6 октября, 2021 - 10:18
«Невинномысск – Москва» мафIэгур ежьэным дакъикъэ зыбжанэт иIэжыр. Гъуэгу техьэнухэр епIэщIэкIыу щхьэж и вагон зэрызрагъэгъуэтыным иужь итт. Сэ нэхъ пасэу ситIысхьа хъуати, иджы щхьэгъубжэм сыкъыдэплъырт, а псоми сакIэлъыплъу. И щхьэусыгъуэри къызгурымыIуэу, зэрызехьэ цIыху куэдым бзылъхугъитI къахэслъагъукIащ. Абыхэм я нэгум гуфIэ гуэр кърихыу къысщыхъуащ, арагъэнт гу щIалъыстари. «А тIур гъуэгугъусэ къысхуэхъуамэ, сыту фIыт», - зэуэ сегупсысащ сэ.
Тхьэшхуэм си гум къэкIар къысхуищIэну гузавэм ещхьу, дакъикъи дэкIагъэнтэкъым бзылъхугъитIыр сэ сызыщIэс купем и бжэщхьэIум къыщытеувам. «Фыкъеблагъэ, фыкъыщIыхьэ», - жысIэри, сыгуфIэу сакъыхуэтэджащ. Езыхэми сэлам къызахащ, я хъуржынхэр ягъэтIылъри, «уэху» жаIэу етIысэхащ. БзылъхугъитIыр апхуэдизкIэ зэщхьти, зэрызэанэзэпхъум шэч хэлътэкъым. Анэр и теплъэкIэ илъэс 60 гуэрт зэрыхъур, и пхъур зи дахэгъуэ пщащэ зэкIужт. МафIэгур ежьэри, дэри нэIуасэ зызэхуэтщIащ. Анэм и цIэр Хъанийт, и пхъум и цIэр Цацэт. Сэ жысIащ Москва дэс си пхъум сригъэблэгъауэ, ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ парадышхуэм сеплъыну сызэрыкIуэр. Езыхэми къызжаIащ Москва щIэкIуэ щхьэусыгъуэр. «А парадышхуэм кърагъэблэгъауэ ди ныбжьэгъуфI щыIэнущ, ГДР-м къикIынурэ. Абы дыIущIэну докIуэ», - жиIащ Цацэ. Пэжыр жыпIэнумэ, япэщIыкIэ къызгурыIуакъым къуажэдэс бзылъхугъитIымрэ Германием щыщ цIыхухъумрэ я зэпыщIэныгъэм, мыбы нэс икIыу гъуэгу жыжьэм техьэным щхьэусыгъуэ хуэхъун хуеяр. ИкIи си гупсысэр къуагъ сымыщIу яжесIащ. «Абы и щхьэусыгъуэр хъыбар кIыхьщ», - жиIащ Цацэ. Сэри абы и жэуапу зыщIыпIи дызэрымыпIащIэр къыхэзгъэщри, хъунумэ, хъыбарым сыщагъэгъуэзэну сайлъэIуащ.
- Утемызэшэнумэ, къэдаIуэ, атIэ, - жери Цацэ хъыбарыр къригъэжьащ. - Мыр къыщыхъуар зауэ илъэсхэращ. Нэхъри тегъэчыныхьауэ жыпIэмэ, Кавказым и щIыдагъэ щIэлъыпIэхэр зыIэрагъэхьэным хуэнэгуейуэ фашистхэр Кавказ щхьэдэхыпIэхэмкIэ щызэрыхьу щытаращ. Къыщыхъуар адыгэ къуажэщ. Гушхуэ, гу щабэ зыкIуэцIылъ, гущIэгъуныгъэ гъунэншэ зыхэлъа си анэшхуэращ хъыбарыр зытеухуар.
«Нанэ» псалъэ щабэращ псори дызэреджэу щытари, апхуэдэу къэзгъэнэжыну сыхуейщ, и цIи къизмыIуэу.
