11 ноября, 2025 - 09:19

Бгыщхьэм къыщожьэри псы цIыкIу гуэр ТIуапсэ деж хым щыхохуэж. ПсынэкъуэкIэ йоджэ абы. Псынэкъуэ и ижьырабгъукIэ жыг хадэшхуэ щылъщ. Хадэм Iуащхьэ итащ, Псынэкъуэ IуащхьэкIэ еджэу щытауэ. Iуащхьэр нобэ къэсакъым - къатIащ. Iуащхьэ Iэджи къатI, Iэджи къыщIокI пасэрей Iуащхьэжьхэм. Псынэкъуэ Iуащхьэм къыщIэкIащ… испы унэ абрагъуэ. Куэдрэ урихьэлIэкъым Iуащхьэ зытращIыхьыжа испы унэ - закъуэтIакъуэххэщ, абы ящыщщ Псынэкъуэ Iуащхьэм къыщIэкIа кхъэлэгъунэр. Хы Iуфэм Iус адыгэхэм (шапсыгъхэм) ящIакъым Псынэкъуэ Iуащхьэм испы унэ зэрыщIэтыр - ар къатIыху.
Псынэкъуэ Iуащхьэм къыщIэкIа кхъэлэгъунэр адрей испы унэхэм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым: мывэ пхъэбгъуиплI зэупсеящ, и щхьэм мывэ пхъэбгъуитI тегъэлъэдащ, мывэ пхъэбгъухэр джафэу упсащ, я щIыфэм тхыпхъэщIыпхъэ гуэрхэр хэщIыхьащ. Адрей испы унэхэм Псынэкъуэ кхъэлэгъунэр къызэрыщхьэщыкIыр нэгъуэщIщ: ар хы Iуфэм Iус адыгэхэм (шапсыгъхэм) я тхьэлъэIупIэу щытащ. ЗэкIэ гурыIуэгъуэкъым Псынэкъуэ кхъэлэгъунэм Iуащхьэ щIытращIыхьар. ГурыIуэгъуэр зыщ: ар кхъэлэгъунэ къудейуэ щытагъэнукъым. Абы щыхьэт тохъуэ Псынэкъуэ кхъэлэгъунэм хъурейуэ кърагъэувэкIа мывэ пхъэбгъухэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Псынэкъуэ испы унэр пасэрей обсерваторэ лIэужьыгъуэщ, гъэм я зэблэкIыгъуэр, махуэр здынэсар, дыгъэ къыщIэкIыгъуэр, дыгъэ къухьэгъуэр, мазэщIэ къыщыунэхур, нэгъуэщIхэри щагъэбелджылыуэ щытауэ.
Испы унэхэр къыщатIыжкIэ пасэрей хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщIокI: къуэщын къутахуэ, фалъэ, лагъэ, Iэгубжьэ, джыдэ, фIанэ, шабзэ, мывопцIэ, къинэмыщIхэр. Испы унэ зыбжанэм къыщIэкIащ пасэрей гъубжэ - дигу къэдгъэкIыжынщ нартхэм гъубжэ яхуэзыщIа гъукIэм, Лъэпщ и хъыбарыр.
Испы унэхэм къыщIэкIащ вы, жэм, шы, бжэн, мэл къупщхьэхэр, ар щыхьэт тохъуэ испы унэхэр зи IэдакъэщIэкI пасэрейхэм Iэщ зэрахуэу, мэкъумэш ящIэу, щакIуэу зэрыщытам. Испы унэхэр зыщIахэр щыгъуазэ хъуауэ щытащ гъущI гъэвэкIэми: абыхэм къызэранэкIа Iэмэпсымэхэм я нэхъыбэр къызыхэщIыкIар гъущIщ. «ГъущI» псалъэмрэ абы и лъабэжьэгъу псалъэхэмрэ («гъуху», «гъуаплъэ») ныбжьышхуэ дыдэ зиIэ пасэрей псалъэхэм хабжэ - адыгэбзэм а псалъэхэр къызэригъэщIрэ илъэс мин зыбжанэ хъуащ.
* * *
«Зи мэIуху дыщафэ, афэр зи джанэ куэщI» - апхуэдэ псалъэ ущрохьэлIэ Сосрыкъуэ и пшыналъэм: зекIуэ ежьэнумэ, нартым афэ джанэ зыщитIагъэ хабзэщ. Афэ джанэ ящыгъщ Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Батрэзи, адрей нартхэми – ар зыщыгъым шабзэкIи бжыкIи пэлъэщыгъуафIэкъым. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ афэ джанэр адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрызэрахьам; адыгэ зауэлIхэм афэ джанэ зэрахьащ Кавказ зауэм и лъэхъэнэми – епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм. Щыгъуазэхэм зэратхыжамкIэ, афэ джанэ зыщыгъ адыгэ шум сэшхуэкIи бжыкIи упэлъэщыртэкъым, ар апхуэдизкIэ нейт, быдэти. Аращ адыгэхэм я IэдакъэщIэкI афэ джанэр цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щIыщытар: афэ джанэ ирагъэщIын щхьэкIэ, адыгэ IэпщIэлъапщIэхэр урыс пащтыхьхэм куэдрэ ирагъэблэгъащ; адыгэ афэ джанэр щыцIэрыIуэт гъунэгъу лъэпкъхэм я дежи.
