31 марта, 2026 - 09:00
Эзоп и басняхэр сыт хуэдэ лъэхъэнэми цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнт икIи бзэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Къапщтэмэ, нэхъыбэм ар зэдзэкIыгъэ къудейтэкъым, атIэ хэлэжьыхьыжурэ къыдагъэкIырт. «Эзоп и басняхэр зэдзэкIынымкIэ нэхъ цIэрыIуэу щытар франджы тхакIуэ Жан де Лафонтенрэ урыс тхакIуэ Крылов Иванрэщ. Апхуэдэу урысыбзэкIэ абы лэжьыгъэ нэхъыбэ езыхьэлIахэм ящыщщ тхакIуэ Толстой Леврэ литературовед, усакIуэ Гаспаров Михаилрэ. Сэри, урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ щыIэхэм сызэхуеплъ-зэпэслъытурэ, абыхэм ящIэлъ гупсысэр сымыгъэкIуэду, адыгэбзэм къизгъэзэгъащ», - жиIащ тхакIуэ Хьэту Пётр. АдэкIэ абы зэридзэкIа тхыгъэхэм фыщыдогъэгъуазэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
ГЪУЭГУРЫКIУЭХЭМРЭ МЫЩЭМРЭ
ЗэныбжьэгъуитIым, гъуэгум здытетым, мыщэ къахуэкIуэу ялъэгъуащ. Зым, абдеж щыт жыгым занщIэу дэпщейри, зыщиудыгъуащ. Адрейр, кIасэ хъуати, жыгым дэпщеинуи щIэпхъуэнуи хунэсыжакъым. НэгъуэщI къыхуэмыгупсысу, мыщэр лIам зэремыIусэр игу къыщыкIыжым, щIым зэридзыхри, лIа нэпцI зищIащ. Мыщэр къыбгъэдыхьэри, пэкIэ зэригъэдзэкI-къызригъэдзэкIыжу, къепэму тэлайк1э щытащ, модрейри апщ1ондэхук1э, псэ хэмытыжым хуэдэу, мыбэуэжу щылъащ.
Мыщэр гурыму IукIыжри ежьэжащ. Жыгым тесар къехыжри, и ныбжьэгъум еупщIащ: «А мыщэжьыр уи тхьэкIумэм къыщи1ущэщам къыбжи1ар сыт?» «Абы къи1ущэщащ: гузэвэгъуэ, бэлыхь ущыхэхуэм, уи закъуэу укъэзыгъанэ ныбжьэгъу уи гъусэу дяпэкIэ гъуэгу утемыхьэ», – итыжащ мыдрейм жэуап.
Ныбжьэгъур нэсу къыщыпцIыхур шынагъуэ щыщыIэрщ, псэзэпылъхьэпIэ ущихуэрщ. Аращ мы хъуэрым къуиIуэкIыр.
Адыгэми жеIэ: «Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ».
АЖЭМРЭ БАЖЭМРЭ
Ажэжьыр, псы хуэлIати, джабэ задэм ехри, мис иджы зэгуиудынущ жыпIэу, игу пэщыху псынэм хэфащ. КъуэкIийм къыдэкIыжыну щыхуежьэм – дэнэ къыщыдэкIыжынт!.. Хьэлъэ дыдэ хъуат. Арати, макъ тхьэмыщкIэ дыдэкIэ чэчэн щIидзащ. Бажэм, блэкIрэ пэт Iуэхур къызэрекIуэкIар илъэгъуати, бжьэпэм щхьэщыхьэри, мо къуэкIийм къыдэмыкIыжыфу гъуэгыу дэтым ещащ: «Мис аращ, зэхэщIыкIыншэжь! А уи жьакIэр зэрызэхэт цым хуэдиз акъыл уи щхьэм илъамэ, къуэкIийм удыхьэн ипэ, укъызэрыдэкIыжыным уегупсысынт».
Хъуэрым зыхыумыщIыкI Iуэхум ухыхьэмэ, укIытэгъуэ узэрихуэнур, напэтех узэрыхъунур къыбжеIэ.
