11 января, 2022 - 10:38
Зы къуажэ, яужэгъужауэ, зы щIалэжь дэсти, «сыкъыщамыщIэ сыщыхьэщIэнщ» жери, ежьащ. Зыкъомрэ къиущыхьауэ, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуагъэнти, зы хьэщIэщ ихьащ. Гъуэгу тетыху шхатэкъыми, хьэщIэщым зыщIигъэзэгъауэ, и гурыIупс къожэри, щысщ: «Тхьэ ямыIуамэ, сызэдзэкъэн гуэр кърахьэнкъэ», - жери. Пшапэр зэхэуауэ хьэщIэщым зы пщащэ къихьэри, щIалэжьым и пащхьэ Iэнэ къригъэуващ.
- ЗумыгъэхьэщIэ, едзакъэ, гъуэгу ущытетакIэ, умэжэлIагъэнщ, - жери пщащэр хьэщIэщым икIыжащ.
Iэнэм пIастэ бзыгъищрэ зы лы Iыхьэрэ телъщ. Iэнэм еплъри, щIалэжьыр и щхьэм щIэтIэхъуащ.
- ПIастэ бзыгъищри сшхымэ, емыкIу сыкъащIынщ, - егупсысащ щIалэжьыр.
- Зы бзыгъэр сшхыху, шху фалъэ нэхъ мыхъуми, зыгуэр къыкIэлъахьмэ, етIуанэ бзыгъэр дэсшхынщи, ещанэр щIезгъэхыжынщ, армыхъумэ нэмысыншафэ къызаплъынщ.
Зы бзыгъэмрэ лы Iыхьэмрэ ишхри, щIалэжьыр Iэнэм бгъэдэтIысхьэжащ, и Iэр зридзэри:
- КъыкIэлъахьынум сыпэплъэнщ.
ЩIалэжьыр Iэнэм здыпэрысым, пщащэр хьэщIэщым къихьащ, хьэщIэм пIэ хуищIщ, Iэнэр щIихыжри щIэкIыжащ.
- СыкъэвукIщ, - жиIащ щIалэжьым, пщащэм Iэнэр щIихыжа нэужь. - МыфIэкIа сымышхауэ, ныжэбэ сезэгъын?
Ныбэ нэщIкIэ нэху зэригъэщынум егупсысурэ, жэщыбг хъуауэ, щIалэжьыр щхьэгъубжэм дэплъащ. ПщэфIапIэ щхьэгъубжэм уэздыгъэ нэху къыдидзырт. «Си Iуэху зэрахуэркъым мыбы, езыхэр зэхэтIысхьэжауэ машхэ, - жиIащ щIалэжьым. - СыкIуэнщи, сакIэщIэдэIухьынщ».
ХьэщIэщым икIри, пщэфIапIэм кIуащ, щхьэгъубжэм дэплъмэ, я лIыжьым щхьэ егъэлыгъуэ, я фызыжьым тхьэмщIыгъуныбэ ещI, я нысэм тхьэв еху, я пхъум джэд ефыщI. «Сэ фэ сыфхурикъунщ», - жери щIалэжьыр бжэм теуIуащ. ЩIалэжьыр бжэм щытеуIуэм, модрейхэм щхьэри, тхьэмщIыгъуныбэри, тхьэври, джэдри зрагъэтIылъэкIащ.
- Хэт ар? - къэджащ лIыжьыр.
- Сэращ, - жери щIалэжьыр пщэфIапIэм щIыхьащ. - Зы хъыбар сигу къэкIыжащи, фезмыгъэдэIуауэ сыгъуэлъыжынукъым - хьэщIэщ сихьэмэ, аращ си хабзэр. Си нэкIэ слъэгъуа фезгъэдэIуэн хьэмэ си тхьэкIумэкIэ зэхэсха фезгъэдэIуэн?
- ТхьэкIумэм Iэджи зэхех, уи нэкIэ плъэгъуа дегъэдаIуэ, - жиIащ лIыжьым.
- ФезгъэдаIуэмэ, мыращ… Нобэ гъуэгу сыздытетым, зы блэ срихьэлIащ. Мо нанэм и тхьэмщIыгъуныбэм хуэдиз хъунт блэр. Фи дадэм игъэлыгъуа щхьэм хуэдиз хъууэ зы мывэ хъурей къасщтэри, блэм езутIыпщащ. Фи нысэм иху тхьэвым хуэдэу, супIэщIащ блэр. ПцIы сыупсмэ, фи пхъум ифыщIа джэдым хуэдэу, джафэ срехъу, - жиIащ щIалэжьым, жыхафэгум теувэри.
Унагъуэм сыт ящIэжынт? Мэл яукIати, ягъавэри, щIалэжьыр къагъэхьэщIащ.