29 марта, 2022 - 11:15
Пщэдджыжьым лэжьапIэм сыкIуэну си жьакIэр сыупсу гъуджэм сыкIэрыту, щхьэгъусэм письмо гуэр гъуджэ дапхъэм къысхутрилъхьащ. «ЖЭК-м къокI, - жиIащ абы, - дыгъуэпшыхь уэстыжыну къысщыгъупщащ».
Письмоулъэр зэтесхри, абы дэлъ тхыгъэр къыдэсхащ. ЖЭК-м и тхьэмадэм сригъэблагъэу арат. СыщIригъэблагъэри, сыщыкIуэн хуей махуэри, сыхьэт бжыгъэри иттэкъым. А IуэхущIапIэм урагъэблэгъэн хуей щыхъур фэтэрыпщIэ умытамэ арати, абыкIэ ди Iуэхур тэмэмт. Абы къищынэмыщIауэ, гараж сщIатэкъым, си унэм къыпысщIыхьатэкъым. Ещанэ къатым утесу дэнэкIэ къыпыпщIыхьынт?
Сызэгуэпу икIи сыгузавэу ЖЭК-м сыкIуащ. КъэкIуар щыжраIэм, езы тхьэмадэ дыдэр къыщIэкIри, сригъэблэгъащ, нэхъ жьантIэмкIэ сигъэтIысри, езым и щхьэр егухауэ тIысыжащ.
- Уи шыпхъур… - къригъэжьащ тхьэмадэм, си дежкIэ къэмыплъэу. А псалъитIыр къыжьэдэкIри, щым хъужауэ щысщ, тхылъымпIэ гуэрым йоплъри.
«А-а, - къэзгупсысыжащ сэ, - си шыпхъур илъэсым нэблэгъауэ си деж щопсэу пропискэншэу. Арауэ къыщIэкIынщ мыбы сыкъыщIриджар».
- Пэж дыдэу, си шыпхъур, - къызогъажьэ сэри, ауэ адэкIэ жызимыгъэIэу си псалъэр зэпеуд, и щхьэр щIэгуауэ зэрыщысым хуэдэу:
- НтIэ, уи шыпхъур…
Телефоныр къэдзыргъри, трубкэр къытрихауэ зыгуэрым кIыхьу йопсалъэ. Сэ сызэгуоп: «Мыр дауэ? И лIым емызэгъыу къикIыжа си шыпхъур уэрамым къыдэзнэн хуей? Зы анэм дыкъилъхуащ, зиунагъуэрэ. Догуэ, мыбдеж щысым и шыпхъур уэрамым къыдинэну? Къыдинэмэ, тхьэр нахуэу согъэпцI. Уеблэмэ, фэтэр иримытмэ. Абы теухуауэ зы псалъэ жрыреIи иреплъ, тхьэр нахуэу согъэпцI, мис итIанэ демыплъым хэт сыт хуэщIэми. Дэри гуэгушым дыкъришакъым».
Трубкэр зэрытрилъхьэжу, сэ къыщIэздзащ:
- КъызжеIэт, тхьэмадэ, унафэ щыIэ и насыпыншагъэкIэ кърагъэкIыжа шыпхъур уэрамым къыдэнэн хуейуэ? ЩыIэмэ, сыгъэлъагъу. Е уэ укъызэтхьэкъуну а псори къэбгупсысамэ, зэгъащIэ зы сом зэрумылъагъунур. Абы нэхърэ нэхъыфIт а ди бжэ тхуIумыхыжыр тхуебгъэщIыжамэ, щхьэгъубжэ хэудар тхухебгъэлъхьэжамэ. Илъэс хъуауэ сотхьэусыхэ…
Тхьэмадэр къэмыплъэу тхылъымпIэ гуэр къысхуишиящ. Сэри таучэл сымыщIыщэурэ ар къеIысхри, япэ псалъэхэм сыкъыщеджэм, си щхьэр къэунэзащ. Къэзытхыр си шыпхъурат, дыгъуэпшыхь дадэрэ нанэрэ я деж сокIуэж, жиIэу унэм къыщIэкIа си шыпхъур. «Мы тхыгъэр къозытым сэ сфIэфIу сыкъыдэкIуащ. Нэчыхьытх къыщыбгъакIуэкIэ, Хьэжмысост зыщумыгъэгъупщэ, къэзгъэгугъащи», - къитхт шыпхъум.
Хьэжмысостыр япэм иIа лIырат.