Нартыхур къызэрежьар
14 февраля, 2022 - 16:12
Зи IэщIагъэкIэ дыщэкI, Париж щыщ Жан Шарден (1643-1713 гъэ) 1672 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ фокIадэм и 10-м нэс Тэн (Дон) псым къыщыщIидзэри, хы ФIыцIэ Iуфэр иIыгъыурэ зэпиупщIыгъащ Нарткъуажэхэм я хэгъэгур, Шапсыгъыр, Убыхыр, Абхъазыр, Ингур псым еуалIэу Мингрелым нэсыху. Шарден мазэрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ яхэтыну къыхудэхуащ хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм икIи и акъылрэ щIэныгъэрэ къызэрихьу ятетхыхьыжауэ щытащ. Абы гу лъитащ а лъэпкъ псоми нартыхур къызэрагъэкIым, а гъавэхэкIым шхыныгъуэу къыхащIыкIым: «Ар гъатхэм прунжым хуэдэу халъхьэ.