14 февраля, 2022 - 15:35
Къэхъуа
Кино къагъэлъэгъуа нэужь, къуажэ клубым къыщIэкIыжахэм Шэхьидэт яхэту щилъагъум, Мурадин абы бгъэдыхьэри, «Унэзгъэсыжынщ, хъунумэ», - жриIащ. «ФIыщIэ пхузощI ар уигу къызэрыкIам щхьэкIэ», - къыпыгуфIыкIащ хъыджэбзыр. Шэхьидэтхэ я унэр нэхъ къуажапщэт.
ФIыуэ зэрылъагъухэм зэжраIэн ягъуэтынтэкъэ?! Iэджэм топсэлъыхь, мыпхуэдэуи зэраухылIэ: «ЦIыхубзхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу къуажэ Советым докIуэри, ди нэчыхьыр идогъэтх».
АдэкIэ Iуэхухэр къызэрекIуэкIар Мурадин мыпхуэдэу къеIуэтэж: «Зэхуэдгъэува пIалъэр къыщысым, сыпIейтейуэ, ди къэкIуэнум сегупсысу жэщым сыздыхэлъым, хьэ банэ, цIыхубз, сабий гъы макъхэр, автомашинэ зэщIэвыуэхэр зэхызохри, уэрамым сыдохьэ. Солъагъу унагъуэ гуэрхэм я хьэпшыпхэр автомашинэхэм зэрыралъхьэр, сэлэт зыбжани, фочхэр яIыгъыу, гъунэгъуу зэрыщытыр.
Гузэвэгъуэм срехужьэри, Джапухэ я деж сынос. Абыхэм я пщIантIэми дэтт «Студебеккер» хьэлъэзешэр. Шэхьидэтрэ и адэ-анэмрэ я хьэпшыпхэр зэщыджэу гъуэгыу автомашинэм ирагъэзагъэрт. «Сыт къэхъуар?», - жысIэу сащыбгъэдыхьэм, Шэхьидэт и нэпсхэр къелъэлъэхыу къызбгъэдохьэри, зэкIэлъегъэпIащIэ:
- Балъкъэрхэр дыдаш мыгъуэ, Мурадин!
- Ар захуагъэкъым, - жызоIэ, си макъыр Iэтауэ. - Сэлихь Дзэ Плъыжьым офицеру къулыкъу щещIэ!
Сэлэтхэм захузогъазэри соупщI: «Зыгуэрхэр зэхэвмыгъэзэрыхьауэ пIэрэ?» Модрейхэм си псалъэр я тхьэкIумэм ихьэркъым, «Дэ ди къалэн догъэзащIэ, зэран умыхъуу, зыIуегъэх!» - къызжаIэ. Джапу Мустэфа и бынунэр щыдашым, емыкIу сыкъэвмыщI, си нэпсхэр къысфIыщIэжащ».
Мыгувэу Джапухэ я унагъуэм и цIэкIэ лъэIу тхылъ Сталиным хуагъэхьащ, Сэлихь лIыгъэ зэрихьэу зауэм зэрыщыIэр, орден лъапIэр къызэрыхуагъэфэщар, офицер цIэр зэригъэпэжыр, абы и унагъуэр щIыпIэ жыжьэм зэрагъэкIуар зэрыкъуаншагъэр иту. ЛъэIу тхылъыр жэуапыншэ хъуащ.
Балъкъэрхэр я хэкум зэрырашрэ мазитI нэхъ дэмыкIыу Мурадин къыIэрохьэ конвертышхуэ, пIейтейуэ къепхъуатэ, зэпеплъыхь. ГурыIуэгъуэт ар Шэхьидэт къызэриутIыпщар. Конвертыр зэтреудри, и цIыхугъэ хъэтI дахэкIэ тха тхылъымпIэ напэшхуэм щIоджыкI.
Шэхьидэт къитхырт Къыргъызым зэрашар, хъарзынэу зэрыпсэур, Фрунзе къалэм пэгъунэгъуу щыIэ совхозым, бжьэхуц щагъэкIым, зэрыщылажьэр. ЗыфIимыгъэIуэхущэ хуэдэурэ, щIалэм къриIуэкIырт агроном нэхъыщхьэ Огъуз къыкIэрыхъыжьэу зэрыщIидзар, ауэ псэлъыхъу зэриIэри жриIэн хуей зэрыхъуар.
Мурадин и гум ежэлIащ а псалъэхэр, хъыджэбзыр IэщIэкIыпэнкIэ зэрыхъунур къыщищIэм, куэдрэ мыгупсысэу, гъуэгуанэ жыжьэм теуващ. Совхозым зэрынэсу, Мурадин лэжьыгъэ къыхуагъуэтащ: шыгу зэщIэщIа къратри, совхозым и пщафIэхэм ирагъэбыдылIащ. Арат щIалэр зыхуеиххэр: щIэх-щIэхыурэ илъагъурт и Шэхьидэт.
Мазэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу Мурадин егъэджакIуэу зэрылэжьар къащIэри, совхозым къыщызэIуаха интернатыщIэм и унафэщIу ягъэуващ. ПсынщIэ дыдэуи Шэхьидэт а интернатым гъэсакIуэу игъэуващ.
Хрущёв Никитэ и хьэмтетыгъуэ зэманыр къэсащ икIи залымыгъэкIэ зи лъахэр зрагъэбгынауэ щыта лъэпкъхэр хуит хъужащ. Зэгъусэу я адэжь щIыналъэм къихьэжащ Щоджэн Мурадинрэ Джапу Шэхьидэтрэ. Я нэчыхьыр ирагъэтхри, бгырыс лъэпкъхэм зэрахабзэу, абыхэм хьэгъуэлIыгъуэшхуэ хуащIащ.