29 декабря, 2021 - 09:37
Къэблэгъа илъэсыщIэр, 2022 гъэр, КъуэкIыпIэ махуэгъэпсымкIэ Къаплъэным ейщ. Мазэ 12-кIэ жьантIэм дэса Выр токIуэтри, утыкум къохьэ щхьэзыфIэфIагъыр зи хьэл нэхъыщхьэ, нэгъуэщIым и жыIэр зи деж щыпхымыкI Къаплъэн уардэр. ЩIэщыгъуэу, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ щытынущ а псэущхьэм и нэIэм щIэту екIуэкIыну илъэсыр. Сыт хуэдэу абы дызэрыIущIэнур, дауэ дыкъызэрыдекIуэкIынур?
Уи гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэну гуращэхэр уиIэмэ, мы илъэсым абыхэм яужь уихьэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, уи лэжьапIэ IэнатIэр, ущыпсэу щIыпIэр пхъуэж хъунущ. Илъэсыр зей псэущхьэр и телъхьэу щытынущ IуэхугъуэщIэхэр къэзыгъэIурыщIэу сытым дежи ипэкIэ кIуэтэным хущIэкъу цIыхухэм.
Къаплъэным и илъэсыр уи унэм ущIэсыжуи хьэщIапIэ ущыIэуи къибгъыхьэ хъунущ, ауэ гупышхуэ узэрымыгъэхъумэ, нэхъыфIщ. Ар и хьэлкIэ зи закъуэу щыт псэущхьэщ, абы къыхэкIкIэ зэхыхьэшхуэхэр фIэфIкъым. Аращи, фи махуэшхуэ Iэнэм пэрысын хуейр псэкIэ фи гъунэгъу, фIыуэ флъагъу цIыхухэрщ.
Мыхьэнэшхуэ иIэщ махуэшхуэм фызэрыпежьэ щыгъынми. Илъэсым и тхьэмадэм и гуапэ тщIынщ жыфIэу джэдум и фэ зэхэлъыкIэр зиIэ щыгъын щывмытIагъэ. Къаплъэным фIэфIкъым езым зрагъэщхьу. Щыгъыныр екIуу икIи удихьэхыу щытын хуейщ: и плъыфэкIэ дыщафэу, морэ-гъуэжьыфэу, удзыфэу.
Унэр ИлъэсыщIэм щыхуэвгъэхьэзыркIэ Iуэхугъуэ зыбжанэм гулъытэ хуэфщ1. Гъэм и лIыхъужьым и гуапэ фщIыну фыхуеймэ, ар екIуу гъэщIэрэщIауэ, Iэуэлъауэшхуэ щIэмыту, псэр щытыншу щытыпхъэщ. Егъэлеяуэ нэм къыщIэуэ плъыфэ зиIэ, цIуугъэнэ хьэпшыпхэр пэшым щIэтын хуейкъым. Iэмал имыIэу псейм фIэлъын хуейщ къаплъэн теплъэ зиIэ, абы и сурэтхэр къызытещ хьэпшэп зэмылIэужьыгъуэхэр. Удз щабэм хэлъу дыгъэм зезыгъэуну зыфIэфI къаплъэным гурыхь щыхъунущ тхьэмпэ щхъуантIафэр ебэкIыу унэр вгъэщIэращIэмэ.
Къаплъэным и пшыхьым щывгъэувыну Iэнэм и тепхъуэр хужьрэ дыщафэрэ щызэхэшауэ къыхэфх, шэху уэздыгъэхэри тевгъэувэ. Шхыныгъуэхэм я гугъу пщIымэ, пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщу Iэмал имыIэу тетын хуейщ хъурмэр, апельсиныр, мандариныр. Къаплъэным и шхыныгъуэ нэхъыщхьэр лыращ – аращи, абы къыхэщIыкIа ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр вгъэхьэзыр. Шэч хэмылъуи, нэхъыбэхукIэ нэхъыфIщ.
Дызытехьэ илъэсыр зей Къаплъэныр псэущхьэ жыджэрщ, сытым щыгъуи зыгуэр къилъыхъуэу, щIэ гуэрым хуэпабгъэу щытщ. Къаруушхуэрэ гуащIэшхуэрэ зиIэщ, абы къыхэкIыуи зы щIыпIэм куэдрэ щытепыIэркъым. Илъэсыр яхуэфIынущ, ар зи унафэм щIэтым и хьэлым ещхьу, жыджэрагъ зыхэлъ, сытым дежи щIэщыгъуэ гуэр къэызылъыхъуэ цIыхухэм.
Я лэжьыгъэкIэ ехъулIэныгъэ яIэнущ жэуаплыныгъэ хэлъу Iуэхум бгъэдыхьэхэм. Псом хуэмыдэу политикэм хэтхэмрэ творческэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIхэмрэ.
КъуэкIыпIэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщымкIэ, Къаплъэныр шабзэпс шэщIам ирагъэщхь. Абы зэуэ къилъэт шабзэр зыхуаунэтIам зэрынэсыфым хуэдэу, Къаплъэнми сытым дежи зричу и мурадыр зригъэхъулIэфу зэрыщытым къыхэкIыу. Аращи, ИлъэсыщIэм дэтхэнэ зыми ди хъуэпсапIэр къыдэхъулIэнымкIэ Iэмалхэр щыIэщ. Гъэ дызытехьэм етпх гугъапIэхэр къыдэхъулIэну, дэтхэнэми и унагъуэ жьэгум узыншагъэ, фIыгъуэ, зэгурыIуэ дэлъу илъэсыр ирахьэкIыну дохъуахъуэ!