АДЭМРЭ КЪУЭХЭМРЭ
Адэм къуэ зыбжанэ иIэт, зыри зэмызэгъыу. ЗэгурыIуэну яжриIэрти, къедаIуэхэртэкъым: зэфIэнэхэрт, зэзауэхэрт. Щымыхъужыххэм, къэгубжьри, ящIэкIиящ: «Жыхапхъэ къэфхь!» – жери. Къыхуахьащ. «ЗэпыфщIыкI иджы!» – яжриIащ. Зэкъуэшхэм, дауэрэ емылIэлIами, яхузэпыщIыкIакъым. «АтIэ иджы, – жиIащ адэм, – къэфтIатэ, зэпкърыфхи, зырызурэ зэпыфщIыкIи феплъ».
Зэкъуэшхэм жыхапхъэр зэпкърахри, зырыз цIыкIуурэ псори тыншыбзэу зэпащIыкIащ.
«Мис аращ, – жиIащ адэм, – фэ фызэкъуэту фызэдэпсэумэ, зыри къыфтекIуэнукъым. Ауэ зэпымычу фызэфIэнэ-фызэныкъуэкъумэ, щхьэж и закъуэрэ фызэрегуакIуэу фыпсэумэ, псори зырызурэ игъуэ нэмысу фыхэкIуэдэжынщ».
Мы хъуэрымкIэ Эзоп жиIэну зыхэтар имытхами, гурыIуэгъуэщ: «Узэгъусэмэ, уогушхуэ, ущхьэзакъуэмэ, уэ езым куэд къыптогушхуэ».
Адыгэми: «ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIут къамэрэ», «ЗэкъуэшитI зэдеIэмэ, абрэмывэ трач», «Зэшыбэ бэрыхьщ», «ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ», «Хъушэм къакIэрыхуа мэлыр дыгъужьым пэщIохуэ», – жи.
ХЪУМПIЭЦIЭДЖЫМРЭ ТХЬЭРЫКЪУЭМРЭ
ХъумпIэцIэджыр псынэ ешкIурэхым Iухьащ. Ефэну зыщригъэзыхым, толъкъуныр къепхъуэри – ирихьэхыу хуежьащ. Тхьэрыкъуэр блэлъэтрэ пэт псым итхьэлэ хъумпIэцIэджым гу лъитэри, жьэдэлъ чымпэр къыхуридзыхащ. ХъумпIэцIэджым чымпэр иубыдри – арыххэу къелащ. Зэман дэкIащ. ЩакIуэм тхьэрыкъуэ къиубыдын мурадкIэ ныбгъуэхьэш игъэуври, къекъуу зэрызэхуищIыну и кIапсэ кIапэр иIыгъыу, пабжьэм зыщигъэпщкIуауэ хэст. Абдеж къыщетIысэха тхьэрыкъуэм, щакIуэм бзукъашэу ирикIута хугум еуIуурэ ныбгъуэхьэшым ихьэным нэсыпам, хъумпIэцIэджым гу лъитащ. Пабжьэм хэсым епщылIэри, къыхигъэгызыкIыу, и лъакъуэм едзэкъащ. Тхьэрыкъуэр, щакIуэм и макъыр щызэхихым, ныбгъуэхьэшым имыхьэу, лъэтэжащ. Апхуэдэу тхьэрыкъуэм зэ къригъэла хъумпIэцIэдж цIыкIури сэбэп къыхуэхъужащ – езыри ажалым IэщIигъэкIащ.
Мы хъуэрымкIэ Эзоп жиIэну зыхэтар имытхами, гурыIуэгъуэщ.
Апхуэдэхэм деж адыгэм япэщIыкIэ жеIэ: «ФIы щIэи псым хэдзэ», итIанэ: «ФIым фIыщIэ пылъщ», «ФIым фIы къыпокIуэри, Iейм Iей покIуэж».
ХЬЭМРЭ И НЫБЖЬЫМРЭ
Хьэм лы Iыхьэ жьэдэлъу псым зэпрыкIырт. Псым щыхэплъэм, нэгъуэщI зы хьэ гуэр лы Iыхьэ нэхъ иныж жьэдэлъу къыблэкIыу къыщыхъуащ. Езым жьэдэлъыр хыфIидзэри, и ныбжьым телъащ, абы жьэдэлъ лыр къытрихыну. Ауэ ныбжьыр – пкъыншэти – кIуэдыжащ, езы хьэ нэпсейм и лыр псым ирихьэхащ.
