2 августа, 2022 - 11:55
Гъуэт тхыдэтх Иордан къызринэкIа тхыгъэхэм тепщIыхьмэ, ди лъэхъэнэм и III лIэщIыгъуэм къызэрехьэжьауэ щытащ гъуэтхэр - пасэрей герман лъэпкъыр. Ахэр Урым Пащтыхьыгъуэм и щIыналъэм итIысхьэну, яхьэхуну щIэхъуэпсырт. Лъэпкъхэр зэхэIэпхъукIрэ щIыналъэщIэхэр зауэ-банэкIэ щаубыд лъэхъэнэт ар. Апхуэдэу, илъэс куэдкIэ екIуэкIа гъуэт зауэм и Iэужьу ахэр мамырыгъэкIэ Фрикием итIысхьащ, джатэкIи щIыналъэ зыбжанэ яубыдащ.
Адыгэм и тхыдэми къыхощыж зэгуэр Европэр зыгъэгулэза гъуэтхэм я цIэр.
Дау зэкъуэшибгъум я хъыбар нобэм къихьэсащ ди IуэрыIуатэм. ЗэрыжаIэжымкIэ, а лъэхъэнэм адыгэхэм я гъуазэр Дау Бахъсэнт. Даухэ зэкъуэшибгъурэ зы хъыджэбз закъуэрэ яIэт. Гъуэтхэр адыгэ щIыналъэм къыщебгъэрыкIуэм зэкъуэшхэр зауэм кIуащ икIи зы къэмынэу псори хэкIуэдащ. Зэрыбыным я нэхъыщIэу я шыпхъу закъуэм и дэлъхухэм я хьэдэр шыгукIэ къришэлIэжри, Бахъсэн ныджэм щыщIилъхьэжауэ жаIэ. А зэман жыжьэм Бахъсэныпсым нэгъуэщIыцIэщ зэрихьэу щытар. Ауэ зэкъуэшибгъум я нэхъыжь, дзэм и пашэу зауэм хэта Бахъсэн и цIэр псым фIащыжащ. Даухэ я щIалэхэм гъуэт зауэм щызэрахьа лIыгъэм и фэеплъ тхыдэм къыхэнэн папщIэ, я шыпхъум и унафэкIэ алыджхэм мывэ сын ягъэжауэ жаIэ.
Мыбдеж гу лъытапхъэщи, Дау зэкъуэшибгъум я хъыбарым теухуауэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ къаIуатэр зэтохуэ.
Гъуэтхэм къазэуа щIыналъэхэр зэгуагъэхьэжри, къэралыгъуэ къызэрагъэпэщат. Урысейм и европей лъэныкъуэр – Балтийскэ хым къыщыщIэдзауэ хы ФIыцIэм къэсу - зэрыщыту хиубыдэрт абы. А лъэхъэнэ жыжьэм КъуэкIыпIэмкIэ къыщызэрехьэжьа гунхэм дунеижьыр яхьэхуным хуэдэу къызэрыгъэбэтати, абыхэм я дамэ щIэт лъэпкъхэмрэ щIыналъэхэмрэ къащхьэщыжу дзэшхуэ къагъэуври, КъухьэпIэмкIэ къыщыунэхуа гъуэт къэралыгъуэр зэтракъутащ, яубыда щIыналъэхэри къыIэщIагъэкIыжащ. Апхуэдэу щыхъум гъуэтхэр Кърымым итIысхьэн хуей хъуащ. Ауэ герман лъэпкъхэм апхуэдэу тыншу зыкъатыну, ар езыгъэнэхыну лъэпкъ махэтэкъым. Я къару къызэрыгъуэтыжыху заIэтрэ, гунхэм ебгъэрыкIуэу, мыдрейхэри къимыкIуэту куэд дыдэрэ къызэрехьэкIащ. И кIэм – и кIэжым гъуэтхэм я лъэр щIэхущ, мащIэ къызэрыгъэхъури, тIуащIэм дэкIыу, хы ФIыцIэм и адрыщI – Кавказым – итIысхьэн хуей хъуащ. Абдежым гъуэтхэр бгырыс хъуащ икIи кавказ лъэпкъхэм хэшыпсыхьыжауэ жаIэ. Абы и щыхьэту адыгэхэм къахуэнащ лъэпкъыцIэу Гъуэтокъуэ, Гъут, нэгъуэщIхэри.