6 марта, 2022 - 15:34
*Пшэрыхьыл – къащэкIуа шхыныгъуэм апхуэдэу йоджэ.
*Гуэгушым, къазым, бабыщым уэсыщIэ яшхыху, цыфэнду щытщ. Уэсыр яIухуа иужь гуэгушри, къазри, бабыщри нэхъыфIу машхэ, пшэр мэхъу, ялри нэхъ IэфI мэхъу. Абы иужькIэ гуэгушри къазри букI хъунущ, щафыщIкIи и фэм къыхэнэркъым цыфэнд фIыцIэр – тыншу къыхокI.
*Лы пшэр гъэва-гъэжьа яшха нэужь, псы щIыIэ трафыхьыжыркъым, трафыхьыжыр лэпс пщтырщ е шэ хуабэщ.
*Пщагъэр псы хуабэпцIкIэ зэIах, хуабагъыр градус 27-32 хъууэ. Псы щIыIэкIэ пщагъэр ягъэткIумэ, тхьэвыр тэджыгъуей мэхъу, псывэIуэ ящIмэ – пщагъэр хэкIуэдэнущ.
*Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ, абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхыу щытащ зи къупщхьэ къутахэм - къапщтэмэ, зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж веществохэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр.
*Хъэуаным и фэ гъэгъуар лы щагъавэкIэ халъхьэмэ, лыр нэхъ псынщIэу мавэ.
*Мыгъэлыгъуауэ хуэрэджэ купкъ, щIыдэ, пщIий куэд пшхымэ, щхьэр егъэуз.
*ПIастэ зэрызэпагъэжа сэр занщIэу лъэщIыжын хуейщ, арыншамэ кIэрогъуэри, гъэкъэбзэжыгъуей мэхъу.
*Жэмыкуэм, кхъуейжьапхъэм халъхьэну кхъуей цIынэр шыгъу темыудауэ тIэкIурэ ягъэтэдж.
*ГъэтIылъыгъэ ящIу ягъэува кхъуейм и шэжыпсыр и щхьэм къыдэкIуейрэ кхъуейр и лъабжьэм кIуэмэ - уэшх къешхынущ, кхъуейр и щхьэм къакIуэрэ шэжыпсыр и лъабжьэм ехмэ - уэгъу хъунущ жаIэу щытащ.
*Тхьэв япщам и щхьэм Iэмал имыIэу хьэжыгъэ траудэ е щэкI трапхъуэ. Апхуэдэу умыщIмэ, тхьэвыр къэтэджыгъуей мэхъу, и щхьэри тогъукI.
*Хьэжыгъэр (нартыху хьэжыгъэри, гуэдз хьэжыгъэри, нэгъуэщIри) шхыныгъуэ къыхащIыкIын ипэ къихуэу Iэмал имыIэу кхъузанэкIэ яухуэнщI, жьы щIихун щхьэкIэ.
*КIэртIоф укъэбзар псы щIыIэм хэлъмэ, фIыцIэ хъуркъым.
*Дэшхуэр яшхыну сэбэпышхуэщ лъы зи мащIэхэм, щыгъупщэххэм.
*Холестерин зи куэдым нартыхум къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд ишхыреймэ, холестериныр мащIэ ещI, шлакхэри къыхеху.
*Лы цIынэр зыIымыхьэн щхьэкIэ шэрджэсхэм фо щахуэу щытащ.
*Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ хуаукIыу щытащ. Абы къикIыр – бысымыр щыпхъуэжакIэ, аращ пхуэфащэр жаIэрти абыкIэ ягъэпудырт.
*Шэрджэсхэм, абазэхэм нэгэгъур нэхъыжь Iыхьэу Iэнэм тралъхьэркъым, абы цIыхур игъэпуду къалъытэри.
*Фор бегъымбар шхыну ябж икIи сыт хуэдэ узыфэми и сэбэпу къалъытэ.
*ЩIалэ къыхуалъхуамэ, фокIэ пщауэ хугу хьэжыгъэ яшхырт, щIалэр гъур мэхъу жаIэрти.