21 июня, 2022 - 11:15
Адыгэр дымащIэ тIэкIущ. ДыщымащIэкIэ, сабийуэ къытхэхъуэм ди лъэпкъ нэщэнэхэр къатещу, ди щхьэхуэныгъэхэр лъапIэныгъэу къалъытэу къызэрыдгъэхъуным демылIалIэмэ, бжыгъэкIэ дыбэгъуами, лъэпкъым хэхъуэ димыIэу утыку дыкъинэнкIэ шынагъуэ къытлъэIэсащ. Адыгэ гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр, дуней къыгурыIуэкIэр къищтэурэ, адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр дуней тетыкIэу къищтэурэщ сабийр лъэпкъым къупщхьэ зэрыхуэхъунур. А псор абы зэрыпкърыхьэр псалъэкIэщ. Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ зэпызыщIэр аращ - гупсысэм псалъэр фащэ хуохъу. Дыпсэлъэн зэрыхуейм дегъэгупсысэ, гупсысэр нэхъ IупщIу дунейм къытедгъэхьэн папщIэ, хуэкIуэ псалъэм долъыхъуэ, къыхыдох. Гупсысэр увыIэ имыщIэу зызыужь Iуэхугъуэщи, ар наIуэ зэрытщIыну псалъэхэмкIэ дыкъулеиныр Iэмалыншэ мэхъу. Абы ехьэлIауэ цIыхум иIэну ехъулIэныгъэр елъытащ и анэдэлъхубзэр зэрищIэм и фIагъым, псалъэхэм яхэлъ мыхьэнэр тэмэму къызэрыгурыIуэм, ахэр екIуу зэпищIэу зыхуей гупсысэр псалъэухам, тхыгъэм, къэпсэлъэныгъэм зэрыригъэзагъэм. Апхуэдэ фIагъ цIыхум и псэлъэкIэм, гупсысэкIэм хэлъын папщIэ щысабийм щыщIэдзауэ адыгэбзэ курых зэхихыу, и дунейм зезыгъэужьын псалъэмакъ драгъэкIуэкIыу къэтэджын хуейщ.
Адыгэм зытхъумэжын мурадкIэ щхьэхуэ зытщIу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щыIэкIэм дыщымыгъуазэу, езыхэри къытщымыгъуазэу дызэрымыпсэуфынур гурыIуэгъуэщ. ИкIи дыхуей лъэпкъ зэмыщхьхэмкIэ къулей дуней дахэм зыхэдмыгъэзагъэу, бгъуэнщIагъ къэтлъыхъуэну? Зыхэдгъэзэгъэныр акъылщ, мамырыгъэщ, къарущ, къэкIуэн зэрыдиIэнум и джэлэсщ. Ауэ дахэмышыпсыхьу. ДахэмыкIуадэу.
Адыгэм ди къэкIуэным, адыгэбзэм и щыIэным сыт зэран къыхуэхъурэ, сыт къыпэщIэувэрэ, жытIэу дыщыгупсысэкIэ, гурыщхъуэ зыхуэтщIынухэм хиубыдэнукъым сабийхэр зэплъ таурыхъхэр. Ауэ зэраныгъэ къызэрыгуэкIыу мыхъуу, насыпыншагъэ сабийми ар зыщыщ лъэпкъми къыхуэзышэн къару шынагъуэу таурыхъхэр къызэрыувыфынур зэманым ди фIэщ ищIащи, зыкъызэредгъэлыным дегупсысыну игъуэ дыдэщ.
Лъэпкъыр щыIэну, сабий узыншэ, жыджэр, зи акъылыр зэтес, къызыхэкIахэм я гупсысэкIэм техуэ, анэдэлъхубзэр зыIурылъ къыщIэмыхъуэмэ? А псори ди сабийхэм ябгъэдэлъын папщIэ къэдгъэсэбэп IэмалыфIхэм ящыщщ таурыхъхэр, ар дакъыхуеджэурэ щIэдгъэдэIуу щрет е телевизоркIэ еплъу ирехъу.
