21 января, 2022 - 14:39
ШыгъупIастэм къимыхь щыIэ?
I
- Дауэ сыщытын: си лъакъуитIыр щIэхуарэ гунэдж лъэпкъ симыIэжу сыщысщ, сыкъопэзэзэхри, - жеIэр Хьэбалэ къыщIэупщIэну (махуэ къэс зэхуэмызэфыми, телефонкIэ куэдрэ зэрыщIэрт) къэпсэлъа Емынэжь жэуап иритыжу. – КъэпщытакIуэ къэкIуауэ, а фи курсэгъуу щыта фейцейм (Хьэмзэтт жыхуиIэр) сыкъретхэкIыр, си лэжьэкIэм нэхъ кIуэцIрыхуа щымыIэу къилъытэу. СщIэркъым сызэрыхъунур. СыIуагъэкIыжынкIэ сышынэу, согузавэ… Бетэмал, IэнатIэ тыншт мы сыздыIутыр. Ахъшэ хъарзыни къызатырт, пенсымрэ абырэ унагъуэм хуиту дрикъурт…
Я ныбжьэгъум и лэжьыгъэр Iейуэ зэрагъэдзэкIыу, къызэрапщытэр зэрызэхахыу, занщIэу зыкърачри, Емынэжьрэ Дэлхьэтрэ Хьэбалэ и деж къэкIуащ, я хэгъэрей гуэрым и деж хьэщIапIэ кIуэм хуэдэу, фадэбжьэ зрикъунрэ абы хуэфэщэн шхыныгъуэрэ къаздащтэри.
- ТхьэмыщкIэжь мыгъуэ, цырыцу узэрагъэдзэкIырэ-тIэ? – жеIэр Дэлхьэт и гъусэу кабинетым къыщIэпкIа Емынэжь, сэлам-чэламхэм ипэ къихуэу. – Уи сэфэтми уитыжкъыми.
- Уи пэжьыри сыту Iейуэ къыпылэлрэ, хъарып? – жеIэ Дэлхьэт, и ныбжьэгъум дежьууэ.
- Пэ дэнэ къыщына, уэлэхьи нэгъуэщI гуэрхэри къыпылэлынкIэ хъунумэ, сэ сыкъызэратхыхьар къафщIэмэ, - Хьэбалэ и ныбжьэгъухэм яхуотхьэусыхэ. – Мэт, феджэт а бзаджэнаджэм (къэпщытакIуэ Хьэмзэтт зи гугъу ищIыр) итха справкэ фейцейм…
Инспекцэм и начальникым и цIэкIэ ягъэхьэзыра а дэфтэрым итт:
Къэпщытэныгъэ екIуэкIым къызэригъэлъэгъуащи, лэжьыгъэм фэбжь къыщымыгъэхъун Iуэхур икъукIэ зэкIэлъымыкIуэу IуэхущIапIэм къыщызэгъэпэщащ.
Зэрызэхагъэувэрэ зэманыфI дэкIа пэтми шынагъуэншагъэ техникэм ехьэлIа Инструкцэр къагъэщIэрэщIэжакъым. ЛэжьакIуэхэр зэхуашэсурэ ар щрагъэджыр зэзэмызэщ.
Iэмэпсымэхэм я гугъу пщIыуэ щытмэ, абыхэм я щытыкIэм дагъуэ куэд хуэпщI хъунущ. Къапщтэмэ, белхэм яфIэлъ кIыр IэрыщIщ, заводым щамыгъэхьэзырауэ. Уадэхэм ядэукIа хьэлэхэри къызыхэщIыкIар гъущI щабэкъым, атIэ ткIийщ, къыдэцIэфту фэбжь къигъэхъун хьэзыру.
КъимыдэкIэ, компьютерым бгъэдэс машинисткэр зытес шэнтжьейр сыджым фIэджэрэзыхьыркъым, сыкъыу зэфIэт мыхъум. Мыр куэдрэ къэзыгъэсэбэп секретарми зарядкэ ищIыркъым, зэман пыухыкIакIэ къэтэджурэ. Инструкцэм къигъэув мардэхэм ар къезэгъыркъым.
