23 августа, 2022 - 13:31
Iуэтэж
Ибрэхьим нэхъ зыщышынэ дыдэр къэхъуащ: гъунэгъу бий нэхъ илъагъу мыхъу щыIэтэкъыми, нобэ и гъунэгъур унажэ къежэкIри къыщыхьащ:
- Уи унэ щIыбым дэт дэшхуейр Iупхыну дапщэрэ бжесIа?! Бжьыхьэ хъуамэ, абы тхьэмпэу пытыр си пщIантIэм ныдепхъэ жьыбгъэм, ар си щхьэгъусэм епхъэнкIыж! Ар хэт къыпхуэзыдэнур?! АфIэкIа зы сыхьэтыпэ сыножьэжынукъым, иджыпсту дэкIуеи слъагъуурэ къеупщIэтэх! – уафэм сабэ дрепхъей.
- Тхьэм щхьэкIэ, щIалэр къэсыжыху тIэкIу умыпIэщIэж, еджакIуэ щыIэщи, щэбэтым къызэрысыжу пIалъэ къыхэзгъэкIынкъым, абы щхьэкIи дызэщумыгъэхьэ, уэри улIыжьщ, сэри сыщIалэжкъым. А къыспэбубыдыр ди къарум къимыхьын Iуэхущ, – жиIа щхьэкIэ, Ибрэхьим къедэIуакъым и гъунэгъур.
- Сыт мыгъуэ мыбы ди къарум къимыхьын Iуэхущ жыхуиIэр! Уэзгъэлъагъунщ ар сэ иджыпсту си къарум къихьрэ къимыхьрэ, сынэсыжу си джыдэ жаныр къэсщтэху фIэкIаи пIалъэ естынкъым, – жиIэурэ щIэпхъуэжащ и гъунэгъур.
Иджы Ибрэхьим йокIукI-къокIукIри унэм щIэтщ, джыдэ макъ зэхихыхукIэ зызэхуишэу, езыра хуэдэ зытехуэр. КъыщIэкIынуи тегушхуэркъым, псалъэмакъыр нэхъ куу хъунущ, ар зи губжьыкIэм джыдэр къриутIыпщынкIэ тIэу еплъынкъым. А псор зэригъэзахуэу здэщытым, гъунэгъу лIыжьым и щхьэгъусэр къежэкIащ, и щхьэцыр кърифыщIыкIыжу:
- Е ИбрэхьимылIэм ихьын! Уигу гъэзагъэ иджы, си лIыжьыр уи жыгым къехуэхри иукIащ!
Ибрэхьим къыщIэжмэ – и гъунэгъур зэрагъэзэхуэжауэ щылът…
Абы иужькIэ Ибрэхьим а къуажэм куэдрэ дэсыжакъым, и щIалэмрэ и щхьэгъусэ сымаджэмрэ щIыгъуу нэгъуэщI къуажэ Iэпхъуащ. А къэхъуар къэхъуауэ дауи дэсыжынт, нахуэми щэхуми цIыхум жаIэнур ищIэрт, езыри лъэпкъышхуэ дыдэтэкъым… Зэрыса куейми къыщыувыIакъым Ибрэхьим, нэхъ жыжьэу нэхъыфIщ жиIэри, кIуэри Шэрэдж Iуфэ Iут къуажэ гуэрым и кIэ дыдэм зы унэ цIыкIу щищIри, псы Iуфэм IутIысхьащ, игъащIэ лъандэрэ бжэныхъуэу щытати, и IэщIагъэри къигъуэтыжащ. Ауэ зыхэтIысхьа жылэм ар куэдрэ щыбжэныхъуакъым, къыщыIэпхъуа гъэм и щхьэгъусэр дунейм ехыжри, езыри кIэлъыкIуащ…
И щIалэ Джэрий и закъуэ дыдэу къыщынэм, игу къыщIэзымыубыдащэ еджэныр хыфIидзэжри, и адэм къыщIэна лэжьыгъэм пэрыуващ. Арыншами, зэрыцIыкIурэ абы фIыуэ илъагъурт губгъуэмрэ и адэшхуэм фэеплъу къыхуигъэна бжьамиймрэ. Джэрий и къамыл бжьамийм еуэу иригъажьэмэ, и зэшри и гукъеуэри щхьэщех, аращ тезыгъэури махуэ псом. Абы къригъэкI макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ къыщIодэIу жыпIэнщ губгъуэм къуалэбзууэ итыр, еуэу зэрыхуежьэу, дэнэ лъэныкъуэкIи къилъэтыкIыурэ, гъунэгъу зыкъыхуащI къыфIощI.