Нанэ и щхьэгъусэр пасэу дунейм ехыжат, зы къуэрэ зыпхъурэ къыщIэнэри. Адэншэу къыхуэна и бынхэр зыми зэрыхуимыгъэныкъуэным пылъу, еш имыщIэу Нанэ жэщи махуи колхоз губгъуэм итащ. И къуэр балигъ хъури, дзэм ираджауэ, къулыкъум щыIэу Хэку зауэшхуэр къежьащ. Фронтым зэрашар гурыIуэгъуэт, ауэ дэнэ щызауэуи, псэууи, хэкIуэдауи - унагъуэм зыри хащIыкIыртэкъым. Зауэр къызэрежьэрэ илъэситIым зэрынэхьэсами, и къуэм и зы тхыгъэ кIапэ анэм къыIэрыхьатэкъым. Нанэрэ илъэс 15 ирикъуа и пхъумрэ я закъуэ псэурт. А пхъур мис мы сщIыгъуращ, си анэращ. Зауэр зэриухрэ илъэс куэди дэкIыжауэщ иджы бжесIэжыну хъыбарыр сэри къыщысщIар, - жери Цацэ, щабэу и анэм зришэкIащ. АдэкIи и хъыбарым пищащ.
- ЗэрыжысIауэ, Кавказ щхьэдэхыпIэхэр я унэтIыпIэу, ди сэлэт икIуэтхэм я лъэмбым ипкIэу, фашистхэр Кавказым къебгъэрыкIуэрт. Зы махуэ гуэрым, пщыхьэщхьэпэ хъуауэ, сэлэт гуп къуажэм блэкIыу, сэлэтитI къэувыIэри, Нанэ къыжраIащ бийр кIэщIу я ужьым иту къызэрыкIуэр, зэхэуэ гуащIэхэр зэрыщыIэнур, зыщIыпIэ зыщахъумэмэ зэрынэхъыфIыр. АтIэ, си анэшхуэм и унэр къуажэ гъунэм щытти, блэкIри, блэжри зыхуэзэр арат, фашистхэр къэсми япэу хагъэщIэнут.
Нанэ зы дакъикъи егупсысакъым унэм щIэкIыу зыщIыпIэ кIуэну. «Хэт ищIэрэ, сэлэт икIуэтхэм яхэту си щIалэр къыIухьэжмэ, дызэрылъагъунщ», - шынэ имыщIэу, анэм и щхьэм щызеуэр а зы гупсысэрат. Апхуэдэуи и пхъумрэ езымрэ унэм къыщIэнащ.
Жэщ енми, махуэри пидзэжу, фочауэ, топауэ макъыр зэпыуакъым. Пэшым щIэт тэпчан гъуэлъыпIэм и щIагъым щIэгъуэлъхьауэ зэанэзэпхъур абы щIэлът, Тхьэ елъэIуу. Махуэри жэщри кIуэри, нэхулъэ къищIауэ, ихъуреягъыр щым дыдэ къэхъуащ. Ауэ зэанэзэпхъур шынэрт я зыгъэпщкIупIэм къыщIэкIыну, иджыри я фIэщ хъуртэкъым зэхэуэр иухауэ, езыхэри я унэри псэууэ къызэтенауэ.