МафIэсым ебэнын лэжьыгъэри IуэхущIапIэм икъукIэ щызэкIэлъымыкIуэщ. Пшахъуэ зэрылъ гъущI чей яIэкъым, пхъэбгъу зэIулIам икIута мыхъум. Пэгунхэр плъыжьу лакъым. ПхъэнкIий кIэрыхубжьэрыхухэр, тхылъымпIэжь зыхуэмеижхэр щагъэс щIыпIэ хэха щыIэкъым.
Ныкъусаныгъэшхуэ хэлъщ ток Iэмэпсымэхэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэми. Розеткэ хэлъыпIэм къыщыгъэлъэгъуакъым ватт бжыгъэ дапщэм ар хухэхами. Пэшхэм фIэдза уэздыгъэхэр щызэрахъуэкIкIэ хьэфэ Iэлъэ зыIэратIагъэркъым, ток къоуэнкIэ зэрыхъунур къагурымыIуэу.
А псом къадэкIуэу, мы IуэхущIапIэм щагъэзащIэркъым цIыхубзым щысхьын хуейуэ Инструкцэм къигъэув хабзэхэр. Къэпщытэныгъэр щекIуэкI зэманым наIуэ къэхъуащ пхъэнкIакIуэ-лъэсакIуэу мыбы щылажьэ бзылъхугъэ тIорысэшхуэм хабзэкIэ ягъэува килограмм 15-м нэхърэ куэдкIэ нэхъ хьэлъэ, нэхъыбэ къызэриIэтыр, псы зырыз пэгунышхуитI зэпэшачэу кърилъэфэкIкIэрэ.
ИщхьэкIэ къыжыIа хъуа псом япкъ иткIэ икIи лэжьыгъэр дяпэкIэ нэхъ егъэфIэкIуэн папщIэ Iэмалыншэу къызолъытэ:
1. Лэжьыгъэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ Iуэхугъуэ лъэпкъ IуэхущIапIэм зэрыщрамыгъэкIуэкIыр къэгъэлъэгъуэныр;
2. И пщэрылъ къалэнхэр нэсу зэримыгъэзащIэм къыхэкIыу, лэжьыгъэм фэбжь къыщымыгъэхъунымкIэ IуэхущIапIэм и инженер Iэпщацэ Хьэбалэ IугъэкIын хуейуэ директорым хуэгъэувыныр;
3. Справкэм щыгъуазэ щIын IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ псори.
Лэжьыгъэм фэбжь къыщымыгъэхъунымкIэ Инспекцэм и IэщIагъэлI нэхъыжь Хьэмзэт,
20.05. ….
- Уэлэхьи, дружище, унэмыс щIыкIэ укъэсыжауэ арамэ! – жеIэр справкэм къеджа Емынэжь, нэхъри Хьэбалэ и гур ириуду. – «Прощай, си къулыкъу!» - жыIи ежьэж, зомыIэжьэу… Хьа-хьа!..
- ГумащIэ укъэхъурэ укъэгъ хъужыкъуэмэ, уэлэхьи, бэлътоку зыщыплI къыпхуэтщэхунмэ, уи нэпс шыугъэхэр щIэплъэщIыкIын хуэдэу. Хьа-хьа!
- АбыкIэ урикъумэ напэIэлъэщI кIыхь къыпхуэтщэхунщ, Дэлхьэт сэрэ ахъшэ тIэкIу зэхэддзэнщи.
- Скинемся, уэлэхьи!
БампIэгъуэр лъхуэри зэгуэдыгъуэр къилъхуащ жыхуаIэм хуэдэу, и ныбжьэгъуитIым я гушыIэ мышыум щхьэкIэ Хьэбалэ зэгуэпырт, зэгуэудырт, ауэ зыри абыхэм япидзыжыфыртэкъым, апхуэдизкIэ и щхьэр и жагъуэти.
СыткIэ имыжагъуэнрэт? Пенсэм кIуа нэужь (щIалэIуэу тIысыжат, зэрылэжьэн хуей стажыр зэрырикъуу), илъэсым щIигъукIэ ар лэжьапIэншэу щысат, зыдэувын IэнатIэ имыгъуэту. Иджыпсту зыдыIутри, ерагъпсэрагъкIэ къигъуэтат. Ар фIэкIуэдмэ сыт ищIэнур? Дэнэ зыдэкIуэнур? Мы зэманым лэжьапIэ къэгъуэтыгъуейщ. Уэздыгъэ нэхукIэ дэнэ къэна прожекторкIэ къыпхумыгъуэтыну.