И бжьамийм къригъэкI къафэм къыдэфэжу Шэрэдж бжьэпэ бжэн щызыгъэхъу щIалэм сыткIэ ищIэнт псы Iуфэм Iут унэ зэтетышхуэм и щхьэгъубжэр къызэIуидзурэ къуажэ псом уей-уей щыжезыгъэIэ хьэрычэтыщIэм и пхъур къыкIэлъыплъу. Я унэ зыри щыдэмысхэм деж Масирэт къыдожри псыIуфэ къуацэм хэту бжэныхъуэм къопщылIэри игу пэщыху и къафэхэм щIодэIу икIи зыми зыкъримыгъэлъагъуу мэкIуэж. Апхуэдэу имыщIуи махуэ щIагъуэ къанэркъым. Япэхэм щыгъуэ абы и псэр зыхьэхуу щытар бжэныхъуэм и бжьамийм къригъэкI макъамэхэрат, иджы, нэхъ гъунэгъуу бгъэдыхьэ зэрыхъурэ, езы щIалэми дихьэх хъуащ…
Зы махуэ гуэрым Масирэт мурад ещI бжэныхъуэм нэхъ гъунэгъуж зыхуищIу и бжьамийм къригъэкI макъамэхэм хуиту едэIуэну. Къуацэ-чыцэхэм хэтурэ, абы Джэрий зытес бгы бжьэпэм Iэгъуэ зыхуещI, бгым дэкIыну щыхуежьэм, мывэшхуэ зытеувар къыхохури, мывэкIэщхъхэр къещэщэхыу хуожьэ. Щыгум тес бжэныхъуэм зэхихынтэкъэ макъыр? Бжьамийр зригъэтIылъэкIрэ къеплъыхмэ, псы Iуфэм зы хъыджэбз тхьэIухуд Iулъщ, и щхьэц фIыцIэр псым хищIэу, езым мывэ зыбжанэ телъу. Къежэхрэ еплъмэ, хьэрычэтыщIэм ипхъурат. Зэтэкъым ар Джэрий унэ зэтетышхуэм дыхьэжу зэрилъэгъуар. Хъыджэбзым мывэу телъыр щтэIэщтаблэу къытридзыжрэ гужьеяуэ и бгъэм едаIуэмэ, и гур къеуэрт.
«Псэущ! Псэущ! Сыту фIыт!» – жиIэри къэгуфIащ щIалэр икIи псым IэгукIэ къыхихыурэ и напэр хуитхьэщIащ, теудахэм хуэсакъыурэ. ИтIанэ и псылъэм ит псым щыщ иригъэIубурэ, Масирэт тIэкIу зыкъещIэж, и нэхэр къызэтрех, ауэ здэщыIэр къыхуэгубзыгъыжыркъым, бжьамияпщэ бжэныхъуэри къыщхьэщытщи, пщIыхьэпIэми нахуапIэми къыхуэщIэркъым. Къэтэджыну къоIэ, арщхьэкIэ, и лъакъуэ лъэныкъуэр къыхущIэмыувэу, узым егъэдзыхэри мэджэлэж, и нэхэри зэтрепIэж. Джэрий ар къещтэри хуэсакъыпэурэ удзыпцIэм хегъэгъуалъхьэ, абы еплъу здэщысым, мы дуней зытетыр пщIыхьэпIэу илъагъуу къыщохъу. ИтIанэ и хъуржыным илъ бжьамийр кърехри макъамэ дахэ кърегъэкI, езыри абы къыдофэ. Абдежым, зэрыхъуар имыщIэу, мыIэрысэ хъуам хуэдэу зи нэкIущхьитIым плъыжьыгъэ къыщIэлъэдэжа хъыджэбзым ба хуещI, Масирэт и нэхэр къызэтрех.
