3 марта, 2026 - 09:16
Ди щIыналъэм щыщ щIалэхэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм теухуащ Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщ, егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа Коммодов Геннадий и тхыгъэр.
1941 гъэм мэкъуауэгъуэам и 23-м, зауэм и етIуанэ махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIадзащ дзэм кIуэнухэр ягъэхьэзыру. 175-нэ фочауэ дивизэр къызэрагъэпэщри, абы хыхьащ цIыху миний. Зауэм хуагъэхьэзырахэр щызэбграшыну щIыпIэм бадзэуэгъуэм и 4-м зэIущIэ щекIуэкIащ. Дивизэр Киев лъэныкъуэмкIэ кIуэну ирагъажьэрт.
… МафIэгур хуэмурэ ежьащ. Шэрхъхэр хьэлъэу зэрышхырт, фIыуэ хэкIуэта жэщым хуэтхьэусыхэ хуэдэ. Псалъэмакъхэр нэхъ мащIэ хъуами, зауэм Iухьэхэр жейм езэгъыртэкъым…
… Гъуэгухэм гугъэмрэ гъащIэмрэ зэIэпах. Апхуэдэ дыдэуи зэпащIэ. АитIур мафIэгур пIалъэ кIэщI дыдэкIэ къыщыувыIа хамэ щIыпIэм щызэрыцIыхуат. ЩIалэр 560-нэ фочауэ полкым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъут. Андрей Лобановт. Хъыджэбзыр санбатым и медсестрат. Людэт. ЗэIущIэр напIэдэхьеигъуэм хуэдэу блэлъэтащ, ауэ тIум я гущIэми зэи мыкIуэдыжын лъэужь къыханат…
Бадзэуэгъуэм и 9-м и жэщым мафIэгур пIэщIэгъуэкIэ къэувыIэри, абы ис сэлэтхэр псынщIэу къикIыну унафэ къэIуащ. Сэлэтхэр къикIыурэ, сатыру увырт. Ауэ псори къикIыу увыну хунэмысу, кхъухьлъатэ къащхьэщыхьэри, шэхэмрэ лагъымхэмрэ къатригъэщащэу щIидзащ. Абыхэм я макъхэм щIыр ягъэзджызджырт. УIэгъэхэр щэIурт, гызырт, иукIахэр щIыпIэ-щIыпIэхэм щикъухьауэ щылът. ЦIыхухэр фронтым нэмыс щIыкIэ, зауэр къапежьат.
… Нэмыцэхэр Украинэм и къалащхьэм къыдыхьэну пIащIэрт, Фастов пэмыжыжьэу Белая Церковь деж зауэ гуащIэ щекIуэкIырт. Дыдейхэр Ирпень псы бжьэпэм къыщхьэщытт, зэрыпхъуакIуэхэр абы икIыу Днепр зэпрымыкIын папщIэ. Кавказым и къуэ пэжхэр фашистхэм япэщIэуващ щIыпIэр яхъумэу.
1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м пщэдджыжьым 728-нэ ротэм зыщигъэбыда щIыпIэм нэмыцэ гуп къыхуэкIуэу хуежьащ. Ахэр хуиту, утIыпщауэ, шынагъуэ лъэпкъ щымыIэми ярейуэ къакIуэрт. Сержант ХъуэкIуэным езым къыхихыжа увыпIэм зыщигъэбыдат. Абы къыхуэкIуэ нэмыцэ сэлэтхэр нэхъ гъунэгъу къэхъуу зэрыхуежьэу ахэр и пулеметымкIэ щIигъэлъэлъу щIедзэ.
Хьэдэхэм губгъуэр ясеят. Ауэ псэухэр къэувыIэртэкъым. КъакIуэрт. Я кIуэдыпIэм зэрыхуэкIуэхэр къащыгурыIуэм, я Iэщэхэр къагъанэри, щIэпхъуэжащ. Ротэм и зауэлIхэм зыкъаIэтри, абыхэм я ужьым иту щIэпхъуащ. Ауэ куэд мыщIэу щIым зыхаIубэн хуей хъуащ: адэкIэ щыт унэхэм я унащхьэхэм нэмыцэхэр пулеметкIэ къеухыу хуежьащ. Ирпень псым и адрей лъэныкъуэмкIи топышэхэр, лагъымхэр къилъэтырт.
МафIэ гуащIэмрэ гъуэзымрэ ящхьэщыту, ди сэлэтхэм къуажэр къащтащ. Япэ дыдэу жылагъуэм дыхьар Прохладнэ къалэм щыщ Володенкэщ. Абы къилъэгъуащ гуэщыжь гуэрым зыщигъэпщкIуну щIэпхъуэжа нэмыцэр. Володенкэ абыкIэ иунэтIащ. Ауэ фашистыр игъуэтыртэкъым. Хадэ цIыкIум псыкъуий итт. Хадэ ихьэпIэм и бжэр зэрепха кIапсэр къызэратIэтIам гу лъитэри, щIалэр абыкIэ кIуащ, псыкъуийм щхьэщыхьэри иплъащ. Абы къилъэгъуащ гъущI церпым кIэрыщIауэ елэлэх нэмыцэр. Володенкэ и закъуэ ар къыхуихынутэкъым. Абы ирихьэлIэу къыIуолъадэ Щадымрэ Тазаевымрэ. Псыр къызэжэх нэмыцэр лъэгуажьэмыщхьэу ехуэхащ.
