2 июня, 2026 - 11:55
Сэ лъэмыж кIапэм сынытеувэри, уэ сыноплъа къудейт уи напIэр къыщехуэхам. Щхьэ апхуэдизу нэщхъей ухъуа? Пэгуным къибгъэхъуа псынэпс къабзэм хыумылъагъуэу ара уи гум къилъыхъуэр? Умынэщхъей апхуэдизу, къэIэт уи щхьэр. КъэкIуэнщ Ари. КъэкIуэнщ дыгъэпсым ириджэгуу, гъатхэ удз гъэгъакIэ хуэпауэ, псэр зыгъэпIейтей макъамэр и Iупэтелъу.
Сыт пщIэр? Щхьэ псы пэгуныр ипкIутыжауэ ущыт, унэщхъейуэ? А ипкIутыжа псым нэхъ хэплъэгъуэн къыпфIэщIауэ арат Абы и теплъэр? Къаплъэ си дежкIэ, еупщI мы си гум. ИтIанэ уэ къэпщIэнущ а уи гур иджыри къэс зылъыхъуар. Сэ зэкIэ лъэмыж кIапэм сытету Iэнкуну сыноплъ къудейуэ аращ, уи деж сыкъэкIуа нэужь ныбжесIэну гурыщIэ псалъэхэр мы псым и Iущащэ макъым къыхэсщыпыкIыу.
* * *
Умыухыт уэрэдыр, дахащэ! А уэрэдым мы си гур егъэпIейтей. А макъамэр сэ къызэджэ зэпытщ. Уэ ар къыщIипшри къызыхуипшри сэ сщIэркъым, ауэ мы си гур абы зэпымыууэ и дзасэпэфIэлъщ. Сэ си гурыщIэр толъкъуну абы къегъэукъубий! Хэт насыпыфIэ пщIыр уэ а уи уэрэдымкIэ? Хэт и щIалэгъуэ насыпым ебджэр? Хэт апхуэдэ гъуэгу нэхукIэ узыхуэхъуапсэр? Къэгъазэ уи гупэр, сэ схужыIэ зы уэрэд! Сэ сошынэ, уэрэдыр бухыу, мы дунейр уэрэдыншэ пщIынкIэ.
Дэнэ уэ апхуэдэ макъамэр къыздипхыр, гур зэщIигъэсту, игъэпхъэру?! Унэм сыщIигъэсыжкъым, пщIантIэм сыдигъэтыжкъым… СынолъэIу: кхъыIэ, умыух уи уэрэдыр. Уи уэрэдырщ си гъащIэр кIэухыншэ зыщIыр.
* * *
КъакIуэу хъуам уэ уэрэд яхубоусри, щебгъэжьэжкIэ, а уэрэдыр бэракъыу яIэщIыболъхьэж, «мыр лъагэу Iэтауэ фыздэкIуэм здэфхь», - жыпIэурэ. Сыт уэ ар апхуэдэу щIэпщIыр, Зыми Емыщхь? КъакIуэу хъуам щхьэ иребгъэхьэжьэрэ мылIэжыныгъэм и бэракъ?.. Сэри сыкъэкIуащ уи деж сыпIащIэу, макъамэ щэхухэр зыгуэш Зыми Емыщхь! Къэзгъащтэ уи гъащIэм и уэрэд кIэухыншэр, зыдэзгъэхь ар сыздэкIуэм! Сэ си гъуэгур апхуэдизкIэ цIыхубэщи, абыхэм яхэсхьэну сыхуейщ Зыми Емыщхьым къызита и гъащIэ уэрэдыр.
* * *
УкъызэрыкIуэм хуэдэурэ уэ си унэм укъыщIэзгъэхьащ, ухэтми сыномыупщIу. «Къэсащ иджы алъандарэ сызэжьар», - жысIэрт сэри сыгуфIэу. Си гугъэт сызэжьар къэунэхуу къысхуэкIуауэ.
Уи нитIым сыщIэплъа нэужь, къысщыхъурт сызыхуей псори уэ къысхуздэпхьауэ.
Уэ уздэкIуэм укъэсауэ къыщIэкIащ - сэ сежьэну зызгъэхьэзыр къудейт.
Уэ укъыздэсын хуеям деж сэ сыкъыщынащ щэху сыхъуауэ, си щIэдзапIэм деж сыщыббгъэдэту. Ар тIуми насыпу къэтлъытэрт: сэ сегупсысыртэкъым а насыпыр зейр узэрыарам…
УкъызэрыкIуэм хуэдэурэ уэ си унэм укъыщIэзгъэхьащ, ухэтми сыномыупщIыу, ауэ сэ сыщIэкIащ: укъызэмыупщI уэри сэ сыздэкIуэмкIэ, сэ сызэжьэр къэунэхуауэ къызоджэ…
Сэ сщIэжыркъым а лъэбакъуэр щысча дакъикъэр, ауэ си гур зэми нэщхъейщ, зэми мэгуфIэ.
Тхьэзэплъ Хьэсэн.
