19 сентября, 2022 - 13:59
Тырку щIалэм Елэмэ игу ирохь
Институтыр къиуха нэужь, зы тырку щIалэ Елэмэ къуажэ ягъэкIуащ, зыхуеджар егъэджакIуэ IэщIагъэти. Картэм еплъри, Елэмэ къуажэр бгым зэрисыр зригъэщIащ – ар игу ирихьакъым тырку щIалэм. ИтIани сыт ищIэнт: къалэн къыщащIати, кIуэн хуейт. Шыгутедзэ къищтэри, ежьащ. Гъуэгу тетыху, шыгузехуэм и жьэр увыIакъым (шыгузехуэр Елэмэ щыщт): «Ди къуажэр дахэ дыдэщ, дэсхэри цIыхуфI защIэщ». Тырку щIалэм и фIэщ хъуакъым ар: къуажэ пхыдзам зэрагъакIуэр фIэфIтэкъыми.
Къуажэм нэса нэужь, шыгузехуэм къыжриIар зэрыпэжыр и нэкIэ илъэгъуащ тырку щIалэм: къуажэ зэпэщщ, унэхэр щхъуантIагъэм щIигъэнащ. Къуажэм дэсхэр къыщыгуфIыкIащ егъэджакIуэм, хьэщIагъэ кърахащ. КIэщIу жысIэнщи, яхэсыхьащ. Фыз къишащ. Къишар Елэмэ и гъунэгъу тырку къуажэм щыщ пщащэт.
ХьэгъуэлIыгъуэр адыгэ къуажэм, Елэмэ, щрагъэкIуэкIащ. Щауэмрэ нысащIэмрэ я фэтэрым ирашэжащ. Адыгэм, зэрахабзэу, жэщым джэдурэ дзыгъуэрэ уэнжакъымкIэ щIадзащ лэгъунэм. Абы кърагъэкIыр къыгурыIуэри, тырку щIалэм адыгэбзэрэ адыгэ хабзэмрэ зригъэщIащ иужьым.
КъызэрысщэхуамкIэ сщэжащ
Зы абхъаз бэзэрым кIуащ, и шыр ищэнути. Абхъазым шыр фIадыгъуащ, бэзэрым тетыху. Я къуажэ дыхьэжа нэужь, абхъазым къеупщIащ:
- СыткIэ пща шыр? – жари.
- КъызэрысщэхуамкIэ сщэжащ, - жиIащ абхъаз шыдыгъум.
Абхъаз шыдыгъум шыр къидыгъуати, аращ апхуэдэу щIыжиIар.
Тэхъу Хьэжумар
Зы щIалэ гъуэгу шууэ здытетым зылI щIыхьащ. Ари шут. ФIэхъус ирихри, лIым и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыуващ – япэ ищ зэрымыхъунур ищIэрт. ШууитIыр зэбгъурытурэ мэз лъапэ нэсащ.
- Тхьэмадэ, сэ сыздежьам сыкъэсащ: Iуэху щызиIэщи, мо къуажэм сыдыхьэн хуейщ, емыкIу сыкъыумыщIмэ, - жиIащ щIалэм.
- КIуэ, - жиIащ лIым. – Уи Iуэхур зэфIэкIмэ, къэгъэзэж.
ЩIалэр къуажэм дыхьащ, хьэгъуэлIыгъуэ ирихьэлIэри, жэщищ-махуищкIэ хэтащ, гъуэгум къытрина лIыри игу къэкIыжакъым. Жэщищ хъуауэ, мэз лъапэм зыгуэрым мафIэ зэрыщищIым гу лъатащ къуажэм дэсхэм. ЩIалэм къыгурыIуащ щIэщхъу къызэрыщыщIар: къуажэм щыщ нэхъыжьхэр зыщIигъури, гъуэгум къытрина лIым кIэлъыдэкIащ. ЛIыр кърагъэблагъэри, ягъэхьэщIащ.
ЩIалэ гулъытэншэм жэщищ-махуищкIэ пэплъар Тэхъу Хьэжумарт. Абдеж щегъэжьауэ цIэрыIуэ хъуащ Хьэжумарыр.
Хьэ сыхъуакъым
ЩIалэ жьэрэIурэ дэст зы къуажэ. И ныбжьэгъу гуп яхэхуэри, ядэшхащ щIалэр зэгуэрым. ЩIалэм къебзэджэкIын мурад ящIащ, зэрыгъэIущри, я лы Iыхьэр яшхащ, къупщхьэр щIалэм къыхуагъэкIуэтащ, гу лърамыгъатэу.
- Iэнэм лыуэ къытехьар ди ныбжьэгъу щIалэм ишхащ, къупщхьэ фIэкI къелакъым, - жраIащ Iэнэзехьэхэм.
- Пэжщ, - жиIащ щIалэм, - сэ хьэ сыхъуакъым: лыр сшхащ, къупщхьэр мис. Си ныбжьэгъухэм лым къупщхьэри дагъэкIуащ – я тепщэчхэр нэщIщ.