ЗанщIэу жытIэнщи, сабийр таурыхъым щIэгъэдэIуныр къанэ щымыIэу адыгэ гъащIэм хэкIри, телевизоркIэ егъэплъыным бжьыпэр иубыдащ. ЯфIэфI дыдэу йоплъ. ЩхъуэкIэплъыкIэщ, хэт лIыхъужьхэм я теплъэр гукъинэжщ, къыщыхъухэр гурыIуэгъуафIэщ, езым и ухуэкIэр джэгукIэм пэгъунэгъущ, а псом и щIыIужкIэ псэлъэгъу яIэу къащегъэхъу. Сабийр езыр абы епсэлъэжыркъым, и гупсысэр игъэIун хуей хъуркъым, псалъэ лъыхъуэныр Iэмалыншэххэкъым. Гупсысэ къигъэхъуу, абы адыгэбзэр фащэу щитIэгъэжыным езышалIэ и Iуэхум хэлъкъым. Къэнэжыр аращи, къепсалъэм жиIэр къещтэ, игу иреубыдэ, ей мэхъу.
ДыкIэлъыплъынщ гущхьэгъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ, жьакIуэ хъунымкIэ, гупсысэм зиубгъунымкIэ къыхахыфыр зыхуэдэм.
Нобэрей сабийр зэплъ таурыхъхэм, дауи, куэд яхэтщ Iеймрэ фIымрэ IупщIу зэхэгъэкIа щыхъуи, зэхъуэпсэн щытыкIэ дахэри ауан ищIу къимыщтэн щIыкIэншагъэхэри къызыхэщ. ФIыуэ ялъэгъуауэ зэплъырей таурыхъхэм сабийм зыкъомым гу лърагъатэ: дыкъэзыухъуреихь дунейм, цIыхум, псэущхьэхэм уазэрыхущытынур, щIыкIафIэмрэ щIыкIеймрэ я пщIэр зэрызэхуэмыдэр. А зэплъым апхуэдизкIэ дехьэххэри, лIыхъужьхэр зэрыхуэ щытыкIэм езыхэри «къыщохутэ», абыхэм я зыхэщIэныгъэхэр дагуэш, жаIэр дыжаIэ, апхуэдэурэ япэ гъащIэ дерсхэр зыIэрагъэхьэ. Аращи, ди сабийм и гъэсэныгъэр дахэу зэфIэувэнымкIэ дэIэпыкъуэгъуфIу таурыхъхэр увыфынут ахэр псори адыгэ цIыхум «пщIэ», «Iулыдж», «хабзэ» щыжиIэкIэ, абыхэм яхилъхьэ мыхьэнэр къахэщу щытамэ.
Мы псалъэмакъыр щыIэнутэкъым, дызыIуува IэнатIэр IупщI дыдэ къэмыхъуамэ: иджырей таурыхъхэм я нэхъыбэм къашэр фIырыфIкIэ пхузэмыгъэпэщыжын зэраныгъэщ. Нэхъыбэу таурыхъ къэзыгъэлъагъуэ каналхэм щыплъагъунури, дискым тету къащэхури хамэ къэралхэм, псом хуэмыдэу Америкэм щащIахэрщ. Балигъым зэмангъакIуэу бгъэдигъэтIысхьэу щытми, сабийм дежкIэ ар и гупсысэкIи, псалъэкIи, IуэхукIи къэгъазэ имыIэу зыхыхьэ гъащIэщ. Абы щыхыхьэкIэ, мыдрей зытетын хуей дунейр IэщIыб ещI. ИщIкъым, езыр-езыру мэхъу IэщIыб. Таурыхъыр еухри, сабийр къигъэна дунейм къыхыхьэжын хуей мэхъу, ауэ зэрыщытауэкъым къызэрыхыхьэжыр, атIэ, зыхэта хамэ къэрал таурыхъхэм я щытыкIам техуэу, губжь кIуэцIылъу, псэлъэкIэ пхъашэкIэ узэдауэ, шынэм щызэщIиубыди къэхъуу. Абы хузэфIэкIыркъым, балигъым хуэдэу, илъагъур зэпкърихыу, мыхъуныр къихутэу, зэран къыхуэхъункIэ хъунумрэ и сэбэп зыхэлъымрэ зэхигъэкIыну. Аращи, йоплъ адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр зэмыплъа, зыщымыгъуазэ, я быныр зыхуигъасэр, зыхущIигъэджыкIыр, я нэгу къыщIигъэхьэр, я щхьэм кърилъхьэ гупсысэхэр ямыщIэ таурыхъхэм. Езы адэ-анэхэр зищIысу къыхэщыр сыту пIэрэ а таурыхъхэм? Ныбжьэгъу-жэрэгъуу, дзыхь зыхуэпщI хъун гуэру, узыщысхьын хуейуэ хьэмэрэ ущIедэIуэн