15 ноября, 2022 - 13:59
XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм Польшэр зэпымыууэ щIэкъуащ Шэрджэсым зыкъызэрыпищIэным. Лыхьхэм (полякхэм) я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэт: адыгэхэр зауэшыти, дахьэхыурэ я дзэм хашэрт, зауэ къалъыкъуэкIмэ, Кавказым ираша адыгэхэрат пашэр.
1561 гъэм Польшэм я пащтыхь Сигизмунд II Август иригъэблэгъауэ щытащ шэрджэс лъэпкъ лъэрызехьэхэм ящыщ шу гуп, абыхэм пщIэшхуэ къахуищIащ, дзэм къулыкъу къащритащ. 1562 гъэми Польшэм Iэпхъуащ жанеипщ зыбжанэ: Жанейм я пщышхуэ Сибокъуэ и къуэ Мэшыкъуэ, Сибокъуэ и унэкъуэщ Темрыкъуэ, абы и къуэш Щоджэн, Къамбулэтыпщым и къуэ Къасым сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я гъусэу Польшэм Iэпхъуащ уэркъ шу щищ. Польшэм Iэпхъуа адыгэпщхэми уэркъхэми я пщыцIэри я уэркъыцIэри къахуэнэжащ, ар дэнэ къэна, я пщIэр нэхъри дэкIуеящ, щIышхуи, уни, лъапси къратащ. Польшэм Iэпхъуа адыгэхэм ящыщ зыбжанэр католик диным ихьауэ, нэхъыбэм алыдж чыристан диныр ямыутIыпщауэ ятх, ауэ, а Iуэхум нэхъ щыгъуазэ Кружинский Мартин зэрыжиIэмкIэ, ахэр псори мажусийт.
Зи гугъу тщIы зэманым Польшэм и пащтыхьым къэзакъ-шэрджэс шуудзэ къызэригъэпэщауэ щытащ. А шуудзэр Щоджэнрэ Темрыкъуэрэ я IэмыщIэ иралъхьащ — а тIури дзэпщт. Адыгэ куэд щыIэпхъуэм, Польшэм къыщызэрагъэпэщащ «псыхуабэ» шуудзитI – апхуэдэцIэ щIаIар а шуудзэхэм хагъэхьам я нэхъыбэр «Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ», нэгъуэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдейм икIати аращ. Кружинскэм зэритхымкIэ, Польшэм хуэзауэурэ адыгэ шухэм зэрахьа лIыгъэм и хъыбар куэд къэсащ ди зэманым. «1572 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 13-м тыркудзэр къебгъэрыкIуауэ щытащ Молдавием ис лыхьхэм я дзэм. Тыркухэр къащытезэрыгуэм, - етх Кружинскэм, - лыхьхэр зэрыгъэгужьейри зэуапIэм къикIащ, я щхьэр щIахьащ. Тыркудзэр зэтезыгъэувыIэфар Темрыкъуэ и «псыхуабэ» шуудзэрщ: адыгэхэм тыркудзэр зэтраIыгъащ, лыхьхэм ягу къихьэжу къагъэзэжыху». Темрыкъуэ зэрихьа лIыгъэм хуэфащэ пщIэ игъуэтащ: Польшэм и пащтыхь Сигизмундрэ Сеймымрэ (Парламентым) я унафэкIэ жанеипщым Подольеми, Киев дежи, Литвами щIышхуэ къыщратащ, мэкъумэшыщIэ мин щэ ныкъуи къыIэщIалъхьащ.
Шэрджэсхэр лыхь лIакъуэлIэш цIэрыIуэхэм пащIырт, абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIышхуэ щиIащ Белоруссиеми, Литвами, езы Польшэми. Шэрджэс шуудзэм бжьыпэр щиубыдащ Сигизмунд и дзэм, я Iуэхур абы тетащ XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм нэс: 1795 гъэм лъэлъэжащ Речь ПосполитэкIэ зэджэу щыта къэралыгъуэр, ар зыIэщIалъхьэжащ Урысейм, Пруссием, Австрием. Абы иужькIэ я пщIэр ехуэхащ Польшэм зэгуэр Iэпхъуауэ щыта адыгэхэм: илъэс щитIым щIигъукIэ Польшэм хуэзауэри, ахэр хуэм-хуэмурэ хэшыпсыхьыжащ лыхьхэм, литовцхэм, белорусхэм. «Псыхуабэ шуудзэхэм» адыгэ щIагъуэ къыхэнэжатэкъым XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым, а шуудзэхэм я адыгэцIэр къахуэнами, абыхэм иджы хэтым я нэхъыбэр украинрэ тэтэррэт. «Псыхуабэ шуудзэхэм» къахуэнар я цIэм и закъуэтэкъым: украинхэми, тэтэрхэми, лыхьхэми щапхъэ яхуэхъуауэ зэрахьэрт адыгэ фащэри, адыгэ Iэщэхэри, адыгэ шум и зэуэкIэми хуеджауэ, арат зытетыр.