- Сэ дэнэ сыздыщыIэр? Уэ ухэт?
- Шэрэдж Iуфэ уIулъщ, удзыпцIэ щхъуантIэм ухэлъу.
- АтIэ уэ ухэт?
- Сэ сы-Джэрийщ, сыбжэныхъуэщ.
- А-а. Сэ мыбы сыкъэзышар уи бжьамийм и макъ дахэращ.
- Си бжьамийми?
- Уи бжьамийми… уэри…
- Апхуэдэу щытмэ, сэ уэ фIыуэ сыкъэплъагъуу къыщIэкIынущ.
- Узолъагъу!
- Сэри уэ… – аргуэру ба хуещI и напэм. – Хэт уэ къызэроджэр, къызжеIэт?
- Масирэт!
- Масирэт! Фи унэр псы Iуфэм Iут унэ зэтетышхуэракъэ?
- Аращ.
- Иджы дауэ зэрыхъунур, сэ си зэранкIэ уэ мыбы укъакIуэу уи лъакъуэр бгъэузыжауэ фи деж къащIэмэ?
- Абы щхьэкIэ умыгузавэ, псым сызэпрыхыжи сыхьыж. Си закъуэ сыкIуэжыфынукъым. Плъагъуркъэ, си лъакъуэ лъэныкъуэр къыздэбзыжыркъым.
Джэрий, ар псым зэприхыжын дэнэ къэна, щIым и гъунэм нэси ихьыфынут иджыпсту, Масирэт жиIэ закъуэмэ. ИтIани и псэм гузэвэгъуиблыр телъу псым зэпрех, хъыджэбзыр здихьыжым нэсмэ, къыжраIэнум ирогузавэ…
Унэ зэтетышхуэм нэсри, куэбжэм тегъэпщIа мет плъыжьыр трипIытIащ, дакъикъи емыжьэу зы цIыхубз лъагъугъуафIэ гуэрым бжэр къызэIуихащ.
- Масирэт и анэр уэра?
- Сэращ! Сыт мы си хъыджэбзым къыщыщIар? Мыр уэ къэпхьыжынкIи щхьэ хъуа, бжэныхъуэжь цIыкIу?
Мор бжэныхъуэжь цIыкIуцIэ къызэрещар и жагъуэ хъуа пэтми, щIалэм абы фэкIэ зыкъригъэщIакъым.
- Мыр псыхъуэм щыджэгуа хъунщ, сэ слъэгъуакъым. Мывэ къыгуэуам и макъыр зэхэсхыу сыщыдэлъэдам, псы Iуфэм Iулът, мывэхэр къытещэщэжауэ. И лъакъуэ лъэныкъуэр игъэузыжащ, езыр къэкIуэжыфынутэкъыми, къэсхьыжащ.
- Уи нэхэр къызэтехыт, си хъыджэбз цIыкIу. Дэнэ деж нэхъ игъэузар?
ФIыуэ илъэгъуам и IэплIэм унэм къэсыжыху зыщызыгъэфIа Масирэти и нэхэр хуэмурэ къызэтрех.
- Си лъакъуэри, ситхри мэуз, мамэ, – жеIэри, и нэхэр зэтрепIэж.
ТIури хуэсакъыурэ, Масирэт ирагъэгъуалъхьэ гуэщым щIэт диваным.