акъыл зыбгъэдэмылъ гуэрхэу? Таурыхъым хэт лIыхъужьхэм Iейуэ къалъытэр адэ-анэм яфIэIейра, фIыуэ къащигъэхъур яфIэфIыра? Сыту щытми, зэпымычу телевизорым бгъэдэс сабийм илъагъум фIэкIыпIэ имыIэу къыхех езыр зэрытыну щытыкIэр, хьэл-щэныр, псэлъэкIэр. Ар зы махуэкъым, зы мазэкъым, зы илъэскъым зэрекIуэкIыр. Апхуэдэурэ сабийр къожэпхъри, апщIондэху адэ-анэм я арэзыныгъэ хэлъу зэплъа таурыхъхэм, фильмхэм къыхихыу а балигъыпIэм нихьэсам елъытащ къэзылъхуамрэ къыдалъхуамрэ къазэрыхущIэкIынур: илъагъуну, илъытэну, псалъэ тэмэмкIэ епсэлъэну хьэмэрэ къэзылъхуар жьы зеиншэхэр щапIыжым, къилъхуар сабий зеиншэхэр щапIыжым иритыну?
Ди телевизорым зэкIэлъхьэужьу къигъэлъагъуэ таурыхъхэм куэд яхэткъым сабийм и псантхуэм и щытыкIэр, гъэсэныгъэ пэжым къигъэув мардэхэр, лъэпкъ псоми я зэхуэдэ лъапIэныгъэхэр къалъытэу зэхалъхьауэ. ЛIыхъужьхэр ябгэщ, зэрыбзэджэн Iэмалхэр къалъыхъуэ икIи къагъуэт, зым адрейр еубэрэжь, ебгъэлеймэ еукIыпэ, жэуапи яхьыжыркъым. Къытригъэзэжурэ абы еплъ сабийм апхуэдэ щытыкIэщ езым зыхилъхьэри, гъащIэм хихьэри.
Ныбжьым елъытауэ псантхуэм зэрызиужьыр зыдж щIэныгъэлIхэм жаIэ илъэсий хъуху сабийр залымыгъэ къыщыгъэлъэгъуа таурыхъ, фильмхэм ерыщу еплъмэ, илъэс щэщI ныбжьым щынэблагъэм Iэмал имыIэу щIэпхъаджагъэ илэжьу. Ар абы илъэс бжыгъэкIэ щIэджыкIащ и унэ щIэсыжу, телевизорым бгъэдэсу. Адэ-анэм хуит ящIауэ щрагъэплъкIэ, сабийм дежкIэ а зэплъым щекIуэкI псори къызэрыгуэкI Iуэхущ, мыхъумыщIагъэ хэлъкъым.
Псалъэм папщIэ, хуабжьу зэлъэщIысауэ псори зэплъ «Шрек» мультфильмым щыщ зы теплъэгъуэ къэтщтэнщ. Принцессэ Фионэ уэрэд жиIэну пыхьэри, гъунэгъуу абгъуэм тес бзу цIыкIум къыдежьууэ щIидзащ. Фионэ и макъыр дришеиIуэри, бзум абы зригъэкIуну хуежьа щхьэкIэ, пэмылъэщу къэчащ. Принцессэр тIэкIуи къэуIэбжьат, ауэ щIэх дыдэ мамырыжащ, псыхэкIуадэ хъуа бзум и джэдыкIэхэр абгъуэм кърихри, пщэдджыжьышхэу игъэжьащ. Сабий еплъым фIэдыхьэшхэнщ бзум къыщыщIар. Iуэхум и тэмэмыпIэр къыжезыIэн гъусэ иIэкъым, балигъхэм я щхьэ, я унагъуэ Iуэху зэрахуэ, сабийр зэран яхуэмыхъуу, уэрамым дэмыту таурыхъ йоплъри щысщи, псори арэзыщ. И гупсысэкIэм дерт зэригъуэтам хэт иригузэвэн, хэт ар гуныкъуэгъуэ щыхъун? Абы псэ зыIутыр зэрыкIуэд щIыкIэр илъагъуу аркъудейкъым, псэр бгъэныным, зыгуэр лIэным пыщIаишхуэ щымыIэу къыщегъэхъу, гъащIэм и уасэр пуду къилъытэным ирешалIэ. ЛIэныгъэр мышынагъуэу, зыгуэр уи зэранкIэ бгъэлIэным гуэныхьи бэлыхьи пылъын хуэмейуэ йосэ. Зи гугъу тщIа теплъэгъуэмкIэ дгъэзэжынщи, бзу цIыкIур и макъымкIэ зыгъэлIа Фионэ фIыуэ ялъагъу лIыхъужьщ. Сабий акъылым зэрегъэзахуэ: игу ирихьа лIыхъужь дагъуэншэм залымыгъэ зэрихьэфынукъым, пхъашагъэ къылъыкъуэкIынукъым, абы ищIар Iеин хуейкъым.