Абы хэту бжэм къепIэстхърэ къытеуIуэрэ къыбгурымыIуэну макъ гуэр къэIуащ. «Си щIалэр уIэгъэ хъуауэ къысхуэкIуэжащи аращ!» - жиIэурэ Нанэ тэпчан щIагъым къыщIэпщри бжэмкIэ зидзащ. И Iэхэр мэкIэзызри бжэр хуIухыжыркъым, мэгуIэ. «Иджыпсту, си щIалэ дыщэ, иджыпсту Iузохыр, гугъу узогъэхь мыгъуэ», - жиIэурэ мэIущащэ. Сытми, зыгуэру игъэкъарури Iуихащ. БжэщхьэIум зы сэлэт телът, зигъэхъейртэкъым. Мо зи къуэм ежьэ, куэд щIауэ зымылъэгъуа анэм къызэрыщыхъуар хэт ищIэн, ауэ сэлэтыр и къуэр зэрыарам шэч къытримыхьэу зытриIубащ. «Си щIалэ нэху, си щIалэ дыщэ, укъысхуэкIуэжащ», - жиIэурэ сэлэт щылъым и дамэм и щхьэр трилъхьауэ, Iэ делъэ. Абы хэту и пхъур къыбгъэдыхьэри, къэскIащ. «Нанэ, мыр нэмыцэ сэлэтщ, пщIэр сыт?!» - жери къэкIиящ. Абдежым Нанэ зыкъищIэжщ, и щхьэр къиIэтри, зытеубгъуа сэлэтым Iуплъащ. И къуэратэкъым ар! И пащхьэм илъыр илъэс 18-19 нэхъыбэ зи мыныбжьын нэмыцэ сэлэтт. Абы и джабэ ижьым иIэ уIэгъэм лъыр къижырт, езыр лIа хьэзырти, мыхъейуэ, сэхум хуэдэу и фэр пыкIауэ щылът. ЯщIэнур ямыщIэу, Iэнкун хъуауэ зэанэзэпхъур заулрэ сэлэтым щхьэщытащ. Нанэ япэ зыкъищIэжри, и пхъум жриIащ: «Мыри сэр хуэдэу гуIэ анэ гуэрым и сабийщ. Деплъурэ дауэрэ дгъэлIэну?! Ар схуэщIэнукъым. Къытщыгугъыу ди унэм къыщепщылIакIэ, Алыхьышхуэм и гъэунэхуныгъэу къыщIэкIынщ ар. Унэм щIэдгъэхьи, бжэр быдэу гъэбыдэ».
Нанэ удзыпс зэхигъэвахэмкIэ сэлэтым и уIэгъэр зэпилъэщIыхьащ, хущхъуэпсхэм иригъэфащ. И пхъуантэм щэкI хужь къыдихри, уIэгъэр быдэу ипхащ. «УIэгъэр куукъым, ауэ лъы куэд щIэкIащ. ЗыкъищIэжмэ, здыхуейм кIуэнщ», - жиIащ анэм.
Нанэрэ Хъанийрэ сэлэтым щхьэщыст, зыкъищIэжу и нэр къыщызэтрихыну дакъикъэм щышынэу ежьэу. Хэт ищIэрэ ар къазэрыхущIэкIынур, къиукIхэу ежьэжынкIи мэхъу, бийщ, дауэ хъуми. Зы сыхьэтыфI текIауэ, сэлэтыр къэщэIуащ. Къэтэджыну хуежьа щхьэкIэ, хуэмыгъэкъарууэ укIуриижащ.
Фочауэ, топауэ макъхэр къуажэм щхьэщыкIауэ, аддэ жыжьэу къэIурт. Зэзэмызэ машинэ закъуэтIакъуэ гуэрхэр блэжырт, нэмыцэ сэлэтхэр ису. Ауэ зыри къэувыIакъым. Нанэрэ Хъанийрэ къагурыIуащ нэмыцэ сэлэтыр къазэрыхуинэпар. ЯщIэнур ящIэркъым, мэгузавэ. Дыдейхэм, къуажэдэсхэм къащIэмэ, нэмыцэ сэлэтым зэреIэзам фIы къахуихьынутэкъым. Нанэ и напэм къыхуегъэкIуртэкъым и къуажэгъухэр, зэрыкъэралу зыпэщIэт бийм дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъуар… А псоми бзылъхугъэм псэхугъуэ къратыртэкъым. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, цIыхугъэшхуэ, адыгагъэ, тхьэмыщкIагъэ ихуам щIэгъэкъуэн хуэхъун лъэпкъ хьэл-щэныр къызэбэкI Нанэ и зы гупсысэ псом ящхьэж фIэхъурт. «Мо сабий ныкъуэпIыр, уIэгъэм къарууншэ ищIар, дауэрэ щIэсхуну, лIапIэ зэризгъэувэнур сщIэуэ?» - жиIэрти гуIэрт. «Зэрыхъуу хъунщ. Ауэ зыми зыри жетIэнкъым, къедгъэщIэнкъым», - жери Нанэ и пхъум еущиящ.