Апхуэдэу здэщысым Хьэбалэ йогупсыс, и ныбжьэгъухэм закъримыгъащIэу: «ПсыхэкIуадэ хъуауэ аракъэ мыбы сыкъызэрыкIуэрэ дэкIа мазэ зыхыблым сщIа псори? МашинкэкIэ си IэкIэ тездзэжурэ, Инструкцэ мащIэ къэзгъэщIэрэщIэжа? Билет зэхэзгъэувэурэ, лэжьыгъэм ехьэлIа шынагъуэншагъэр зэращIэм теухуауэ лэжьакIуэхэм экзамен зэрезгъэтар-щэ? Фэбжь зыгъуэтам япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат щIыкIэр абыхэм Iэджэрэ зэрезгъэлъэгъуам, сыкIуэурэ объектхэм куэдрэ сызэрыкIэлъыплъам, зыхуеину псомкIи, лэжьакIуэ щыгъын, вакъэ, IэлъэкIэ къызэрызэгъэпэщам, адрей-модрейхэм я гугъу умыщIыххэ. Техникэ шынагъуэншагъэмк1э инженерым аракъэ и къалэныр?..»
- Уэлэхьи, хъарып, уи Iуэхур ядри ябзыжауэ арамэ! – жеIэр Дэлхьэт уIэгъэм шыгъу трикIутэу. – Иджы дауэ ухъужыну?
- Зэрыхъужынур пщIэркъэ? – жеIэр Емынэжь, и ныбжьэгъум дежьууэ. – ПщIантIэм дэсынщ, гъунэгъу гаражхэм щIэсынщ лIыжьхэм куэзыр е домино ядэджэгуу. Языныкъуэхэм дежи абыхэм фадэбжьэ тIэкIу ядефэнщ, зы мыIэрысэ цIыкIу е бжьыныщхьэ хъурей дишхыурэ. Хьа-хьа.
- Исключительнэу правильнэ, уэлэхьи: пенсионерхэм я лэжьыгъэр аращ!
- КхъыIэ, фи къавэбжэр зэхуэфщIи, сыт сщIэнуми къызжефIэ, - мэлъаIуэ Хьэбалэ, и ныбжьэгъухэм захуигъазэу. – ЖыфIэт, сыт сщIэнур?..
ЯщIэнум и планыр Емынэжьрэ Дэлхьэтрэ пасэу зэхагъэувакIэт.
II
Къэпщэтыныгъэ иригъэкIуэкIам теухуауэ итха справкэр компьютеркIэ хутрадзэну унафэ ищIу нетIэ щIэкIа Хьэмзэт зы сыхьэт хуэдиз дэкIауэ къигъэзэжащ, гъунэгъуу щыт тыкуэнхэр зэштегъэу IуэхукIэ къызэхикIухьри.
Хьэбалэ и кабинетым щыщIыхьэжам, ар занщIэу къэуIэбжьащ: IуэхущIапIэ пэшым къыщаузэда Iэнэм («хьэдыгъуэдахэкъэ апхуэдэ къемызэгъ пщIэну?») бгъэдэсу Емынэжьрэ Дэлхьэтрэ мыбы щIэст, къыздикIари-къыздихуари, къыщIэкIуари мыгурыIуэгъуэу.
Уи тIасхъэ куэд зыщIэ цIыхур фIыуэ пхуэлъагъуркъым, уфIэлIыкI пэтми. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу, айтIум зэрахуэзам Хьэмзэт щыгуфIыкIакъым. Ауэ дэнэ укIуэжынт?..
- Къеблэгъэж, къеблэгъэж, Хьэмзэт! – жеIэр Емынэжь, стэчан плIимэжьым аркъэр къригъахъуэурэ. – МащIэрэ дыплъыхъуа нобэ, укъытхуэмыгъуэту!
- Уэлэхьи, кинологыу ди деж щылажьэ Лешэ делъэIуу, и хьэпщIэу «Мухътар»-кIэ укъедгъэлъыхъуэжыным дынэсатэм.
- Сытыт сызэрыфщIынур? Лэжьыгъэ IуэхукIэ фыкъысхуейуэ арат?