- Уэ иджы хуит ухъужащ, бжэныхъуэжь цIыкIу, сэ иджыпсту дохутыр къезджэнщ, – жиIэурэ и хъэлатым жып телефоныр кърех Масирэт и анэм.
Абы лъандэрэ мазэ дэкIащ. ЦIыхухэм бжэнхэр къызэрыдахуу, псы Iуфэм Iутурэ ахэр пщэдджыжь къэс Джэрий къуажапщэмкIэ дрехуей, унэ зэтетымкIэ дапщэрэ мыплъэми, и хъыджэбзыр илъагъуркъыми, и гур Iэджэми мажэ, ауэ фIы лъэпкъкIэ гугъэркъым.
Масирэт сымаджэщым щIэлъыху, и анэр еупщIакъым ар бжэныхъуэжь цIыкIум къихьыжынкIэ щIэхъуам, ауэ къызэрыщIэкIыжу пкърыупщIыхьащ. Езыми абы пцIы къыхуиупсакъым:
- Мамэ, сэ абы деж сызышар бжэныхъуэм и бжьамийм къригъэкI макъамэ дахэрщ. Абы сыщIэдэIум-сыщIэдэIуурэ, сыдихьэхри, макъамэ игъэIум хуэдэу, езыри си гумрэ си псэмрэ къыдыхьащ, аращ фIыуэ слъагъури, армыхъу папэрэ уэрэ сызэвгъэшэну жыхуэфIэ щIалэракъым, зигъэщIэгъуэну махуэ къэс ди деж «Мерседес»-кIэ къыIулъадэурэ сызэгуигъэпу... Ар си адэм и ныбжьэгъу хьэрычэтыщIэм и къуэми, абы щхьэкIэ нэхъ лейуэ сеплъынукъым, си гум къыщимыщтэкIэ...
- Мис иджы къызгурыIуащ дэ бжетIэхэр уи тхьэкIумэм щIимыхьар. Щхьэ къыбгурымыIуэрэ уэ фIы ухуэзэмэ зэрытфIэфIыр, узыхуей бгъуэту упсэумэ нэхъ къызэрытщтэр? ЦIыхум сыт къытхужаIэн, уи адэм хуэдэ хьэрычэтыщIэ мы къуажэ кIыхьым дэмысу, уэ бжэныхъуэм удэкIуэмэ? Ди напэр текIакъэ? Ди напэ техын уи пщэ къина? Уэ гугъу узэрехьынур-щэ? Абы и унэ лъэбышэм сыт напэр уиIэу укъыщIэкIыу цIыхум уахыхьэну, мыпхуэдэ унэ зэтетым укъыщыхъуауэ, ущагъэсауэ? Абы щхьэ уемыгупсысрэ?
- Сегупсысащ, мамэ! ИкIи сыхущIегъуэжыркъым. Мамэ, фIыуэ слъагъум сыт хуэдэ гугъуехь дэсшэчми, сэ къызэхьэлъэкIынукъым, ар шэчыгъуафIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фIыуэ слъагъум сригъусэнущ.
Зэанэзэпхъум я псалъэмакъым адэри кърихьэлIэжати, Масирэт яхутечакъым жиIам.