Шэрджэсхэм лъэужьышхуэ къыханащ Польшэм и тхыдэм, ахэр япэ итащ лыхьхэр тыркухэмрэ шведхэмрэ щезауэм щыгъуэ. Собесский Ян Польшэм и пащтыхь, дзэпщ цIэрыIуэм, тыркудзэр Венэ деж щызэтрикъутауэ щытащ 1682 гъэм. Абы и дзэм хэтащ шэрджэс шу минищ - ахэращ Собесскэр Венэ деж щытезыгъэкIуар. ЩIэныгъэлI Барановский Б. зэритхамкIэ, Собесский Ян зэрихьар адыгэ фащэщ, зытесари адыгэшщ. Абы и закъуэкъым: я пащтыхьым щапхъэ трахауэ щытащ лыхь офицерхэми; Польшэм икIыурэ Тыркум кIуэ лIыкIуэхэми адыгэ фащэкIэ захуапэу щытащ. А псор щыхьэт тохъуэ шэрджэсхэм Польшэм пщIэшхуэ зэрыщаIам, абы и тхыдэм нобэр къыздэсым хэмыкIуэдэжа лъэужь къызэрыханам.
***
P.S. Жанейхэр адыгэ лъэпкъышхуэхэм ящыщ зыуэ щытащ, ахэр Тэманрэ Iузэв (Азов) хым и Iуфэмрэ щыпсэуащ. Кърым хъанхэр зэуакIуэ къежьэмэ, удыныр япэ зытехуэр жанейхэрат. Ар яхуэмыхьыж щыхъум, Жанейм я пщышхуэ Сибокъуэ, нэгъуэщI адыгэпщ зыбжани щIыгъуу, 1555 гъэм Мэзкуу кIуауэ щытащ, урыс пащтыхьым дзэ щхьэкIэ елъэIун мурад ищIри. Иван ЕплIанэм дзэкIэ къигъэгугъащ адыгэхэр. Сибокъуэ и къуэр, Къундет, чыристан диным ирагъэхьэри, Александр къыфIащащ. А зэманым Украинэм и зэхуэдитIыр Польшэм и IэмыщIэ илът, Днепр и сэмэгурабгъу щIыналъэр зыIэщIэлъыр лыхь лIакъуэлIэш цIэрыIуэ Вишневецкий Дмитрийт. Вишневецкэм и дзэмрэ адыгэ шуудзэмрэ 1558 гъэм кърым хъанхэм зауэ иращIылIащ (Вишневецкэр урыс пащтыхьым гуэтт абы щыгъуэ), урысыдзэм хэту.
Урыс пащтыхьым и унафэкIэ, Вишневецкэр 1560 гъэм Жанейм къэкIуащ, абы щIыгъуащ Мэзкуу къыдэнауэ пащтыхьым къулыкъу хуэзыщIэ адыгэпщ зыбжанэ: Мэшыкъуэ и къуэ Иван, Сибокъуэ Василий сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр, дауи, кIахэ адыгэхэр кърым хъанхэм пэщIагъэувэнырт, ахэр Урысейм и лъэныкъуэ ящIынырт. Вишневецкэр илъэситIым нэблагъэкIэ щыIащ Шэрджэсым, абы щыIэурэ, Иван ЕплIанэм ущыгугъ зэрымыхъунур къыгурыIуэри, адыгэхэм яхэкIыжа нэужь, Польшэм игъэзэжащ, и щIыб урыс пащтыхьым хуигъэзэжри. Абы щыгъуэщ Польшэм и пащтыхь Сигизмунд II Август адыгэпщхэр щригъэблэгъар. Кърым хъанхэм зыщахъумэн папщIэ, Иван ЕплIанэр дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэмыхъунур къагурыIуащ адыгэпщхэм я нэхъыбэми. Уэркъ шухэр я гъусэу, Польшэм Iэпхъуауэ щытащ Къамбулэт и къуэ Къасым, абы и къуэш Гаврилэ, Сибокъуэ и къуэ Александр, абы и унэкъуэщ зыбжанэ. Лыхьхэм я дзэм хыхьэри, ахэр куэдрэ езэуащ урыс пащтыхьми, кърым хъанхэми, тыркухэми.