- Лэжьыгъэ фIэкIа ныбжьэгъугъэ Iуэху щыIэкъэ: уи день рожденэр (студенту щыщыта лъандэрэ ящIэрт) дгъэлъэпIэну Дэлхьэт сэрэ дыкъэкIуащ, гъуэгуанэ кIыхь къызэпытчри.
- Дауэ? А жыхуэфIэм иджыри махуитI иIэщ, - жеIэр Хьэмзэт, фIэмыфI-фIэмыфIыурэ зэныбжьэгъухэм я Iэр иубыдурэ.
- ДощIэ, Хьэмзэт, ауэ уи Iэпкълъэпкъыр нэхъ хуэхьэзыру а махуэ лъапIэм ущысын щхьэкIэ тренировкэ тIэкIу егъэкIуэкIын хуейщ. Ди щхьэкIи, ди ныбэкIи, ди лъатэкIи дгъэунэхуауэ Дэлхьэт сэрэ абы дыщыгъуазэщ. Кандидатскэ диссертацэ пхуэттхыфынущ, ухуейуэ щытым.
- Уэлэхьи, дыхэбгъэзыхьмэ, докторски къыпхущIедгъэдзыфынумэ! Псалъэмакъ екIуэкIыр кIыхьыIуэ зэрыхъум гу лъитэри, Емынэжь Iуэхум кIэщIу я ужь ихьащ.
- Зы дзакъэгъуэ ди джийм емыхауэ икIи зы ткIуэпс идмыфауэ, уэ дыппоплъэри зыкъом щIауэ дыщысщ, - жеIэр абы, изу фадэ зэрыгъэхъуа стэчан плIимэжьыр я курсэгъуу щытам хуишийурэ. – Уи махуэ лъапIэм и саулыкъукIэ дофэр, Хьэмзэт!..
Хьэмзэт фадэр и хьэрэмтэкъым. Езым къомыгъэщэху закъуэмэ, зэрыжаIэщи, пэгункIэ пхуефэфынут. Москва дэт «Кристалл» заводым щащIа аркъэ къабзэ дыдэр зэрыт птулъкIэ дахэм щыIуплъэм, абы и гурыIупсыр къэжащ, IэфIыкIэм ехъуэпса сабийм ещхьу.
Мыр ерыскъыкIи нэхъуеиншэт: мыхьэмышх иIэтэкъым, Iэнэм къытрагъэувэ псори игъэкIуэщIырт, тепщэчхэр ибзеижу.
Мэ гуакIуэр къапихыу Iэнэм телъ гриль, шашлык, колбаса, мыIэрысэ тхъуэплъхэм и нэр щыхуэзэм, Хьэмзэт и кIэтIийхэр зэрышхащ, и ныбэр къикъуэлъыкIащ, нобэ шэджагъуашхэ зэримыщIар (хузэгуэпри Хьэбалэ игъэхьэщIатэкъым) и гум къэкIыжу.
Апхуэдэ щытыкIэ гугъум ит пэтми:
- Сефэ хъунукъым!- жеIэр Хьэмзэт, къэпщытакIуэ къалэныр и пщэм зэрыдэлъыр зыщимыгъэгъупщэу.
- Дауэ? Уэ пщIэ пхуэдмыщIыу щытамэ, мыбы нэс дыкъэмыкIуэу Дэлхьэт сэрэ зы бжьэ дефэфынут икIи IэфIу дышхэфынут.
- Спасибо. Ауэ сефэфынукъым. Тем более кабинет кIуэцIым сыщIэсу. Ар емыкIущ икIи къемызэгъщ.
- Кабинет кIуэцIым сыщIэсу пIа? – Дэлхьэт ину къэдыхьэшхащ. – Уэлэхьи, пщIэ-умыщIэми, иджы моднэр арамэ! Нэхъапэм коммунист партым щышынэрти, къулыкъущIэхэр щIыпIэ щэхухэм кIуэурэ щефэ-щешхэрт. Ди зэманым Iуэхур зэрыщытыр нэгъуэщIущ: администрацэхэм я Iэтащхьэхэри, министрхэри, нэхъыщхьэхэри зыщылажьэ кабинетхэр, «гъыкъ» жиIэу бжэр и кIуэцIымкIэ къыщагъэбыдэжри, ефэ-ешхэу зэхэсщ, я секретархэр я Iэнэзехьэу… Уэлэхьи, сэ апхуэдэ гуп мызэ-мытIэу сахэсамэ… Так что ич, укъэмыскIэу…
Псалъэ гуапэ къыхужызыIэ, гъуэгуанэ кIыхь къызэпачу, езым пщIэ къыхуащIыну къэкIуа щIалэхэр хуэмыгъэщIэхъуу, къыхуашия стэчан плIимэжьыр Хьэмзэт игъэщIеящ, «жьгъумпI» жиIэу.