«Шрек» таурыхъыр къызыхэкIа дунейм щызекIуэ хабзэхэр, зэпсэлъэкIэхэр дэ тпэжыжьэщ, дунейр къызэрытщыхъумрэ ди зыхэщIэныгъэхэмрэ зэщхьэщокI. Арамэ, иджыпсту дызытетым дытету ди сабийр а дэркIэ хамэ дунейм и таурыхъхэм щIэтпIыкIмэ, дэ абыхэм ещхь дыхъунущ, езыхэр я Iэужьым щIэблэм къарищIэм гу лъатэжауэ, зэрызахъумэжын Iэмалхэм мэлъыхъуэ, ди къэралым къиужьгъауэ ди сабийхэр зэдгъэплъ таурыхъхэм езыхэм я сабийр ирагъэплъыжыркъым.
«Шрекым» хуэдэу, куэдыр дэзыхьэхащ «Мадагаскар», «Ледниковый период», «Тачки» мультфильмхэр. Дэтхэнэ таурыхъми и хабзэм тету, мыбыхэм фIыр Iейм щытокIуэ, ауэ сыт хуэдэ псэлъэкIэ щызекIуэр? Псалъэ пхъашэхэр, гуемыIухэр, зэхэпхыну гурымыхьхэр – ди адыгэ сабийм Iурылъыну дызыщIэмыхъуэпсхэр – лIыхъужьхэм яIурылъхьэныр хабзэ мыхъумыщIэу къадокIуэкI хамэ къэрал мультфильмхэм. Е апхуэдэхэр къыхэщыпыкIауэ дэ къытхуагъэфащэу ара? ЗэрыжаIэ бзэ дыдэмкIэ къэтхьынщ щапхъэхэр: «сопляк», «тупой», «тормоз», «болван», «дебил», «кретин», «полный отпад», «козырно», «прикольно», «пофигу», «шизовое местечко». Сабийхэр зытепсэлъыхьын хуей Iуэхугъуэ мыхэр: «будем рассказывать друг другу о любовных похождениях», «высокая упругая попка», «мы сексуальны!», «любвеобильная ты машина, дай ей отдохнуть!» («Шрек»)? Хьэмэрэ «Спанч Боб» сериалым и Iыхьэхэм фIащахэм щыщ: «Добро пожаловать в помойное ведро», «Губка Боб и маньяк-душитель». Балигъхэр дыщыгъуазэщ: сабийм нэхъ псынщIэу къиубыдыр имычэзууэ зэхихаращ. Елъагъу жьэм къебгъакIуэ мыхъун къызыжьэдэкIам зыри зэремыущиер, зэремышхыдэр, апхуэдэр зыми зэримыгъэкъуаншэр. Аращ абы езыми ахэр хуиту къигъэсэбэп хъуну къыщызыгъэхъур.
Сыт хуэдэ гушыIэми гъунэрэ нэзрэ иIэн хуейщ. Псом хуэмыдэу ар сабийм щехьэлIам къыгуэудауэ, дыджу, кунэфу щытын хуейкъым. Мыгъэсэныгъэм и нэщэнэхэр дыхьэшхэну къыщызыгъэхъу таурыхъхэр сабийр гукIэ, псэкIэ сымаджэ зыщIщ: зил узам, зи жагъуэ ящIам, лей зылъысам ущыдыхьэшх мэхъу.