ЕтIуанэ махуэм тридзэри, ар бжэныхъуэм деж кIуащ, и адэ-анэр лэжьакIуэ зэрыдэкIыу. Джэрий, бжэнхэмрэ мэлхэмрэ егъэзыпIэм иригъэзауэ езыр жыг жьауэм щIэст, тIэкIуи щхьэукъуэу. Масирэт кIуэри абы бгъэдэтIысхьащ къимыщIэу. Иджы хуэдэу абы зэи къыхуихуатэкъым апхуэдизрэ зи макъамэ дахэм щIэдэIуам и нэгум хуиту иплъэну. ЗыщимыгъэнщIу йоплъ, къигъэушынуи игу къэкIыххэркъым. Йоплъри-йоплъ, йоплъри-йоплъ, мо щIалэ къамылыфэ пащIапцIэм хидзыну зыри дилъагъуркъым, и нэгум дыгъэр къыщопс, ара хъунщ узэгуакIуэр дахэщ щIыжаIэжри. УкIытэр къытокIуэ, ахъумэ Масирэт абы и нэкIущхьитIыр бакIэ щIигъэнэнут иджыпсту, итIани къыщыушынум поплъэри щысщ, еплъынкIэ зыщигъэнщIыркъым. Джэрии а зэрыхилъэфа тIэкIум Масирэт епщIыхьу къыщIэкIащ. «Масирэт, Масирэт», – жиIэурэ, пщIыхьым хэту щыджэм, мыдрейми, «Сыт, си псэ?» – жиIэри и щхьэц Iув къехуэхар и Iэпэ щабэхэмкIэ худрилъэщIеящ. Джэрий пщIыхьэпIэм занщIэу къыхэкIыжащ.
- Масирэт! Мыр дауэ! Иджыпсту си пщIыхьэпIэм ухэту сыноджа къудейуэ арат, уэ укъэсащ, ар дауэ къызэрыбгурыIуэнур?
- Сыкъэсащ, укъызэджати. Мазэ мэхъу уэрэ сэрэ дызэрызэрымылъагъурэ. – Абы Джэрий зредзри ба хуещI.
- Сэ ар илъэсу къысщохъу, Масирэт. Губгъуэм ситу сэ бжэн згъэхъуми, си гур фи куэбжэпэм Iутщ жэщи махуи, укъэкIуэжу укъыщыдэкIынум поплъэри.
– Сэри сымаджэщым сыщIэлъыху сигури си псэри уи дежкIэщ здэщыIар, Джэрий. СыкъыщIэкIыжати, зафIэзгъэпщкIури сыкъэкIуащ уи деж. Джэрий, си адэми си анэми яжесIащ фIыуэ узэрыслъагъур, ауэ ахэр арэзыкъым уэ сыбдэкIуэну. ХьэрычэтыщIэ гуэрым и къуэм сратыну я гугъэщ. Сэ абыхэм ягурызгъэIуащ фIыуэ сымылъагъум сазэрыхудэмыкIуэнур. Дегъэгупсыс, дауэ тщIымэ нэхъыфI?
- Масирэт! Сэри сощIэ абыхэм арэзыуэ укъызэрызамытынур, ауэ уэ усфIэкIуэдмэ, сэ насыпыншэ сыхъунущ, абы си кIуэдыр къикIынущ. Уэрэ сэрэ фIыуэ дызэрызэрылъагъурщ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. Пщыхьэщхьэ фи тетIысхьэпIэм къытетIысхьи, си ныбжьэгъум и маршынэ псынщIэмкIэ дыныIулъэдэнщи, укъэтхьынщ, абыхэ я дежи ущызгъэпщкIунщ. Уэ уи лъыхъуакIуэ абыхэм къажыхьыху, дэ нэчыхь едгъэтхынщи…
Махуищ докIри, хьэрычэтыщIэм ипхъу ямыгъуэтыжыр бжэныхъуэм и пщIантIэм дэту ялъагъу. Арыххэуи къадыгъуж, бжэныхъуэр губгъуэм ит зэпытти, дапщэрэ «ядыгъужами» Масирэти къэкIуэсэжырт. Сабий игъуэтри, ар къызэрыдэкIуэтейуэ, ари «ядыгъуу» ирагъэжьащ. Ауэ, сыт ямыщIэми, сыт къыхуамыщэхуми, сабийр къахудэхьэхыртэкъым. И адэм и бжьамий макъыр Шэрэдж Iуфэ къызэрыщыджэу, къыдэжырти я унэ къэкIуэжырт. Губгъуэм итт, и адэм игъэIу макъамэ дахэм къыдэфэу, сыт нэхъри ар нэхъ къищтэрт. ЩIалэ цIыкIур дунейм къызэрытехьэрэ Джэрийрэ Масирэтрэ гурэ псэкIэ нэхъ зэгъунэгъуж хъуат, ар «ядыгъуамэ» тIури нэху щыху мыжейми, унажи жэхэртэкъым «зыдыгъуахэм» я деж – ящIэрт Iэмал зэригъуэту къазэрыIэщIэкIынур.