Тэпчан щIагъыр щылъыпIэ зыхуащIа сэлэтыр махуэкIэ абы щIэлът, жэщкIэ унэ жыхафэгур ерагъыурэ къызэхикIухьырт, жэщ хъумэ, пщIантIэм къыщIэкIырт. Сэлэтым и цIэр къажриIащ: Курт. Езыхэми я цIэхэр зригъэщIащ. Iэпэтэрмэшу тIэкIу нэхъ зэгурыIуэ хъуащ. Курт и бгъэжыпым иIэбэри сурэт кърихащ. Абы итт и анэмрэ и шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIумрэ. КъагуригъэIуащ зэуэну зэрыхуэмейр, фIыщIэ къазэрыхуищIыр. ТхьэмахуитI нэхърэ нэхъыбэкIэ нэмыцэ сэлэтыр Нанэрэ Хъанийрэ я унэм къадыщIэсащ. Махуэ гуэрым нэмыцэ сэлэт изу ису машинитI я куэбжэм пэмыжыжьэу къэувыIащ. Нанэрэ Хъанийрэ шынауэ, жауэ щытт. «Мис иджы дыкъэсыжыпащ», - егупсысащ Нанэ. Курт машинэхэр къыщилъагъум, щIэкIри ябгъэдыхьащ. Зыгуэрхэр зэжраIа нэужь, къигъэзэжри, псынщIэу и хьэпшыпхэр зэщIикъуэжащ. Абы нэхъыбэ зимыIэжьэжу, зэанэзэпхъум быдэу IэплIэ къахуищIыжри ежьэжащ, Хъаний тхылъымпIэ кIапэ гуэр къыIэщIилъхьэри…
Хэку зауэшхуэр иухащ. Фашистхэри къэралым ирахужащ, ауэ Нанэ и къуэ закъуэм къигъэзэжакъым. И къуэр хъыбарыншэу зэрыкIуэдар зэрыт тхылъымпIэ тIэкIурщ анэм къыIэрыхьэжар. Арами, ар зэрыпсэум и фIэщхъуныгъэм къару къыхилъхьэу, зэгуэр къыхуэкIуэжыным и гугъэ химыхыурэ Нанэ дунейм тетащ. Ауэ, неIэмал. А гугъапIэр и бгъафэм щихъумэу, и иужьрей бауэ кIэщIыр итащ. Жэнэт Тхьэшхуэм кърит.
Нанэрэ Хъанийрэ зэрызэгурыIуам тету, нэмыцэ сэлэтым и хъыбар къызыхагъэIукIакъым. Ар къагурыIуэну къыщIэкIынтэкъым властми цIыхубэми. Ауэрэ, илъэсхэри кIуащ. Си мамэ Хъаний унагъуэ ихьащ. Бынищ игъуэтыжащ, абы сэ сранэхъыжьщ. Нанэ дунейм ехыжа нэужь, Хъаний и анэ дэлъхум хуиIуэтэжащ нэмыцэ сэлэтым и хъыбарыр. Ар езыри зауэм хэтауэ, и лъакъуэ лъэныкъуэр имыIэжу къэкIуэжат. Ари чэнджэщэгъу хъуащ зыми зыри жрамыIэну. Арами, зэрыхъуар сщIэркъым, Нанэ и щэхур нахуэ хъуащ, зэрылъэпкъыу зэлъащIысащ. Ауэ Нанэ ищIар мытэрэзу зыми жиIакъым икIи ягъэкъуэншакъым. Хэти къыгурыIуащ и къуэм и бампIэм ихь бзылъхугъэм къыкъуэкIа цIыхугъэ лъагэмрэ нэмыцэ сэлэтыр къыщIригъэлам и щхьэусыгъуэмрэ.