Мы хъуэрыр нэпсейм зэрыхуэгъэзар гурыIуэгъуэщ.
Апхуэдэхэм деж адыгэм жеIэ: «Зи Iыхьэ зыфIэмащIэм хьэм фIешх».
ШЫМРЭ ДЫГЪУЖЬЫМРЭ
Дыгъужьым шы табыным хэт шыщIэр илъагъури, ар ишхыну ехъуэпсащ. Нэхъ гъунэгъуу бгъэдохьэри яжреIэ:
– Мо фэ къыфхэт шыщIэ цIыкIур ещIэкъуауэу сфIощI… Сыт, зэрывгъэхъужынур фымыщIэу ара? Дэ, дыгъужьхэм, зы хущхъуэ диIэщи, ар епхьэлIэмэ, зэи емыщIэкъуэуэжу, занщIэу хъужынущ.
ШыщIэм и анэм жеIэ:
– СлIо, ар зэрагъэхъуж хущхъуэ уэри уиIэу ара?
– Сыт щхьэкIэ симыIэу? Ар дэ сыт щыгъуи тIыгъщ.
– НтIэ, пIыгъмэ, япэщIыкIэ мы си кIэбдз лъакъуэр схуэгъэхъуж, фIалъэр Iейуэ къыхоузыкIри… ШыщIэр итIанэ бгъэхъужынщ.
Арыххэу дыгъужьыр и щIыбагъымкIэ къыдегъэхьэри, хуэзанщIэ щыхъум, и кIэбдз лъакъуитIымкIи йотхауэри, и дзэхэр къыхуIуеуд.
Апхуэдэхэм деж адыгэм жеIэ: «Е лъыхъуэр ем ехьыж», «Ер зи нэрыгъым и гурыгъыр зэрож».
АСЛЪЭНЫМРЭ ДЗЫГЪУЭМРЭ
Аслъэным, дзыгъуэ цIыкIум и зекIуапIэм деж зыщигъэукIурияуэ, зыщигъэпсэхурт. Дзыгъуэ цIыкIур абы блэкIын хуей щыхъум, зи нэр зэтепIауэ щылъым сызыхищIэнкъым, жиIэри, игъэкIылу и щIыфэм ирижащ. Аслъэныр пхъуэри, и гущIыIум къихьа нэмысыншэр къиубыдащ. Дзыгъуэ цIыкIур къэлъэIуащ: «СыбутIыпщыжмэ, сэри зэгуэр сэбэп сыпхуэхъужынщ», – жери. Аслъэныр, «Уэ-хьэ-хьэхь!» – жиIэри зэрылъэлъащ, дзыгъуэ цIыкIум фIы къыхуищIэну къызэригъэгугъэр дыхьэшхэн щыхъури. Арыххэуи, гукъыдэж къезытар иутIыпщыжащ.
Зэман дэкIауэ, аслъэныр щакIуэхэм къаубыдри, жыгым кIапсэкIэ ирапхащ. Аслъэным и гъуахъуэ макъыр щызэхихым, дзыгъуэ цIыкIур къэсщ, кIапсэр зэпишхыкIри, хьэкIэкхъуэкIэхэм я пащтыхьыр ажалым къригъэлащ. Аслъэныр гуфIэжу щежьэжым, дзыгъуэ цIыкIум абы жриIащ: «ПщIэжрэ, уэ укъысщыдыхьэшхати, фIы гуэр пхуэсщIэжыну щыбжесIам? Иджы, плъагъурэ, укъызэрызгъэгугъар згъэпэжащ…»
ЦIыкIущ, хузэфIэкI щыIэкъым, жыпIэу зыри Iумпэм пщIы зэрымыхъунур, языныкъуэхэм деж нэхъ зыхузэфIэкIхэм, нэхъ къару дыдэхэми а нэхъ къарууншэ дыдэр сэбэп, щIэгъэкъуэн зыхуэхъуфынур къыуиIуэкIыу аращ хъуэрым.
