4 мая, 2022 - 11:15
Гъатхэр къихьэу уэфI щыхъум, нартхэ я бжьахъуэм и бжьэр дишри, тIуащIэм бжьахъуэ пщыIэ щыхисащ. ПщыIэр хисауэ бжьэр игъэхъуурэ, бжьахъуэм щIалэ къыхуалъхуащ. Гущэм хапхащ бжьахъуэм и къуэр. Хапха щхьэкIэ, щIалэщIэр гущэм яхухэлъакъым.
- Си адэр, - жиIэри гущэпсыр къызэпичащ.
- Уи адэр тIуащIэм дэсщ, бжьэ егъэхъу, - жраIащ щIалэм.
Гущэм къафIыхэкIри, жыхафэгум къытеуващ щIалэм и къуэр.
- ТIуащIэм сыкIуэнурэ си адэр слъагъунущ, - жиIащ абы.
ТIуащIэм ежьауэ гъуэгу здытетым, бжьахъуэм и къуэм шууищ кърихьэлIащ.
- Уий, мыр зэрыцIыкIунитIэ, нэщIэпкIэ хуэдизи узэрыхъур! - къыщыдыхьэшхащ шууищыр. - Дэнэ уежьа?
- Сэ сыздежьам сыт хувиIуэху, - жиIащ бжьахъуэм и къуэм. - Фэ фыздежьар къызжефIэ.
- Шы дыгъу докIуэ, гъусэ укъытхуэхъумэ, уздэтшэнщ, - къыдэгушыIащ шууищыр.
- Сыфхуэхъунщ, - жиIащ бжьахъуэм и къуэм. - Сыздэфшэ.
Бжьахъуэм и къуэр ягъэкIэсри здрахьэжьащ. ЗдэкIуэм, уэтэр ирихьэлIащ. Iуэм вы итти:
- Iуэм ихьи, зыв къиху, - жраIащ шууищым бжьахъуэм и къуэм. - Выр дукIынщи, лэгъупыIэмпIэ зэфIэддзэнщ - дыгъуэмылэншэщ.
Бжьахъуэм и къуэр Iуэм ихьэри, шууищым къегуоуащ:
- Iуэм нисхунур вы къуэлэн, вы джабэху, вы джэмыдэ, вы уэгуш? - жиIэри.
- УмыкIий, дыкъебгъэщIэнущ! – гузэващ шууищыр. – Сытми, зыв къихуи, Iуэм къикI.
Бжьахъуэм и къуэм Iуэм зыв кърихури, шууищыр мэзым щIыхьащ, хуейм ихьэри выр яукIащ, лэгъупыIэмпIэ зэфIадзэри, лыр халъхьащ. Псыр къыщытекъуалъэм, бжьахъуэм и къуэр лэгъупым хэпкIащ. Шууищым гу лъатакъым бжьахъуэм и къуэр зэрыхэпкIам.
- Си пэр ес, си нэр ес! – къыхэкIиикIащ бжьахъуэм и къуэр лэпсым, и щхьэр къыхигъэжри.
Къэхъуар къагурыIуакъым шууищым: зэрыгъащтэри мэзым щIэлъэдэжащ, яшхэр къагъанэри.
Бжьахъуэм и къуэр лэпсым къыхэлъыжащ, лыр вати, лэгъупыр и дамэм фIидзащ, зыш къэшэсщ, шитIыр IумпIэкIэ иубыдри къежьэжащ.
КъакIуэм-къалъэурэ, нартхэ я шыбзыхъуэм ирихьэлIащ бжьахъуэм и къуэр.
- Уанэкъуапэм укъыкъуэщыркъым, дэнэ укъикIрэ, дэнэ укIуэрэ? Шыри дэнэ къипха? – къеупщIащ нартхэ я шыбзыхъуэр абы.
- Нарт Сосрыкъуэ шыбз гуартэ къихуауэ егуэш, къыслъысыр къыхэсхуащ, - жиIащ бжьахъуэм и къуэм. – УхокIыж.
- Iэгъу! - жиIэри, шыбзыхъуэр ежэжьащ. Шыбзыхъуэр щежажьэм, бжьахъуэм и къуэм нартхэ я шыбзыхъуэм и шыбз гуартэр кърихужьэри къежьэжащ.
КъакIуэм-къалъэурэ, нартхэ я выхъуэм къыIущIащ.
- Шыбзыр дэнэ къипхурэ? – къеупщIащ нартхэ я выхъуэр.
- Нарт Бэдынокъуэ шыбз гуартэ къихуауэ егуэш, къыслъысыр къыхэсхуащ, - жиIащ бжьахъуэм и къуэм. – УхокIыж.
- Iэгъу! – жиIэри, выхъуэр ежэжьащ. Выхъуэр щежажьэм, бжьахъуэм и къуэм вы хъушэр къызэщIикъуэри, и гъуэгу теувэжащ.
КъакIуэм-къалъэурэ, нартхэ я мэлыхъуэм Iууащ.
- Шыбзри вы хъушэри дэнэ къипхурэ? – къеупщIащ абы мэлыхъуэр.
- Нарт Ашэмэз шырэ вырэ къихуауэ егуэш, къыслъысыр къыхэсхуащ, - жиIащ бжьахъуэм и къуэм. – УхокIыж.
- Iэгъу! - жиIэри, мэлыхъуэр ежэжьащ. Мэлыхъуэр щежажьэм, шыбзымрэ вымрэ мэл хъушэри къыщIигъури, бжьахъуэм и къуэр къежьэжащ. И адэм деж нэсри:
- Шыи, выи, мэли къыпхуэсхуащ, - жриIащ.
- Уэ езыр хэт ухъуну? – къеупщIащ бжьахъуэр, шхуэмылакIэмрэ лъэрыгъымрэ иубыдри.
- Нартхэ я бжьахъуэм срикъуэщ, - жиIащ модрейм, къепсыхри. – Бжьэр къыдэпшауэ сыкъалъхуащ. Бжьэр къэпщIмэ, пIэщIэкIынкIэ сышынэрти, сыкъыпкIэлъыдэкIащ.