1960-1970 гъэхэм курыт еджапIэхэм щыцIэрыIуэт КИД (Клуб интернациональной дружбы) еджакIуэ кружокхэр. Ди еджакIуэхэмрэ хамэ къэралхэм щыщ ныбжьыщIэхэмрэ зэхуэтхэрт, зэныбжьэгъугъэ лъэмыж зэдаукъуэдийрт. Ди еджапIэм щылажьэ, нэмыцэбзэкIэ дезыгъаджэ Ольгэ Андреевнэ зи унафэщI КИД-м сэри сыхэтт.
Зы махуэ гуэрым Ольгэ Андреевнэ си анэм къыхуэкIуащ, гъэщIэрэщIа, маркэ хъушэ зытегъэпщIа пощт конверт гъэщIэгъуэн гуэр иIыгъыу. Ар хамэ къэрал къызэрикIар наIуэт. ЕгъэджакIуэр си анэм къеупщIащ Нанэ зи пхъумкIэ, и дыщымкIэ, и унагъуэцIэмкIэ. Псори жриIа нэужь, къыжриIащ письмор езым къызэрыхуэкIуар икIи къритыжащ. Ар ГДР-м къратхыкIырт. Хъаний конвертыр зэтричри, письмо дэлъыр къыдихащ. Зы сурэти къыдэхуащ. Сурэтым зэреплъу Хъаний и фэр пыкIащ. «Мыр Куртщ», - жери етIысэхащ. Сурэтым итт зылIрэ зы бзылъхугъэрэ, сабиитI ящIыгъуу. Хъаний зыри жимыIэу кIуэри Нанэ и пхъуантэр зэтрихри, гъуэжьыбзэ хъуа тхылъымпIэ кIапэр къыдихащ. Ольгэ Андреевнэ тхылъымпIэм еплъри жиIащ абы ит адресымрэ къахуэкIуа письмом тетымрэ зэрызыр. «Письмом къысхуеджэ, сэ нэмыцэбзэ сщIэркъым», - лъэIуащ Хъаний.
ЕгъэджакIуэр къеджэри жиIащ хьэкъыпIэкIэ ар Курт къызэритхыр, ар илъэс куэд хъуауэ къазэрылъыхъуэр, узыншэмэ, псэухэмэ зэрыщIэупщIэр, фIыщIэ псалъэ куэд тхыгъэм зэритыр. КъызэрыщIэкIамкIэ, Курт и насып къихьащ псэууэ зауэм къыхэкIыжу и унэ игъэзэжыну. Письмом дежи къыщыхигъэщырт Нанэрэ и пхъумрэ я фIыщIэу ар къызэрилъытэр. КъинэмыщIауэ, къитхырт мызэуэн папщIэ езым и арэзыныгъэкIэ гъэру зитауэ зэрыщытар. Зауэр иуха нэужь, хуит ящIыжри, и Хэкум игъэзэжащ.
«…Си анэр дунейм тетыхукIэ фэр щхьэкIэ Тхьэ елъэIуурэ псэуащ. Ар щIэхъуэпсырт фыкъилъагъуну, и щхьэр къыфхуигъэщхъыну, быдэу IэплIэ къыфхуищIу, фIыщIэ псалъэу и гум илъыр къывиIуэтылIэну», - къитхырт Курт.
