11 июня, 2024 - 09:18
Хабзэр лъэпкъым и фащэщ. Нобэрей ди дуней щIэращIэм хуэфащэ хабзэ щIэблэм зэхалъхьэн щхьэкIэ ди нэхъыжьхэм яхъума нэмыс, зэхущытыкIэ куэдым мыхьэнэшхуэ яIэщ, ахэр лъэныкъуэкIэ ебгъэкIуэтэкI хъунукъым.
Адыгэхэм я лъэпкъ хабзэм гулъытэшхуэ хуащIу къекIуэкIащ. Я псэукIэм и мардэт хабзэр. Адыгэ хабзэр, дауи, зэхэтыкIэщ, зэбгъэдэтыкIэщ, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ, зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъын хуей нэмысым, пщIэмрэ щIыхьымрэ я жыпхъэщ. ЛIыгъэр, напэр, пэжыгъэр адыгэ хабзэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщт, икIи арат щIэблэр, щIалэгъуалэр зыщIапIыкIыр, зыхуагъасэр.
Ди адыгэ хабзэр нэхъ сфIэгъэщIэгъуэныж щыхъуар Нэгумэ Шорэ «Ижь зэманым адыгэхэм я псэукIар» и IэдакъэщIэкIым сыщеджаращ. А тхыгъэм къыхощ адыгэхэм пэжагъкIэ, хьэл-щэныфIагъкIэ, хьэщIэ егъэблэгъэнкIэ зы лъэпкъи япэ кърагъэувэу зэрыщымытар. Адыгэ хабзэм къызэщIимыубыдэ щыIэу къыщIэкIынкъым сыт и лъэныкъуэкIи. Ар зэрыхъумэн хуейми шэч къытесхьэркъым.
Псом хуэмыдэу сэ нэхъ сфIэгъэщIэгъуэныр Кавказым щыпсэу лъэпкъыу хъуам адыгэхэм хуэдэу зи бзылъхугъэ зыгъасэрэ зылъагъурэ зэрыщымыIаращ.
Адыгэ бзылъхугъэр дунейпсо тхыдэм куууэ хыхьащ икIи хэтщ. Хамэ къэралхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къикIа еджагъэшхуэ, къэхутакIуэ куэд яфIэгъэщIэгъуэну адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьащ. Абыхэм и гугъу ящIащ адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъэм, я акъыл жаным, ахэр нэхъ гуакIуэж зыщIэхъукI хабзэ гъэщIэгъуэнхэм.
Ди лъэпкъым щыщ бзылъхугъэр дэнэ щIыпIэ къыщымыхутами, адыгэм къызэрыхэкIар зэи игъэгъуэщакъым. Абы и щыхьэтщ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу Бытырбыху къыщалъхуа оперэ уэрэджыIакIуэ Черкасскэ Марие, Франджым щапIа балеринэ Щамырзэ Моникэ (Черинэ Людмилэ), Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, Истамбыл щыщ, ТхьэIухудхэм я япэ дунейпсо зэпеуэу 1932 гъэм Бельгием щекIуэкIам щытекIуа Кериман Халис Эдже Тамер, ди усакIуэ цIэрыIуэ Балъкъэр Фоусэт, нэгъуэщI куэди.
Адыгэм бзылъхугъэр гъэсэным мыхьэнэшхуэ иритырт. Щысабийм щегъэжьауэ бзэ IэфIу, акъылыфIэу, щэныфIэу, хабзафIэу япIыну хущIэкъурт, псалъэ Iей, гуауэ зэхрагъэхыртэкъым, хъыджэбз цIыкIухэм гъэфIагъыбзэу зэреджэхэр «си дахэ», «си псэ», «си дыгъэ», «си нэху» хуэдэхэрат. Абыхэм яхуэгубжьыртэкъым, щIэкIиертэкъым, къагъащтэртэкъым, уеблэмэ, щагъэджэгукIэ ину драдзейртэкъым, атIэ хуэсакъыу къаIэтрэ тIэкIурэ яIыгъа иужькIэ кърахьэхыжу арат. Хъыджэбз цIыкIухэр щIапIыкIырт гущIэгъум, гуапагъэм, тэмакъкIыхьагъым, гулъытэ яхэлъыным, Iэ щабэ-Iу щабэу, цIыху къыдахьэхыфу щытыным. Уеблэмэ, «цIыху къэгъэпцIэкIэ ещIэ» зыхужаIэ бзылъхугъэм гъэсэныгъэ нэс бгъэдэлъу къалъытэрт. Гулъытэ хуащIырт дэтхэнэ зы цIыхухъуми пщIэ хуащIу, нэмыс кIэлъызэрахьэу хъыджэбз цIыкIухэр къэхъунми. Пщащэхэр ягъасэрт къабзэлъабзэу, бзэ IэфIу, зыхуэныкъуэ псори езым ящIэжыфу. Абы хыхьэрт адыгэ шхыныгъуэхэр пщэфIыныр, щыгъын дыныр, ахэр къызыхащIыкI фэхэкIхэр, цеяпхъэхэр, алэрыбгъухэр, арджэнхэр щIыныр, унэрылъ хьэпшыпхэр гъэщIэрэщIауэ хэдыкIыныр, нэгъуэщI куэди.
Гулъытэшхуэ дыдэ хуащIырт хъыджэбз цIыкIухэм зэрызаужьым. Нэхъыжьхэр хуэсакъырт хъыджэбзым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэдэным, и увыкIэ, и тIысыкIэ, къэкIухьыкIэхэм кIэлъыплъу, абы гу лъитэу есэным. Адыгэхэм Iэмал гуэрхэри яIэт, езыхэм дахэщ жыхуаIэм хуэдэу сабийм, псом хуэмыдэу хъыджэбз цIыкIухэм, зрагъэужьын папщIэ.
Хъыджэбз цIыкIум куэдым гу лъитэн хуейт. Псалъэм папщIэ, нэхъыжьым псы щыхуишийкIэ, шынакъжьейм и къур нэхъыжьым хуэгъэзауэ иритын хуейт, ар тыншу къэIэбэу Iихыфын хуэдэу. Хъыджэбзым и гукъэкIым куэд елъытат, абы къигъэлъагъуэрт и гъэсэныгъэр здынэсри.
Дыщыпсэу зэманми бзылъхугъэм цIыхухъум нэхърэ нэхъ гукъэкI иIэн хуейщ. Абы дежщ щIэблэм я гъэсэныгъэр къыщежьэр, ди къэкIуэнми и джэлэсыр ахэращ. Абы ипкъ иткIи жылагъуэ узыншэм и лъабжьэр къыщежьэ цIыхубзхэми яхуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ ягъуэтыжын хуейщ.