Адыгэ афэ джанэм и «щэху» псор къэсакъым ди деж – езыр IэщIыб щащIыжым, и «щэхухэри» кIуэдыжащ. Музейхэм нобэ щахъумэ адыгэ афэ джанэхэр нэхъ щIагъуэ дыдэхэм зэращымыщым шэч хэлъкъым. Афэ джанэ щыIащ, зэкIуэцIыплъхьэмэ, IэмыщIэм къимыщу, – адыгэхэм апхуэдэ афэ джанэ ящIыфу зэрыщытам щыхьэт техъуэр мащIэкъым.
Афэ джанэр щIын щIадзащ пасэ дыдэу – цIыхум шабзэшэхэмрэ бжымрэ зыщихъумэн хуей хъуа нэужь. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, адыгэхэр гъущIым нэIуасэ хуэхъуащ (е ар ягъавэ хъуащ) илъэс 3000 – 3500-рэ ипэкIэ. Абы и ужькIэ, дауи, лIэщIыгъуэ Iэджэ дэкIын хуейт гъущI кIапсэ псыгъуабзэм афэ джанэ къыхащIыкIыф хъун щхьэкIэ: гъущI кIапсэ псыгъуабзэм нэм къищтэф къудейуэ тхьэгъу цIыкIунитIэхэр къыхэпщIыкIыурэ ней-нейуэ зэрыбдзэн щхьэкIэ, Iэзагъышхуэ пхэлъын зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ – пасэрейр абы щIэх хуэIэрыхуэ хъуакъым.
ГъущI кIапсэ псыгъуабзэм тхьэгъу жьгъейхэр къыхащIыкIыурэ зэрадзэ хъун и пэкIи ящIу щытащ афэ джанэ. Апхуэдэ афэ джанэр къызыхащIыкIыр фэт – выфэ, домбеяфэ, бланафэ, н. «Афэ» псалъэм и мыхьэнэр иджыпсту гурыIуэгъуэжкъым, ауэ шэч хэлъкъым абыкIэ псэущхьэ гуэрым еджэу зэрыщытам, абы щыхьэт тохъуэ «Афэбг» цIэри «афэ джэдыгу» псалъэри. ЗауэлI джанэр фэм къыхамыщIыкIыж хъуа нэужьи абы и цIэм «афэ» псалъэр къыхэнащ – псалъэхэм я тхыдэм апхуэдэр къыщыхъу хабзэщ.
* * *
ЩIэныгъэм зэригъэбелджылащи, псори зэрызэпсалъэ, зэрызэгурыIуэ бзэм нэмыщI, пасэрей щакIуэхэм, зекIуэлIхэм бзэ лIэужьыгъуэ гуэр яIащ, зекIуэбзэкIэ, щакIуэбзэкIэ еджэу: щIагъыбзэкIэ зэпсалъэрт зекIуэ ежьа шухэр, псэущхьэхэм я цIэ ираIуэртэкъым щакIуэхэм. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ: зекIуэлIым и щэхум щыгъуазэIа хъунутэкъым - хэт и гъусэ, дэнэ лъэныкъуэкIэ здиунэтIынур, я гъуэгур кIыхь, хьэмэрэ кIэщI? Псэущхьэхэм я цIэ ираIуэмэ, щакIуэхэм я Iуэху къадэмыхъуну (къамыщэкIуфынуIауэ) ялъытэрт. ЗекIуэлIхэм я бзэм бзыщIа щыхъурт, псалъэм папщIэ, «шы», «шабзэ», «Iэщэ», «гъуэгу», «джатэ», «къамэ», «сэшхуэ», къинэмыщI псалъэхэр, абыхэм я пIэ ирагъэувэрт езы зекIуэлIхэм фIэкI нэгъуэщIым къыгурымыIуэ псалъэ IэрыщIхэр. ЯбзыщI псалъэхэр бзэм щыхэкIуэдыкIыжыпи къыщыхъу щыIащ, абыхэм я пIэ иувауэ ди бзэм нобэ къыщыдогъэсэбэп зекIуэбзэм, щакIуэбзэм къыхэкIа псалъэ куэд.
ЩакIуэбзэм къыхэкIащ, псалъэм папщIэ, псэущхьэхэм я нэхъыбэм я цIэхэр: дыгъужь, мыщэ, тхьэкIумэкIыхь, бжьо, хьэIуцыдз, кIэпхъ, нэгъуэщIхэри - ахэр зэгуэр ябзыщIа псэущхьэцIэхэм я пIэ иувэри, ди бзэм къыхэнауэ ноби къыддогъуэгурыкIуэ. Зыми ищIэжыркъым пасэрей адыгэхэр дыгъужьым, мыщэм, тхьэкIумэкIыхьым, бжьом, кIэпхъым зэреджэу щытар, нобэрей ди бзэм къыщызэтенар я фэм, я дунейтетыкIэм елъытауэ а псэущхьэхэм къыхуагупсыса цIэхэрщ: Iэщ, мэл яфIэзыхь (яфIэзыдыгъу) хьэкIэкхъуэкIэм и цIэр ябзыщIри, «дыгъужь» фIащащ, щакIуэм нэхъ зримыку, нэхъ зыщышынэ псэущхьэм «мыщэ» цIэр тригъэIукIащ (и цIэ дыдэр ибзыщIри); апхуэдэущ тхьэкIумэкIыхьми, кIэпхъми, бжьоми, хьэIуцыдзми я цIэ дыдэхэр яфIэкIуэдурэ цIэщIэ зэрагъуэтар.
Къартул Хьисэ.