III
Ефэн имыжагъуэми, Хьэсэн фадэ щIагъуэу хуэхьыртэкъым. Зы бжьэ зэригъакIуэу ар нэжэгужэ, тIу ирифа нэужь – псэлъэрей, щым щынэсам и деж – хьэлэл дыдэ къэхъурти, Iуэхур IэплIэ ешэкIыным, ба хуэщIыным хуэкIуэрт, «сыту фIыIуэу услъагъурэ!» жиIэу. Ефэрейхэм къадекIуэкI: «Ты меня ув..важ… жаешь?» псалъэуха зэпышари къыщыжьэдэхуэ щыIэт.
КъэпщытакIуэр иджыпсту апхуэдэ мэсхьэбым зэрихуам гу лъитэри:
- Дауэ зэфIэкIа, Хьэмзэт, къэпщытэныгъэ Iуэхур? – Дэлхьэт щIэупщIащ, Iуэхум зыкIи щымыгъуазэ фэр зытригъауэу. – Справкэ тIэкIуи птхыжа?
- КI… кIэн… кIэнишнэ стхыжа. Тов…товарищ Апшацев, къегъэ… къегъэлъагъут ар мы си ныб…ныбжьэгъухэм.
- И сабийр сымаджэ хъуауэ къаIуэхуати (пцIы иупсырт), машинисткэр мыкIуэжу хъуакъым, - жеIэ Хьэбалэ къэпщытакIуэм жэуап иритыжу. – Хуэм-хуэмурэ сэ тездзэнщ.
- Чо-чот с ним! Тыр…тырамыдзами къе…къе… къегъэлъагъу!
НетIэ зэреплъар я фэкIи, я нэгукIи, я щытыкIэкIи хэIущIыIу ямыщIу, Емынэжьрэ Дэлхьэтрэ справкэр гупсэхуу щIаджыкIащ, лъагъуныгъэ письмо къеджэм хуэдэу.
Къыщиудын хьэзыру здэщытым: «Уэлэхьи, мы справкэр гушыIэ рассказ бэлыхь хъуамэ, журнал цIэрыIуэ гуэрым къытребгъадзэ хъун хуэдэу», - жиIэну Дэлхьэт и Iупэм къэсат. Емынэжьи абы ещхь зыгуэри дыщIигъужыну хуеят…
Ауэ Iуэхур а щIыкIэмкIэ зыIагъэхьэнкIэ зэрыхъунум егупсысыжри, тIуми зызытраIыгъэжащ.
- Д… дауэ къыф…къыфщыхъуа си справ… справкэр? – Хьэмзэт щIоупщIэр, щытхъу псалъэ къыхужаIэным пэплъэу.
- Икъу-сыкъужкIэ фIы дыдэ хъуащ. Пэжкъэ, Дэлхьэт?
- Уэлэхьи, Емынэжь, апхуэдэу зэгъэкIуауэ, шыбжийм хуэдэу укъису, точкэ-запятойхэр тэмэму гъэувауэ уэ справкэ пхуэмытхыну… Уэлэхьи, сэри схузэхэмыгъэувэну… Ауэ, Хьэмзэт, мелочь куэдыIуэ къептхэкIащ.
- Дэлхьэт жиIэр пэжщ, Хьэмзэт, - жеIэр Емынэжь, и ныбжьэгъум и псалъэхэм адэкIэ пищэу. – СыткIэ ухуей белыкIхэр IэрыщIщ, уадэхэм ядэукIа хьэлэхэр гъущI ткIийм къыхэщIыкIащ, розеткэхэм ватт бжыгъэр къигъэлъагъуэу тхылъымпIэхэр тегъэпщIакъым жыхуэпIэхэм… Уэ ущIалэ губзыгъэщ, Хьэмзэт: ныкъусаныгъэ жьгъей дыдэхэр къомытхэкIми зэрыхъунур уощIэ…
КъыхуащI дагъуэхэр тэмэму къилъытэри икIи «Губзыгъэу» къызэралъытам и гур махэ къищIри:
- Сп…справкэр зэ къыз…къызэфтыжыт! – жиIэри Хьэмзэт къэлъэIуащ, фадэр зытегуплIэ и Iэпкълъэпкъыр зекIунтIриеу. – Фи гум щыр… щыримыхькIэ, иджы… иджыпсту абы хуэфI сы… сыхъунщ!