Зы махуэ гуэрым, пщIантIэм къыдамыгъэкIыну куэбжэр ягъэбыдэу унэм щIэтIысхьэжа адэшхуэ-анэшхуэм ямыщIэу, пщIантIэм джэгуу дэт хуэдэу закъригъэлъагъури, щIалэ цIыкIур куэбжэ лъагэшхуэм къыдэпщеящ, шэнтитI зэтригъэувэри. Къыщыщхьэдэхым, куэбжащхьэм фIэт шабзэпэ папцIэхэм ящыщ зым и джанэкIэр фIэнэри, къыпылэлу къэнащ. ЩIалэ цIыкIур икIи гъакъым, икIи джакъым, сызэхахынущ нанэрэ дадэрэ жиIэри. ЩIалитI кърихьэлIэу къыщыфIахыжым, яхудыхьэжын идакъым, «Сэ папэ деж сыкIуэжынущ», – жиIэри, заIэпиудри псыхъуэм яфIыдэлъэдэжащ. Къалъыхъуэу щыщIадзэм, нэрыплъэ зыIыгъ адэшхуэм къилъэгъуащ псыхъуэм дэлъэдэжа щIалэ цIыкIур и адэм и ужьым иту къуажэм зэрыдыхьэжыр, бжэныпэм итрэ бжьамийм игъэIу макъ дахэм къыдэфэу. Масирэт и адэм фоч зэгуэтыр къищтат, ауэ къызэрищта дыдэм хуэдэу псынщIэуи игъэтIылъыжащ, папщэрэ щатэу. Сыт хуэдизу губжьым имыубыдами, хулъэкIакъым макъамэ къэIур зэпиудын, апхуэдизкIэ гумрэ псэмрэ дыхьэрти… Абы и ужькIэ Масирэт и щIалэ цIыкIур зэи ядыгъужакъым.
Джэрий и гум уэху щыжиIэжым, Шэрэдж къиури я унэр ихьащ. Адыгэ къуажэ дэсхэти, адыгэ хабзи къыкIэлъызэрахьащ. Унэ гуэр ящIыху щIэсыну я гъунэгъухэм ящыщ зым зы пэш хуит къахуищIащ. Къэралри къадэмыIэпыкъуу къэнакъым. АхъшэфI хуагъэзат я унэ псым ихьами, унэ зэтетышхуэ къагъэуващ. Абы ирихьэлIэу Масирэт и адэмрэ и анэмрэ я унэ зэтетыр ямыщэжынкIэ Iэмал имыIэу Iуэху къалъыкъуэкIащ, щIыхуэшхуэ къатехуэри. Унэ къащэхужыну щахулъэмыкIыжым, я малъхъэм и гъунэгъуу унэ лъэбышэжь цIыкIу гуэрым фэтэру щIэтIысхьахэщ. «Дызэвмыгъэбий, лей фэтхамэ, къытхуэвгъэгъу», – жаIэу, Джэрий и щыкъу анэмрэ адэмрэ къыщыхуэкIуэм, уэим ищIакъым, псалъэ жагъуи яжриIакъым, къращIауэ хъуари игу тригъэхуащ, и щхьэгъусэмрэ и сабиймрэ я хьэтыркIэ. Ара хъунщ, мылъкур уэсэпсщ, сабийр лъагъуныгъэм и шхэпсщ, щIыжаIэр.
Iэщыж Борис.