«Си анэ тхьэмыщкIэр псэухукIэ ди щэхур сIуэтакъым, тхьэлъанэ хуэсщIами сепцIыжакъым. Иджы, зауэри щиухам, апхуэдиз илъэси дэкIыжа нэужь, си анэри дунейм щытемытыжым, Нанэ и щэхур нахуэ сщIыну игъуэу къысщохъу», - жери Хъаний псори егъэджакIуэм хуиIуэтэжащ. «Езым хуэдэу гууз зиIэ анэ гуэрым и къуэ закъуэр хуэзэу къригъэлауэ гугъэурэ си анэр псэуащ. КъыщелакIэ, зэгуэр бжэр Iуихыу къыщIэмыхьэжыну и фIэщ мыхъуурэ дунейм ехыжащ», - жиIащ Хъаний.
Ольгэ Андреевнэ къыддэIэпыкъури, а махуэ дыдэм Курт письмо хуэттхыжащ. АдэкIи дызэхуэтхащ. Курт и зы пхъур си ныбжьу къыщIэкIати, ныбжьэгъу дызэхуэхъуат. Курт ехьэлIауэ жыпIэнумэ, абы ГДР-м и Правительствэм IэнатIэ лъагэ щиIыгъыу лажьэрт. ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэм ехъулIэу, ди къэралым кърагъэблэгъауэ къакIуэрт, и унагъуэри щIыгъуу. Унагъуэр къыдэлъэIури, дэри гъуэгу дыкъытехьащ, дызэхуэзэмэ ди гуапэу», - жиIэри Цацэ и хъыбарыр иухащ.
Зэхэсха хъыбарым ситхьэкъуат. СымыгъэщIэгъуэн слъэкIыртэкъым адыгэ бзылъхугъэм угъурлыгъэрэ гущIэгъуныгъэу къыкъуэкIар.
И пхъум хъыбарыр къиIуэтэжыхукIэ, Хъаний зыри жимыIэу щысащ. Зы закъуэщ къыпидзар. «Си анэ тхьэмыщкIэрат Москва кIуэну зыхуэфащэр. Курт илъэгъуамэ, зауэм къэзымыгъэзэжа и къуэ закъуэр илъэгъуа къыщыхъунти, щыгуфIыкIынт», - хуэмурэ къыдришеящ абы.
Жэщыр фIыуэ хэкIуэтати, ди пIэхэр тщIыжри дыгъуэлъыжащ. Дызэрыс мафIэгур пщэдджыжьым жьыуэ Москва и вокзалым техьащ. Къызэжьэу щыт си пхъур къэслъагъури сыбгъэдыхьащ. Ауэ Хъанийрэ Цацэрэт си плъапIэр. Ахэр мафIэгум къызэребакъуэу, зи ныбжьыр хэкIуэта зы цIыхухъу зэкIуж гуфIэжу къабгъэдыхьащ. Зыгуэрхэр зэжраIа нэужь, Хъаний зришэкIри, дакъикъэ зыбжанэкIэ апхуэдэу щытащ. Я гъунэгъуу сыщытти, гу лъыстащ лIым и нэкIущхьэхэм къежэх нэпсхэм, и фэри зэрыпыкIам...
Куэд дэмыкIыу нэмыцэ къэралыгъуитIыр зэгухьэжащ. Ди къэралми зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. Курт и унагъуэмрэ Хъанийхэрэ я зэпыщIэныгъэр адэкIэ зэрыхъуам сыщыгъуазэкъым. Ауэ лэжьапIэ IуэхукIэ Хъаний зыщыпсэу къуажэм зэгуэр сыкIуауэ сыщыщIэупщIэм, дунейм зэрехыжар къызжаIащ. Цацэ-щэ? Абы нэмыцэбзэр фIы дыдэу игъэIурыщIэрти, Урысейм и Посольствэу Германием щыIэм ягъэкIуауэ, абы зэрыщыщыпсэур, зэрыщылажьэр къызжаIащ.
«Цацэ Германиер псэупIэ, лэжьапIэ щыхуэхъуакIэ, унагъуитIым я зэныбжьэгъугъэр зэпыуакъым», - сегупсысащ сэ.
Шыбзыхъуэ Тамарэ,
КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, егъэджэныгъэм и ветеран.