25 марта, 2025 - 09:10
Адыгэм хабзэфI, хабзэ угъурлы куэд гуфIэгъуэм, гузэвэгъуэм епхауэ пасэм яIащ. Абыхэм яхэтщ зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтауэ нобэ зэрахьэхэр: цIэфIэщджанэр, кхъуейплъыжькIэрыщIэр, нэчыхьытхыр, мафIащхьэтыхьыр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм нэмыщI щыIэщ яIэщIэхужауэ ирамыгъэкIуэкIыж тхьэлъэIухэри, гуфIэгъуэм, нэщхъеягъуэм е нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуауэ адыгэм яфIэфIу ягъэзащIэу щытауэ. Апхуэдэхэщ кIэлъыгъэхуабэр, къурагъеупсейр, вакIуэдэкIыр, нэгъуэщIхэри.
Мы иужьрейхэм къахэзгъэщыну сыхуейт кIэлъыгъэхуабэр. ДыкъытеувыIэнти мы псалъэм и къэхъукIэм: кIэ-лъы-гъэ- лъабжьэпэхэщ (префиксхэщ); хуабэ жыхуиIэр лъабжьэщ. КIэ-лъы- лъабжьэпэхэм зыгуэрым и ужь иту къэхъу, екIуэкI лэжьыгъэ мыхьэнэ къагъэлъагъуэ. Мис псалъэм папщIэ: кIэ-лъы-дэ-кI-ы-н - зыгуэрым и ужь иту дэкIын (п.п пщIантIэм), кIэ-лъы-с-ы-н – зыгуэрым и ужь иту зыщIыпIэ нэсын; гъэ-р глагол лъэIэсыр къэзыгъэхъу лъабжьэпэщ, псалъэм папщIэ, гъэджэгун, гъэлэжьэн. КIэ-лъы-гъэ- лъабжьэпэхэмрэ хуабэ лъабжьэмрэ зэхыхьэри къэхъуащ кIэлъыгъэхуабэ псалъэр.
АдэкIэ хуабэ псалъэр къатщтэмэ, и закъуэуи, псалъэ къызэрыхъу, псалъэр зэзыхъуэкI лъабжьэпэхэм, лъабжьэужьхэм (суффиксхэм) я гъусэуи куэд дыдэрэ адыгэбзэм къыщокIуэ. Мис щапхъэхэр: е-хуэбы-лI-э-н – зыгуэрым «хуабэу» хущытын (абы и псалъэр гум ехуэбылIэн); зыгуэрым зыгуэр хуабэ ехъуэкIын (бэлътор ехуэбылIэн); къе-хуэбэ-кI-а-щ – зыгуэрым дежкIэ зэрыщытын хуейм нэхърэ хуабагъэр нэхъыбэщ (п.п пэшыр, джэдыгур).
Мы псалъэхэми кIэлъыгъэхуабэ жыхуиIэми я пкъыр хуабэ-р арами, мыхьэнэкIэ икъукIэ зэпэжыжьэщ. Япэрейхэр лэжьыгъэцIэмэ (глаголмэ), мыр щыIэцIэщ. ИтIанэ хабзэ дахэу пасэрей адыгэм зэрихьэу щытащ. Унагъуэм ис нэхъыжьхэр хьэщIапIэ ежьамэ е цIыхухъухэр зекIуэ ежьамэ гъуэгу техьахэм папщIэ «кIэлъыгъэхуабэ хуащIырт». Дауэт ар зэращIыр? Хэт джэд, хэти гуэгуш (зэрыхуэкъулейкIэ) яукIырт, абы щIыгъуу шхын IэфIхэри япщэфIырт. Хьэзыр хъуа иужь Iэнэм трагъэувэрт, унагъуэм къинахэр етIысылIэрти, гъуэгуанэ техьахэм папщIэ бэIутIэIуншэу, узыншэу, я Iуэхухэр къехъулIауэ къекIуэлIэжын папщIэ хъуахъуэурэ IэфIу зэдэшхэрт.
Мэлей ФатIимэ.