КхъузанэкIэ хьэжыгъэ иухуэнщI нэхъей, псалъэ къезэгъхэр бзэр къыхищыпыкIыу итха справкэр цIыкIу-цIыкIуу Хьэмзэт ичэтхъэжащ.
Iэсэ дыдэ хъужарэ, хэплъэу увыжа къэпщытакIуэр иджыпсту зэгупсысыр хэт ищIэн? Справкэр дагъуэншэу зэримытхара, хьэмэр зэрызыффIитхъыжам хущIегъуэжа?...
Епэзэзэхыу тIэкIурэ щыта нэужь:
- Сы… сыту ущIа…ущIалэфIыуэ уэ, Емынэжь! – убзэрабзэу жеIэ Хьэмзэт. – Уэри, Дэл… Дэлхьэт! Уэ…уэри Хьэбалэ! Щыри фIы…фIыщэу фыслъэгъуащ. Фэ…фэри сы…сыкъэфлъагъукъэ?...
- Ауэ сытми! – къыжьэдэлъэтащ Емынэжь, и лъакъуитIым яхуэмыIыгъыж Хьэмзэт зыщIигъакъуэуэрэ. – У-динэщ! У-дипсэщ!
- Уэлэхьи ди Iэпкълъэпкъ щIылъэныкъуэм ухуэдэмэ!
- Уэ щэ Хьэ… Хьэ… Хьэбалэ?
- Сэри?
Хьэбалэ къитыжа жэуапыр къэпщытакIуэм зэхихыжакъым: ар «гъаргу» жиIэу шэнт щытым тещэтащ, Емынэжь хуэмыIыгъыжу.
IV
Къэпщытэныгъэр зэфIэкIри, махуищ нэхъ дэмыкIыу Инспекцэм и Iэтащхьэм и цIэкIэ итха тхылъыр Хьэмзэт пощткIэ къригъэхьыжащ, компьютеркIэ тедзэжауэ.
Абы итт:
«…Къэпщытэныгъэ езгъэкIуэкIам къызэригъэлъэгъуащи, лэжьыгъэ IэнатIэм фэбжь къыщымыгъэхъун Iуэхур тэмэму IуэхущIапIэм къыщызэгъэпэщащ. ЩыIэ инструкцэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуам и мардэхэм тещIыхьауэ а лэжьыгъэр мыбы щокIуэкIыр. Iэмэпсымэ, щыгъын, вакъэ, Iэлъэ жыпIэми, узыхуей псори яIэщ. Щхьэхуэ-щхьэхуэу цIыхухэм дащеупщIым наIуэ къэхъуащ лэжьыгъэм ехьэлIа шынагъуэншагъэхэр мыIейуэ абыхэм зэращIэр, япэ дохутыр дэIэпыкъуныгъэр фэбжь къызыщыщIам зэрыратыфынур».
Апхуэдэу справкэм къыщыгъэлъэгъуат лэжьыгъэ Iуэхухэр шынагъуэншэу къызэгъэпэщынымкIэ IуэхущIапIэм и инженер Iэпщацэ Хьэбалэ и къулыкъум псэемыблэжу зэрыбгъэдэтыр, щхьэх зымыщIэ лэжьакIуэу ар зэрыщытыр, щапхъэ зытрахым хуэдэу…
* * *
ЩIэрыщIэу ятхыжу пощткIэ кърагъэхьыжа справкэм зэ къеджэжри:
- Ей мы шыгъупIастэм къимылэжь щыIэ! – жиIэри Хьэбалэ и пащIэм щIэгуфIыкIащ икIи, занщIэу екIэпсауэри, Емынэжьрэ Дэлхьэтрэ СПАСИБЭШХУЭ яжриIащ, «къызэрырагъэлам» папщIэ.