Фолэ макъамэ хуитхащ икIи сриджэри сригъэдэIуащ. ПцIы зыхэмылъыр аращи, макъамэм занщIэу сипхъуэтат, си псэр уэгум ирихьат. Сыкъеплъыхыжри – псалъэхэр хуэкIуэртэкъым, макъамэм нэгъуэщIт къыбжиIэр, узыхуигъэушыр, узригъэгупсысыр. «КъыбжиIэр» жыхуэсIэм фэрыщIагъ хэслъхьэкъым икIи къэзгупсысыркъым. Макъамэр езыр бзэщ, къыбгурыIуэу щыт закъуэмэ. Арати, унэм сыкъэкIуэжащ, сетIысылIэри макъамэм сызыхуигъэушар къызэрысфIэщIкIэ стхащ. Адыгэш, адыгэ тхыдэ, адыгэ лъэпкъ – а Iуэхугъуэхэрат макъамэр зытегъэпсар, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ. Псалъэхэр зытезухуари арат. Усэм и вариантыщIэр Фолэ деж щысхьам, «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым хэт щIалэхэм нэхъапэкIэ схьар зрагъэщIауэ жаIэрт. Дауи, етIуанэ вариантыр нэхъ ягу ирихьащ, ауэ текстыщIэр зэрагъэщIэжын хуейуэ къахудэкIащ. Ауэрэ зы тхьэмахуэ-тхьэмахуитIи докI. Макъамэр си гум илъщ, усэ птхагъащIэр гукIэ пщIэж хабзэщи, ари щIызопщытыкI. Арати, усэм нэмыщIыса гуэри, къуабэбжьабагъэ гуэри иIэу шэч къытызохьэж, сызыхуэмыарэзыж мэхъу. Апхуэдэм деж псэм узэрихуэ хабзэщ, си пIэм симызагъэу усэр зэрезгъэфIэкIуэнкIэ солэжьыж икIи нобэ зэрыт щытыкIэм изогъэувэ.
Усэр нэгъэса хъуауэ къэслъытэжкIэ зэфIэкIрэт? Согупсыс: дауэ иджы модрей вариантыр гукIэ зэзыгъащIэу зи репертуарым хэзыгъэхьауэ жызыIэ щIалэхэм зэражесIэну щIыкIэр? Ахэм сащыукIытэрт. АрщхьэкIэ – нэгъуэщI Iэмал щыIэтэкъым. СелъэIуащ къысхуагъэгъуну икIи яжесIащ макъамэ хьэлэмэтым хуэфэщэж текст щыIэну сызэрыхуейр, мы яужьу (ещанэу) къэсхьар апхуэдэу къызэрыслъытэр. Зралъэфыхьами, текстыр зэрефIэкIуар нэрылъагъути, къабыл ящIащ икIи иужькIэ ахъырзэману ягъэIуу щIадзащ «Шагъдий» уэрэдыр».
ЗэрыжаIэ хабзэщи, а зы уэрэдым фIэкIа имытхами, Сонэ Абдулчэрим и цIэр ди щэнхабзэм, литературэм къызэрыхэнэнур шэчыншэт.