29 марта, 2022 - 11:15
Къэбэрдей-Балъкърым и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ псэужатэмэ, нобэ и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут.
ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Урожайнэ къуажэм къыщалъхуащ. IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирихьэкIащ икIи дэтхэнэри иригъэфIэкIуэнымкIэ и гуащIэ емыблэжу и пщэрылъыр нэгъэсауэ зэригъэзэщIэнум хущIэкъуу къекIуэк1ащ.
Адыгэ литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэщ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ. «ЛIыпIэ иуващ» жыхуаIэ ныбжьым нэсауэ литературэм хыхьами, тхэным псынщIэу IэкIуэлъакIуэ хуэхъуат, анэдэлъхубзэр фIы дыдэу зэрищIэм, абы и дахагъэр, и къулеягъэр къызэригъэсэбэпыфым къыхэкIыу, зэман мащIэм къриубыдэу и Iэдакъэм къыщIэкIащ цIыхухэм ягу къина тхыгъэхэр. Апхуэдэхэщ «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Тэрч», «Дыщэм ефIэкIыу», «Дыщэр дыщэпс хуэныкъуэкъым», «Мазизэ», Гум псори къонэ», «Тэрч щыхьэтщ», «ЛъыщIэж» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
ТхакIуэм и гъащIэм, абы и творчествэм утетхыхьыну мурад щыпщIкIэ, Iэмал имыIэу уогупсыс: сыт хищIыхьа абы, сыткIэ къыхэува лъэпкъ литературэм? Тхэн зэрыщIидзэрэ и къалэмыпэ къыщIэкIахэм я нэхъыфIыр дэтхэнэра, дауи къыщыхъуа ар тхылъеджэм?
Мис апхуэдэ гупсысэхэмкIэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ убгъэдыхьэмэ, нэрылъагъущ абы тхыгъэфI куэд зэриIэр. Ди адыгэ литературэр зыгъэдахэ гушыIэ шэрыуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, романхэм нэс къызэщIаубыдэ абыхэм.
Хьэмыщэ литературэм и нэгъуэщI жанр зыбжанэми щылэжьащ, ищIэр хъууэ. Драматург ШэджыхьэщIэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ пьесих. Абыхэм ящыщу щыр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрыми утыку кърахьащ, Налшык дэт Музыкэ театрым тIур, Черкесск - адрей зыр щагъэлъэгъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэми зы щагъэуващ.
ШэджыхьэщIэм и псалъэхэм макъамэ щIалъхьауэ щытащ композитор гъуэзэджэхэу Тхьэбысым Умар, Даур Аслъэн, Жырыкъ Заур, Согуэ Данил, нэгъуэщIхэми.
Хьэмыщэ и ехъулIэныгъэхэр къыхуэзыхьар, псом япэу, лэжьэрейуэ зэрыщытарщ, увыIэ имыIэу зэрытхарщ, ерыщу Iуэхум зэрыпэрытарщ. Абы и япэ рассказыр 1950 гъэм ТхакIуэхэм я союзым къихьри къэкIуэгъат. Езым зэрыжиIэжымкIэ, ягу ирихьауэ щытакъым ар хэплъахэм. Ягу иримыхьа къудей мыхъуу, тхэн Iуэхум щищIэнышхуэ щымыIэу, лейуэ гугъу зригъэхьыни хуэмейуэ къикIыу къепсэлъащ.
- Абдежым къалэмыр щысIэщIэхури, - игу къигъэкIыжырт Хьэмыщэ, - тхэным куэдрэ гукъыдэж хузиIэжакъым. Тхьэм ищIэнт сэ IэщIагъэ схуэхъунур, а зэманым ди район газетым редактору щылэжьа усакIуэ Нэгумэ Умар мыхъуамэ. Абы щIыгъуу район газетым сыщылэжьэн хъури, тхэным гу щIэрыщIэу хуэсщIыжыгъащ 1958 гъэм.
Абы и тхыгъэхэм еджэр дэзыхьэхын Iэмал хилъхьэфу итхырт сыт щыгъуи. Образ гъэщIэгъуэнхэр къегъуэтыф, зэгъэпщэныгъэ шэрыуэхэр, псалъэжьхэр Iэзэу къегъэсэбэп. Зыми хэмыгъуащэ адыгэ псэлъэкIэ, адыгэ гушыIэкIэ, адыгэ дуней тетыкIэ яIэт и лIыхъужьхэм. Абыхэм я нэхъыбэр гурэ псэкIэ хуолажьэ къызыхэкIа лъэпкъым, и гуныкъуэгъуэр я гуныкъуэгъуэу, и гуфIэгъуэр я гуфIэгъуэу мэпсэу, мэлажьэ.
Езы тхакIуэр апхуэдэти аращ ар къыщIехъулIар. ТхакIуэр езыр адыгэгурэ адыгэпсэрэ иIэу щыщытым и деж, и тхыгъэр лъэпкъым и гъащIэ гъуджэщ, и нэ жанщ, и хъугъуэфIыгъуэшхуэщ. Хьэмыщэ и мащIэкъым лъэпкъым и блэкIар къэзыгъэлъэгъуэж тхыгъэхэр.
ШэджыхьэщIэм и Iэзагъым зэпымыууэ хэхъуащ. Узытетхыхьыр фIыуэ умыщIэу, япэщIыкIэ псори умыубзыхуауэ, тхыдэм теухуа роман птхыфынкIэ Iэмал иIэкъым, птхыкIи гъэщIэгъуэн, художественнэ тхыгъэ нэс хъунукъым. Ар художественнэ Iэзагъ уиIэкIи зэфIэкIыркъым. Тхыдэр щыуагъэ хэмыту къызыхэщ документхэр гъэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу зэкIэлъыпхькIэ, ари художественнэ тхыгъэ хъуркъым. Тхыдэм и пэжри художественнагъ хъужри зэуIу пхуэщIмэщ ехъулIэныгъэ ущыщыгугъынур. Ар Iуэхушхуэщ, дэтхэнэ тхакIуэми къехъулIэркъым. Псом хуэмыдэу, тхыдэм къыхэщыж, фIыуэ яцIыху лъэпкъылIхэм я гугъу щыпщIыр, я образыр къыщыбгъэлъагъуэр гугъущ. Апхуэдэу щытми, ар хъарзынэу ШэджыхьэщIэм щыхузэфIэкIащ «ЛъыщIэж» романым. Мыр тхакIуэм и творчествэм и щыгуу убж хъунущ.
Литературэм и зыужьыныгъэр здынэсар къызэрапщ пщалъэу сыт щыгъуи къалъытэр прозэ жанрырщ. А жанрым и зэфIэкIыр къэзыгъэлъэгъуэжыр лъэпкъ тхыдэм теухуа мис мыпхуэдэ романышхуэхэрщ. Ар, шэч хэмылъуи, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и Iэзагъми щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ.