1 декабря, 2021 - 17:27
Теплъэгъуэ щхьэхуэ
Къэбэрдейм ит Къэнжал бгым и деж 1708 гъэм щекIуэкIа зауэзэрылIыр кърым хъан Къаплъэн-Джэрий и махуэ мыгъуэт. Абы щыгъуэщ тэтэр пщы-уэркъхэм я нэхъыфIыщхьэхэр къанэ щымыIэу Къэнжалыкъуэм щыдэкIуэдар. И къуэшыр, и къуэр, и армэм здришэжьа жыжьэрыуэ топхэм я нэхъыбэр зыфIэкIуэда езы хъаныр ерагъыу псэууэ къела къудейщ. Къаплъэн-Джэрий и щхьэ кърикIуа щIэщхъур Кърымым къыщыхуамыгъэгъуу, щхьэусыгъуи къамылъыхъуэу, къэралым нэгъуэщI хъан трагъэувауэ щытащ.
Щхьэусыгъуэм и цIэр Шэхьбазт
Нобэ языныкъуэ тхыдэджхэм 1708 гъэм екIуэкIа Къэнжал зауэр Къэбэрдеймрэ Кърым хъаныгъуэмрэ я зэхуаку щекIуэкIа зауэм и кIэух хуэдэу утыку кърахьэ. Пэжщ, зауэзэрылIыр екIуэкIащ, ауэ ахэр зытепсэлъыхь зауэр гурыIуэгъуэкъым. Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ адыгэхэр (шэрджэсхэр) хъаныр зыхъумэ дзэм зэрыхэтар, къэралыгъуэм и унафэ щIыпIэ нэхъыщхьэм – Кърым диваным – къулыкъу лъагэ дыдэхэр щаIыгъыу зэрыщытар. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи - адыгэхэр Джэрий лIакъуэм и хъаныкъуэ псоми я атэлыкъхэт – я адэ пэлъытэхэт. Абы шэч закъуи къигъанэркъым Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щыпсэуа бгырысхэр хъаныгъуэм игъэпщылIу щыта хуэдэу жызыIэ хъыбархэм тегъэщIапIэ зэрамыIэмкIэ.
КъинэмыщIауэ, тепщэгъуэр зыIыгъ Джэрий лIакъуэр Шэрджэсым и пщы къудамэхэм Iыхьлыгъэрэ политикэ къуэпскIэ епхат, абыхэм къэбэрдеипщ цIэрыIуэхэм благъагъкIэ зыпащIэхэрт, Кавказым щаIэ я Iыхьлыхэм сыт щыгъуи екIуэлIапIэрэ щIэгъэкъуэнрэ щагъуэт зэпыту къекIуэкIырт. Гу лъытапхъэщ, къэбэрдеипщхэм я нэхъыбэр кърым хъанхэм я акъылэгъуу икIи я IуэхущIэгъуу зэрыщытами. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Кърымымрэ Къэбэрдеймрэ я зэхуаку зауэ щекIуэкIащ жыпIэ хъунукъым, Къэнжал зауэзэрылIыр а къэралыгъуитIыр зэрызэбгъэдэта щIыкIэм щыщ теплъэгъуэ щхьэхуэ къудейуэ аращ. Абы щхьэусыгъуэ имыIэуи щыткъым.
XVIII лIэщIыгъуэм и щIэдзапIэм дгъэзэжынщ. Нобэ пщIэ зимыIэж хабзэхэр щыIэт а зэманым, Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдейм щIэкIуэн щхьэусыгъуэ хъун хуэдэу. Ар, япэрауэ, хъаным и къуэшым илъ ищIэжынырт; етIуанэу, Бещтау, иджырей Псыхуабэ и деж, щыпсэу, хъаныгъуэм и нэIэ щIэт къэбэрдейхэм хъаным и унафэр ягъэзэщIэн зэрамыдэрт. Ауэ къаугъэ псоми ещхьу, фIэгъэнапIэ хуэхъуа дыдэр сыт жыпIэмэ, ар илъэсибгъу ипэжкIэ къэхъуа Iуэхугъуэ гуэрт.
1699 гъэм и гъатхэпэм хъан Сэлим-Джэрий Езанэм ещанэрейуэ тепщэгъуэр яфIиутIыпщри, езым и пIэкIэ и къуэ нэхъыжь Долэт-Джэрий ЕтIуанэм унафэр IэщIилъхьат. Хъаным лъагагъкIэ къыкIэлъыкIуэ калгэмрэ нуреддинымрэ я къулыкъухэр зылъысынухэри гурыIуэгъуэт - ар Долэт-Джэрий и къуэшхэу Шахинрэ Саадэт-Джэрийрэт. Ауэ куэд дэмыкIыу Шахин дунейм йохыжри, абы и пIэкIэ, езы уэсмэн сулътIаным и унафэкIэ, хъаным и къуэ ещанэ Шэхьбаз-Джэрий трагъэувэ. Долэт-Джэрий унафэр фIэкъабылтэкъым, къулыкъур Саадэт-Джэрий иритмэ нэхъ къищтэу. Ауэ Iуэхум тырку сулътIаным акъылэгъу хуэхъуа Сэлим-Джэрийр къыхэIэбэри, Долэт-Джэрий зэрызихъунщIэм хуэдэу, къулыкъур Шэхьбаз лъагъэсат. АбыкIэ нуреддин Саадэт-Джэрий арэзы хъуакъым, хъаным и къуэдзэ къулыкъур езым зыхуигъэфэщэжырти. Апхуэдэ щIыкIэу зэкъуэш хъаныкъуэхэу Шэхьбаз, Долэт, Саадэт сымэ я зэхуакум зэгурымыIуэ къыдэхъуащ.
Зэман докIри, хъан къуэдзэу ягъэува Шэхьбаз-Джэрий Къэбэрдейм щыIэну макIуэ. Хъаным абы «Кърымым къэкIуэж» жиIэу унафэ хуригъэхьа щхьэкIэ, ар игъэзэщIэн дэнэ къэна, жэуап пхъашэ къыхурегъэхьыж: «Дэ тщIэнур дымыщIэж нэхъей, сыт дакъикъэ къэс унафэ къысхуищIу лIыкIуэ къыщIысхуигъакIуэр?» - жеIэри.
Зэи къигъэзэжакъым Шэхьбаз Бахъшысэрейм. Зэкъуэшхэр зэрызэбийм кърикIуа Iуэхур сыт жыпIэмэ, мазибгъу дэкIа нэужь, Шэхьбаз-Джэрий, езым и атэлыкъыу щыта беслъэнеипщ Къанокъуэ Темырболэт и унэм щIэсу, 1699 гъэм и дыгъэгъазэм и кIэм адыгэ мыцIыхухэм яукIащ.
Кърым тхыдэджхэм шэч къытрахьэркъым къуэш укIыр «калгэ» къулыкъум щIэхъуэпс нуреддин Саадэт-Джэрий зэрихъа Iуэхуу зэрыщытым, Кърым хъаныгъуэм и етIуанэ лIыщхьэу езыр увыну зэрыхуейм къыхэкIыу. А зэманым псэуа тхыдэдж Мухьэмэд-Джэрий зэритхыжымкIэ, Шэхьбаз-Джэрий зэраукIыу абы и къулыкъур Саадэт-Джэрий иубыдри, езым иутIыпща нуреддин къулыкъур и къуэш нэхъыщIэхэм яз Гъэзий-Джэрий лъысат. Абдеж щыщIэдзауэ Саадэтрэ Гъэзийрэ жагъуэгъу зэхуэхъуащ. Щхьэусыгъуэри наIуэт. И къуэшыр зэраукIар зыхуемыгъэх Гъэзий-Джэрий Къэбэрдейм щекIуэкIа Iуэхур зэхигъэкIат, яубыда шэрджэсхэми заумысыжат щIэпхъаджагъэр Саадэт-Джэрий и унафэкIэ зэрагъэзэщIамкIэ. Гъэзий-Джэрий Шэхьбаз зыукIа цIыхуиплIыр къигъуэту ахэр Кърым хъаным и хейщIапIэм ирита нэужь, абыи зыщаумысат. Iуэхум Саадэт-Джэрий и напэр трихыпат. Абы ищIыIужкIэ, хъаным и унагъуэм апхуэдэ икIагъэ къызэрыщыхъуар зэрыхузэфIэкIкIэ ибзыщIыну зэрыхэтым зэгуигъэпа Гъэзий-Джэрий нуреддин къулыкъум елъэпауэри, Долэт-Джэрий наIуэу пэщIэуващ. Модрейри щIэщхъур зэрибзыщIам къримыгъэлу, и къулыкъур 1702 гъэм и къуэш нэхъыщIэ Гъэзий иритын хуей хъуащ.
ЛъыщIэж
1707 гъэм кърым тепщэу Сэлим-Джэрий и къуэ нэхъыщIэхэм яз Къаплъэн-Джэрий трагъэувэ. Арат зи пщэ дэзылъхьэжар и къуэшыр зыIэщIэкIуэда цIыхуукIхэр унэм щIэзыгъэхьа, Шэхьбаз къыщхьэщымыжыфа адыгэхэм яхурикъужыну.
Щхьэусыгъуэр абы и закъуэтэкъым. Къаплъэн-Джэрий и тетыгъуэм адыгэхэр, Бещтау деж щаIыгъ щIыпIэхэм иIэпхъукIхэри, Балъкъ псыхъуэм ищхъэрэкIэ щытIысахэт, «фи щIыпIэхэм фитIысхьэж» яжезыIэ хъаным жиIэм едэIуэн ямыдэу.
Щымыхъум, Къаплъэн-Джэрий адыгэхэм я деж Менглы-Джэрий зи цIэ и къуэдзэр аргуэру лIыкIуэу яхуегъакIуэ. Ауэ къэбэрдейхэр Менглы-Джэрий жиIэм едэIуэным и пIэкIэ, абы и гъусэу къэкIуа зауэлIхэм жэщым ятоуэри, тэтэрхэр пщIэншэрыкIуэ мэхъу.
Iэмал щимыгъуэтым, Къаплъэн-Джэрий къэбэрдей жыIэмыдаIуэхэм къарукIэ ебгъэрыкIуэну мурад ещI. Хъан диваным щыщ къулыкъущIэхэм я нэхъыбэм яфIэкъабылтэкъым Къэбэрдей зекIуэр кърахьэжьэныр. Япэрауэ, щIыналъэр жыжьэт, етIуанэрауэ, бгым щызэзэуэн хуей хъумэ, абыкIэ адыгэхэм уазэрытекIуэн Iэмал зэрыщымыIэр псоми ящIэрт. ИтIани Къаплъэн-Джэрий и унафэр ихъуэжын идакъым.
1708 гъэм и гъатхэпэм ежьащ кърымыдзэр. Абы и бжыгъэр зыхуэдизам теухуауэ жаIэр зэщхьэщокI. Къару нэхъыщхьэр зауэлI 15000-м нэс кърым зауэлIхэрт. Абыхэм я гъусэт нэгъуей аскэр 20000-рэ жыжьэрыуэ топыдзэ лъэщрэ. Къэбэрдейм и гъунапкъэм нэса нэужь, хъаныдзэм иджыри къыгухьат кIэмыргуейрэ беслъэнейуэ зауэлI 5000-м нэс.
Адыгэхэм я дзэр куэдкIэ нэхъ мащIэт. Къэбэрдеишхуэм зауэлIу къигъэувыфар 10000 къудейт, абы и ныкъуэр шууэ.
1708 гъэм и гъэмахуэм и кум кърымыдзэр Къэбэрдейм нэсакIэт. И дзэр бжыгъэкIэ зэрынэхъыбэм игъэгушхуа Къаплъэн-Джэрий, адыгэхэм захуигъазэри, Шэхьбаз-Джэрийрэ Менглы-Джэрий и гъуса зауэлI 3000-мрэ я лъы уасэхэмрэ иратыжыну, къинэмыщIауэ, Бещтау лъэныкъуэкIэ Iэпхъуэжыну унафэ яхуищIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хъаным адыгэхэм я пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ епсэлъэн щIидзат.
Адыгэхэр япэм хуэдэу кърым къэралыгъуэм и унафэм щIэтыну, уасэ ятыну арэзы хъуат, ауэ щыпсэуа щIыпIэхэм Iэпхъуэжын ядакъым. А IуэхумкIэ лъэныкъуитIыр зэгурыIуэфакъым, Къаплъэн-Джэрий и унафэр сыт хуэдизкIэ имыукъуэдиями, адыгэхэр езыр зыхуейм къыхутешакъым.
Къаугъэр къыщызэщIэплъэм, лъэныкъуитIыр зэмызауэу зэрымыхъунур гурыIуэгъуэ хъуащ. Хъаным къарур къигъэщхьэпэну фIэкIа, нэгъуэщI Iэмал къыхуэнэртэкъыми, адыгэхэм езэуэну унафэ къищтащ.
1708 гъэм фокIадэм и 16-м Балъкъ и ищхъэрэ псыхъуэм пэгъунэгъу Къэнжал бгым деж дзитIыр япэу щызэхуозэри, пщыхьэщхьэ хъуху зэзэуа нэужь, адыгэхэр йокIуэт.
АдэкIэ ящIэнум теухуауэ хъаныр и дзэпщхэм щечэнджэщым, адыгэхэм къахэкIа и блыгущIэтхэм я зым, Алий жыхуаIэм, а пщыхьэщхьэм зауэр ягъэувыIэу, нэху щымэ пащэну къыхилъхьащ. Къаплъэн-Джэрий арэзы хъуат, ауэ а жэщращ зауэм и Iуэхур къэгъазэ имыIэу зыхъуэжари.
Кърым дзэзешэхэм щыуагъэшхуэу яIэщIэщIар я дзэр жэщым здэщыIэну щIыпIэр къызэрыхамыхыфарат. ИхъуреягъкIэ бгыхэм къаухъуреихь Къэнжалыкъуэрт абыхэм зыщагъэпщкIуну мурад ящIар. Ауэ абыхэм я щыуагъэр адыгэхэм къагъэщхьэпэфащ. НэгъуэщIу ахэр кърымхэм зэратекIуэфын Iэмал щыIэтэкъым.
Iуэхур зыуха иужьрей зэхэуэр 1708 гъэм фокIадэм и 17-м Къэнжал бгым деж щекIуэкIащ. Къэбэрдейхэр кърымхэм наIуэу къапэщIэувэным зыщадзейуэрэ, езыхэм фIы дыдэу ялъагъу «жэщ теуэ» Iэмалым хуэкIуат.
Жэщу, кърым аскэрхэр иджыри жейрэ пэт, адыгэхэм уэсукхъуэм ещхьу къурш задэхэм зыкърадзыхри, кърым зекIуэлIхэм къахэуэн щIадзащ. Зэрыхьзэрийм кърым зауэлIхэр игъэгужьейри, бийм пэщIэувэфын хуэдэу заукъуэдиижыфакъым. Къаплъэн-Джэрий зи пашэ аскэрхэм ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и шуудзэм езэуэн щIадзат, ауэ кърымхэм я нэхъыбэр щикIуэтым, зыри хузэфIэкIыжакъым. Къэбэрдейхэр текIуахэщ: кърымхэм я мурзэхэмрэ я бейхэмрэ гъэр ящIауэ, топ 14-рэ гын гъэтIылъыгъэу яIыгъ псори яIэрыхьауэ.
Зауэм хэта адыгэпщ Бэчмырзэ Тэтэрхъан зэрыжиIэжамкIэ, адыгэхэр «кърымхэм мазэ псокIэ махуэ къэс езэуахэщ». Уэсмэн тхыдэдж Фундуклулу зэритхыжымкIэ: «ИгъащIэм апхуэдэ дзэ зэтекъутэкIэ ялъэгъуатэкъым».
Къаплъэн-Джэрий къыхуэнэжар зауэлI 5000 къудейт. Езы хъанми и напэр текIат, абы хэт «нэгъуейхэм я деж зыщигъэпщкIуат», хэти «Родос хытIыгум ягъэкIуат» жеIэ. Кърым хъану аргуэру Долэт-Джэрий ЕтIуанэр теувэжауэ щытащ.
Нобэрей тхыдэджхэм кърым хъаныгъуэм Къэнжал деж хэщIыныгъэшхуэ щигъуэта хуэдэу ягъэIу. Ауэ хэкIуэдэхэм я бжыгъэр фIыуэ щIагъатхъэ. Ар пэжу щытамэ, илъэсищ фIэкIа дэмыкIыу зауэлI 80000-м нэс кърымыдзэр урысхэм Прут зекIуэм щатекIуэфынтэкъым. Абы къыхэкIыу, Къэнжал зауэм кърым армэр щыкIуэдауэ жыпIэныр захуагъэкъым.