8 января, 2022 - 10:35
Лъэпщрэ Тхьэгъэлэджрэ баз зэрызэпихьар
Зы гъатхэ гуэру, вэгъуэ зэманыр къыщысым, Тхьэгъэлэдж Лъэпщ деж кIуащ, фIэбз иригъэщIыну.
Лъэпщ апхуэдизу гъукIэ Iэзэти, «гъущIым и тхьэ» хужаIэрт. Апхуэдэу къызэрыхужаIэри и напщIэ телът.
ЗэныбжьэгъуитIыр уэршэру здэщысым, Лъэпщ и щхьэ щытхъужу жиIащ:
- Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъэжьэнщи, фIэбз пхуэсщIынщ.
- ПщIынкъым, - и фIэщ хъуакъым Тхьэгъэлэдж.
- СщIынщ, - жиIащ Лъэпщ.
- АтIэ, уэ пшахъуэ тумыкIутэу гъущI бгъажьэу щытмэ, сэ жылэ тезмысэу мэш хьэсэ бэв къэзгъэкIынщ, - жиIащ Тхьэгъэлэдж.
Арыххэу, зэныбжьэгъуитIыр баз зэпихьащ, Iэгу-лъэгу зэхуеуэри, зэбгъэдэкIыжащ.
Лъэпщ и щхьэ щытхъужу апхуэдэу жиIа щхьэкIэ, щIегъуэжащ. Сыт хуэдизрэ мыгупсысами, пшахъуэ тримыкIутэу гъущI игъэжьа зэрыхъунур къыхуэщIэртэкъым. Лъэпщ абы иригузавэ хъуащ.
И лIыр зэрынэщхъейм фызым гу лъитэри, «Сыт щхьэгъусэр апхуэдизу ухэзыгъаплъэр?» - жиIэри къеупщIащ.
- ДелагъэкIэ си ныбжьэгъум баз сыпихьа хъуащ. Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъажьэу фIэбз хуэсщIыну езухылIащ, - жиIащ Лъэпщ.
- Езым сыт къуиухылIар? - щIэупщIащ щхьэгъусэр.
- Езым къызиухылIар игъащIэкIэ хузэфIэмыкIынщ. Жылэ тримысэу мэш хьэсэ бэв къигъэкIыну къыспихьащ.
- АтIэ, абы уримыгузавэ, лIы, базыр уэ къэпхьагъэххэщ. Сэ сынэкIуэнщи шэдыбжьым сепщэнщ, уэ узэрылажьэ хабзэу лъащэ, пшахъуи тумыкIутэ. Уи гъущIри абы щхьэкIэ нэхъыкIэ хъунукъым, - жиIащ фызым.
Лъэпщ къэгуфIэжри, и ныбжьэгъум хуиIуэхуащ:
- КъакIуэ, пшахъуэ тезмыкIутэу фIэбз зэрыпхуэсщIым уеплъынумэ, - жиIэри.
Тхьэгъэлэдж къэкIуащ. Лъэпщ и ныбжьэгъур кIыщым щIишэри, псори хуиту плъагъуу, игъэтIысащ.
Лъэпщ и фызыр къакIуэри шэдыбжьым епщэу къэуващ. Лъэпщ зэрылъащэ и хабзэм хуэдэу, ауэ пшахъуэ тримыкIутэу лажьэурэ, гъущIри игъэжьащ, фIэбзри ищIащ.
- Уи фIэщ хъуа, си ныбжьэгъу, сэ сызэрыгъукIэ Iэзэр? - жиIащ Лъэпщ.
- Хъуащ, си ныбжьэгъу, сэри баз сызэрыппихьар уи нэгу щIэзгъэкIыну узогъэгугъэ!
Апхуэдэу Тхьэгъэлэдж жиIэри, фIэбзыр ихьри кIуэжащ.
Лъэпщ къэхъуар къыгурымыIуэу, и фызым еупщIащ:
- Дауэ плъэкIа пшахъуэ тезмыкIутэу гъущIыр сыбгъэгъэжьэн?
- Ар мыращ уэзыгъэгъэжьар! - жиIэри пшахъуэр и IэщхьитIым къригъэлъэлъыжащ. - Сэ шэдыбжьым сыщепщэм, мащIэурэ тIуми фымылъагъуу пхутезгъэщэщащ.
- Сэ ар сигу къэкIынутэкъым. Фызым хузэфIэмыкIын щыIэкъым! - жиIащ Лъэпщ.
ВакIуэ дэкIыгъуэр къыщысым, Тхьэгъэлэдж и ныбжьэгъужьым хуиIуэхури къишащ. Губгъуэм дишри, игъащIэ лъандэрэ мэш зэрызэрашэ гъуэгужьым ишащ, жылэ тримысэу гъуэгущхьитIыр ивэри бжьыхьэм мэш бэв кърихьэлIащ.
***
Хабзэ
Нарт Ерокъуэ хьэщІапІэ ихьауэ хьэщІапІэ здисым я пщащэм зы щауэ къылъыхъуащ. Пщащэр арэзы щыхъум, щауэм пІалъэ иритащ.
ПІалъэр къэсмэ, пщащэр иратыну зэгурыІуэри, щауэр дэкІыжащ, нысашэм зыхуищІын хуейти.
Нарт Ерокъуи дихьэхащ пщащэм. Дихьэхри, яфІихьыну триубыдащ.
И хьэщІэгъуэр зэфІэкІати, нарт Ерокъуэ къежьэжащ. Къежьэжа щхьэкІэ, жыжьэ къыІукІакъым - псыхъуэ чыцэм хэуващ:
- Пщащэр зэ мыхъуми зэ псыхьэ къэкІуэнкъэ, - жиІэри.
ЗэрыжиІауэ, псыхьэ къежьащ пщащэр, и дамащхьэм гуэгуэн тригъэувэри. Псы къыщригъахъуэм, нарт Ерокъуэ пщащэр къипхъуатэщ, шыплІэм къыдидзэри - макІуэ-мэлъей!
Махуэ гъуэгу къикІуауэ, пІалъэ зрата щауэр кърихьэлІащ:
- Гъуэгужь апщий, нарт Ерокъуэ! - жиІэри.
- Пщ1эншэрык1уэ ухъуащ, - пидзыжащ абы.
- Сыт сыщІэхъуар? - къеупщІащ щауэр.
-Пщащэр сэ сохь.
- Пхьынкъым, - жери къыпэуващ щауэр.
- ПлъэкІмэ, сумыгъэхь, - жиІащ нарт Ерокъуэ.
- Апхуэдэ гугъэ пщІамэ, ди гъуэгу зэблэкІынукъым. Уи шабзэр зэІудзэ. - Щауэр епсыхри, и шабзэр зэІуидзащ.
Нарт Ерокъуи епсыхащ, пщащэр иригъэувэхри. И шабзэри зэІуидзащ.
Нарт шууитІыр щызэпэувым, пщащэр яку дыхьащ, и ІэлъэщІыр зытрихри.
- СылІэм и гъунэщ: фызэрызгъэукІынкъым, - жери пщащэм и ІэлъэщІыр нарт щауитІым яку дидзащ.
Пщащэм фІэлІыкІри, тІуми я Іэщэр иралъхьэжащ…
Абы къыдежьауэ, нартхэ хабзэ яхуэхъуащ: яку цІыхубз къыдыхьауэ, Іэщэ кърахыжакъым, цІыхубз и псалъи ебэкъуакъым.