11 июня, 2024 - 13:59
Мэжджытжыгыр (сирень) дахэу зэрыгъагъэр зэмыщIэрэ абы и мэ гуакIуэм димыхьэхрэ щыIэу къыщIэкIынкъым. ЩIымахуэ нэужьым псэр зыщIэхъуэпс гъатхэ дахэм и нэщэнэ нэхъыщхьэщ а къэкIыгъэр. Апхуэдизу псоми фIыуэ тлъэгъуа мэжджытжыгым теухуауэ сыту пIэрэ тщIэр?
А къэкIыгъэр чыцэ лIэужьыгъуэщ. Ар къагъэкIын зэрыщIадзэрэ илъэс 500-м нэблэгъащ, а лъэхъэнэм къриубыдэу абы и лъэпкъыгъуэу 2300-м щIигъу къагъэхъуащ. Ахэр псори зэщхьэщокI я теплъэкIэ, я плъыфэкIэ, я мэ гуакIуэмкIэ.
Дэ нэхъ тцIыхури нэхъыбэрэ дызрихьэлIэри мэжджытжыг щIыху-шакъафэрщ. Ауэ щыIэщ мэжджытжыг хужьи, къащхъуи, хужь-тхьэмбылыфи, плъыжьыфи.
А къэкIыгъэм и мэ гуакIуэр зыхэгъуэщэн щыIэкъым. Ар щыгъагъэкIэ абы къыпих мэр, абы и гъунэгъуу ущымытми, фIы дыдэу къыпщIехьэ. УзыIэпишэрэ, а къэкIыгъэр здэщыIэ лъэныкъуэр къыуигъэлъэхъуэу а гуакIуагъэр хьэуам хэтщ. ФщIэрэ, мэжджытжыгым и гъэщIэгъуэнагъхэм ящыщ зыщ абы и лIэужьыгъуэхэм мэ лъэпкъ къызыпимых зэрахэтыр. ФIэщщIыгъуейщ, ауэ венгер мэжджытжыгыр апхуэдэщ, и теплъэкIэ мыхъумэ, и мэмкIэ укъыдихьэхыфынукъым.
Мэжджытжыгыр лIэщIыгъуэкIэ мэпсэу. Ар цIыхухэм яхуэщхьэпэ къэкIыгъэщ. Абы къыпах эфир дагъэр, зэрыжаIэу, дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Абы и щхьэусыгъуэр лэжьыгъэ гугъуу, зэманышхуэ текIуадэу зэрыщытрагъэнщ. Мэжджытжыгым къыпах эфир дагъэм и зы килограммым доллар мини 100-м нэс и уасэщ. Апхуэдэу а къэкIыгъэм къыхащIыкI хущхъуэщыхуэ, ар сэбэп хуохъу ревматизмэм, и тхьэмпэхэм уIэгъэхэр ягъэхъуж, и гъэгъа цIыкIухэм узыр пщхьэщах.
Мэжджытжыгыр ехъулIэныгъэм и нэщэнэщ. Хэт абы и гъэгъахэм къапщIиитху пыту къэзымылъыхъуар?! Апхуэдэр къэбгъуэтарэ хъуэпсапIэ гуэр уигу ибубыдэрэ пшхымэ, Iэмал имыIэу ар къохъулIэну къалъытэрт!