Бадзэуэгъуэм и 17-м Лобановыр уIэгъэ хъуащ. Лъыр яхуэмыгъэувыIэу ар медсанбатым яхьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ етIуанэу Андрейрэ Людэрэ зэхуэзэжын хуей хъуащ. ТIуми къагурыIуащ а тIур къызэрызэхуигъэщIар, икIи я гъащIэхэр зэпащIэну мурад ящIащ. Махуищ нэхъ дэмыкIыуи ахэр медсанбатым щызэрышащ. Ехьэжьауэ яхуэмыщIами, хабзэм къызэрезэгъым хуэдэу хьэгъуэлIыгъуэр зэфIагъэкIащ.
Мотыловкэ Иным деж зауэ гуащIэ щызэхаублащ. Ди зауэлIхэр бийм ебгъэрыкIуэну зыкъаIэтащ. Абы ирихьэлIэу, шэ къэуэжыр Лобановым и гъущI пыIэм пхрыкIри, и натIэбгъу сэмэгум техуащ. Лъыр уэру къызэжэх Лобановыр джэлащ. ЕбгъэрыкIуэныгъэр зэпагъэуащ. Фочышэр уэшхыу къатезыкIутэ бийм пэмылъэщхэу, къикIуэтыжын хуей хъуащ. Андрей зэуапIэ губгъуэм кърахыжыфакъым. АбыкIэ пщыхьэщхьэм штабым хъыбар ирагъэщIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Лобановыр хэкIуэдахэм я тхылъым ихуащ.
… Махуэ къэскIэ зауэр нэхъ гуащIэ хъурт. Бадзэуэгъуэм и 31-м екIуэкIар псом нэхърэ нэхъ гуащIэжт. А махуэм нэмыцэхэм Киев къалэр къаухъуреихьу къащтэну къеIэрт. Ар щIидзат щIэчэ зимыIэ топхэмрэ лагъырымыдзхэмрэ я зэхэуэ гуащIэкIэ. Кхъухьлъатэхэм яуфэбгъуа уафэри плъагъужыртэкъым. Абыхэм бомбэхэр уэм хуэдэу кърагъэщэщэхырт. Танкхэр щIэгъэкъуэну яIэу, лъэсырыкIуэдзэр къежьащ. ЗэрыпхъуакIуэхэр гъунэгъу къыщыхъум, Джатэжьым, Манжос, Чмихайленкэ, Хаустов сымэ я пулеметхэр лъалъэу хуежьащ. Топхэми шэр танкхэм тракIутэ. Джамиевым къыхуэкIуэ танкым тригъапсэри, мафIэ лыгъэр иридзащ. Абы и щапхъэм Абазэ Мухьэжи ирикIуащ. Зым кIэлъыкIуэу етIуанэри ещанэри якъутащ. Апхуэдэурэ, нэмыцэхэм я къебгъэрыкIуэныгъэр ягъэувыIащ. Абыхэм 2-нэ, 3-нэ махуэхэми быдапIэр къызэпратхъыфакъым, мазэ псокIи ар ялъэкIакъым. Киев къалэм и Iэгъуэблагъэм нэмыцэхэм сэлэтрэ офицеру минищэм щIигъу щафIэкIуэдащ. Махуэ 83-кIэ яхъумащ къалэр ди сэлэтхэм, танкрэ кхъухьлъатэу щэм щIигъу щызэтракъутащ.
Нэмыцэхэм, зэрагугъам хуэдэу, тынш цIыкIуу Киев занщIэу къахуэщтатэкъым. Ауэ, сыт хуэдиз хэщIыныгъэ ямыгъуэтами, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм фок1адэм и 10-м къалэр къаухъуреихьащ. Ди дзэхэм ар къамыгъанэу хъуакъым. 175-нэ дивизэм щыщу къэнахэр, нэмыцэхэм къаухъуреихьа къалэм дамыубыдэн щхьэкIэ, зауэурэ, гуп-гупурэ загуэшурэ къыдэкIащ. Языныкъуэ гупхэр Япэ Белорус фронтым и дзэхэм яхыхьащ. Абыхэм ящыщщт Лобановэ Людэ зыхэта медсанбатри. Ар Берлин нэсауэ щытащ.
1945 гъэм, мэлыжьыхьым и пэщIэдзэхэм Людэ письмо къыIэрохьэ. Къэзытхыр и щхьэгъусэрат… Илъагъур и фIэщ хъуртэкъым, ауэ хъэтIыр зейр Андрейт. КъызэрыщIэкIымкIэ, уIэгъэ хьэлъэ хъуа сэлэтыр мэзым нэху щыхукIэ щIэлъащ. Абы лъы куэд фIэкIуэдат. А щIыпIэм щыпсэухэр пщэдджыжьым абы хуозэ. Яхьри ягъэпщкIу. 1943 гъэм Васильковскэ районыр хуит къыщащIыжым, Лобановыр ди дзэм къахохьэж. 1944 гъэм и кIэуххэм ар аргуэру уIэгъэ мэхъу. УIэгъэщым щIэлъу, ар и благъэхэм яхуотхэ икIи къещIэ и щхьэгъусэр зыхэт частым и пощт номерыр. Ахэр щызэхуэзэжар 1946 гъэрщ. Зэгъусэу дзэм къыхокIыжри, я щIыпIэ дахэм, Налшык къагъэзэж…
175-нэ дивизэм Щхьэлыкъуэ щIалэхэу 78-рэ хэтащ. Абыхэм ящыщу щым къагъэзэжауэ аращ. Ахэрат Налшыкрэ Прохладнэрэ щыщу къадэзэуахэм я гугъу къытхуэзыщIыжар.
