12 апреля, 2026 - 11:55
Сыт хуэдэ зэманми цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я зэфIэкIыр жылагъуэм щалъытэу къекIуэкIащ. Ди лъэпкъыр къэтщтэнщи, а Iуэхум мыхьэнэшхуэ иратырт: щысабийм щрагъажьэрти, я щIэблэр IэпэIэсагъэм хуагъасэрт. Хъыджэбз цIыкIухэр Iэмал имыIэу дэн-бзэным, хэдыкIым, дыщэидэм, цы зэрыхъэм, уагъэ зэIущэным хагъэгъуазэрт. ЩIалэ цIыкIухэри фащIэ, пхъащIэ, нэгъуэщI IэщIагъэхэми хуэIэрыхуэу къагъэхъурт. Япэм хуэдэу ди зэманым а Iуэхум унагъуэм гулъытэшхуэ щрамытыжми, иджыри ди мащIэкъым IэпэIэсэхэр. Уеблэмэ иужьрейхэм абы дихьэххэр нэхъыбэ зэрыхъум гу лъыдотэ икIи куэдми ар гъащIэм IэщIагъэ нэхъыщхьэ щахуохъу.

Бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Дол Маринэ. Абы IуданэкIэ зэрехъэ зи плъыфэ дахэхэмкIэ удэзыхьэх сабий къэлътмакъхэр.
- Сэ сытым дежи сфIэфIт IэпэкIэ зыгуэрхэм селэжьыну. ДыщыцIыкIум си шыпхъум сэрэ, ди анэм дыхуригъэсауэ, Iуданэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ хьэпшып гуэрхэр, лъэпэд, IэлъэщI хуэдэхэр, зэрытхъэу, зэIутщэу щытащ, - жеIэ Маринэ. – Ди анэр Iэрыгъадэ машинэмкIэ щылажьэкIэ, зэшыпхъуитIыр абы дыкIэлъыплъырт икIи абы ищIым дэри ди Iыхьэ гуэр хэтлъхьэну дехъуапсэрт. Мамэ IэлъэщI зэIуищэу арати, абы и нэзхэр зыхуей хуэгъэзэжыныр зэшыпхъуитIым къытлъигъэсырт, дэри дыдихьэхауэ икIи делIалIэу, ар нэхъ дахэ зэрытщIыным дыхущIэкъуу абы и къэухьыр тхыпхъэ дахэу IэкIэ зэрытхъэрт. Мис апхуэдэу а Iуэхум сыхэгъуэзащ. ИужькIэ си сабийхэми цыджанэхэр яхузэIусщэу щытащ. Абдеж щызэпызгъэури, илъэс зыбжанэкIэ IэщIыб сщIауэ къекIуэкIащ. Иджы, си пхъурылъхухэм я фIыгъэкIэ, IэпэIэсэным щIэздзэжащ. Сабийхэр зэрызгъэгуфIэн, щIэщыгъуэу икIи гъэщIэгъуэну сазэрыхуэупсэн къэслъыхъуэурэ интернетым сыщрихьэлIащ мы зи гугъу тщIы къэлътмакъ цIыкIухэм хуэдэ. Илъэсибл хъу си пхъурылъхурат япэу тыгъэ зыхуэсщIари, егъэлеяуэ игу ирихьащ, дэнэ кIуэми и къэлътмакъ цIыкIур и плIэм илъщ. Ар абы щIэщыгъуэ зэрыщыхъуам сытригъэгушхуэри, адэкIи къыпысщащ. Сыдихьэхауэ, сигуми си псэми фIэфIу къэлътмакъхэр зэIузощэ, сабийхэм нэхъ ягу дыхьэн папщIэ Iуданэхэр нэхъ плъыфэ цIугъэнэу къызэрыхэсхыным иужь ситщ.
Пэж дыдэуи, Маринэ и IэрыкIхэм псом япэу укъыдахьэх плъыфэ дахэу зэрызэхэтымкIэ. Къапщтэрэ, зэпэпплъыхьын щIэбдзэмэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым Iуданэхэр зэгущу зэрызэрыхъар, хьэпшыпым и дэтхэнэ зы Iыхьэри екIуу зэрызыхуэгъэкIуар. Къэлътмакъ щабэ цIыкIухэр щыпIыгъкIэ, гур гуапагъэм зэрыхуигъэушыр зыхыбощIэ, сэ сызэреплъымкIэ, абы и щхьэусыгъуэри ахэр зи IэрыкI бзылъхугъэ гуакIуэм и псэм и хуабагъэм щыщ зы Iыхьэ абыхэм я лъащIэм зэрыщигъэтIылъырщ. ПщIэ Iуэхур гум къыдыхьэмэ, ар цIыхухэми гунэс ящыхъунущ. Аращ Маринэ и IэрыкIхэм щIэупщIэ щIаIэри.
Дол Маринэ и цIыху щIыкIэкIэ и гугъу пщIымэ, а бзылъхугъэм хуэдэр зырызщ. И дахагъэмрэ и гуакIуагъэмрэ хуэфэщэн хьэл-щэн дахэрэ Iущагърэ дыболъагъу. Хабзэ хэлъу и нэмысыр иIыгъыжу апхуэдэщ, нэхъыжьми хуэфэщэн пщIэ яхуещIри, нэхъыщIэми щапхъэ яхуохъуф. Сыт хуэдэ IуэхукIэ убгъэдыхьэми, гъащIэм и унэтIыныгъэ куэдым фIыуэ хэзыщIыкI Долыр, дэIэпыкъуэгъуи чэнджэщэгъуи къыпхуэхъунущ. Аращ зэхэщIыкI зиIэ, зи псалъэр нахуэ, гушыIэ дахэ зыхэлъ Маринэ зыхэт гупми фIыуэ щIалъагъур, ялъытэу пщIэ щIыхуащIыр.
А бзылъхугъэр икIи анэ, анэшхуэ насыпыфIэщ. Абы и хъыджэбзитIым – Каринэрэ Эллэрэ – гъэсыныгъэ дахэ яритащ, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ яригъэгъуэтащ. Иджы ахэр езыхэри унагъуэ щхьэхуэщ. Абыхэм я щIэблэу пхъурылъху цIыкIуитху иIэщи, ахэр анэшхуэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэщ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