Къыщыхъу щыIэщ зи гугъу тщIы мультфильмхэм щалъэгъуам зыпащIыжыну яужь ихьэурэ, сабийхэр щытыкIэ шынагъуэм щихуэ. Псом хуэмыдэу газетхэм куэдрэ зи гугъу щащIа къэхъугъэщ «человек-паук» ещхьу лъэтэну щIэхъуэпс сабийхэр щхьэгъубжэм къызэрыдэлъыр.
Телевизорым «кIэрыпха» сабийм и хьэлым зэрызидзым, сыт и лъэныкъуэкIи мыадыгэ псэлъэкIэм зэрытехьэм япэ дыдэу къигъэуIэбжьын хуейр унагъуэм исхэращ. Я жьэм къыжьэдыхьэр жаIэмэ, укIытэ ямыIэу зызэкIэщIашмэ, гущIэгъу зэрахэмылъыр къозыгъащIэ щытыкIэ нэхъ цIыкIухэм, псэущхьэхэм хуаIэмэ, балигъхэм жаIэнущ: зэщхь хъуар къытхуэщIэркъым, дэ апхуэдэ едгъэлъагъуркъым икIи зэхедгъэхыркъым. Зэщхь хъуар аращ – яфIэфIыпсу зрагъэплъа хамэ къэрал мультфильмхэм я лIыхъужь зыкIи ди лъэпкъым и щхьэхуэныгъэхэм къытемыхуэм техьащ. Къытепшыжыфыну?
Псалъэмакъ щхьэхуэ ещIылIапхъэщ а урысыбзэкIэ къэпсэлъа адыгэ сабийм и урысыбзэр здынэсым. Абы къигъэсэбэпыр таурыхъхэм «къыхикъузыкIа» псалъэ гупщи, абы текIыу литературэм щызекIуэхэр къыхуэщтэжыркъым. Зэпымычу зэплъа мультфильмхэм хэта псалъэхэр зыщIишащ, и къэпсэлъыкIэкIи, щыпсалъэкIэ и Iэ, и нэкIу гъэлэжьэкIэри зэса таурыхъ лIыхъужьхэм ятриха сурэтыращ. Литературэбзэр абы дежкIэ хамэщ, и нэгу щIэкIа гуэр а и урысыбзэмкIэ къиIуэтэжыфынукъым, удихьэхауэ узригъэдаIуэу махуэ къэс гъащIэм хиубыдэ Iуэхухэм тепсэлъыхьыфынукъым, сабийхэм зэрахабзэу, зыгуэрхэр и нэгу къыщIигъэхьэу, къызыфIигъэщIу, ар уэри зыхыуигъащIэу къиIуатэу къыббгъэдэсыфынукъым.
ЗэкIэ яхузэфIэкIынур аращи, ди сабийм я узыншагъэр тхъумэжыну, цIыхум яхэзагъэу къэдгъэхъуну дыхуейр пэжмэ, IэщIагъэлIхэм чэнджэщ къыдат. Псом япэрауэ, илъэситI иримыкъуа сабий телевизор ебгъэплъ хъунукъым. Илъэсищ иримыкъуа сабийм хузэфIэкIыркъым зэуэ дэIуэнри, зэхэхынри, зыгъэхъеинри. Аращ экраным етIысылIа нэужь псалъэмакъи, Iэуэлъауи зэхамыхыу, мыхъейуэ щIыщысхэр. Апхуэдэ щытыкIэм зэкIэлъыпыту ит сабийм зигъэхъеин и жагъуэу, и псэлъэкIэр зэкIэлъымыкIуэу, и нэ жанагъым кIэрыхуауэ, и пIащагъым хэхъуауэ, и псантхуэмрэ губзыгъагъымрэ я зыужьыныр хуэм хъуауэ, бэлыхь хохуэ.
Илъэсищ нэужьми хэплъыхьурэ къыхухаха таурыхъхэм еплъу фIэкIа, зэман кIыхькIэ бгъэдэс хъунукъым. Зы махуэм нэхъыбэ дыдэу телевизор еплъыным сабийм тригъэкIуэдэн хуейр сыхьэтрэ ныкъуэрэщ. Ари узыншэмэ. Сымаджэу щытмэ, емыплъыххэныр е нэхъ мащIэжу еплъыныращ тэмэмыр.
Нэм и узыншэным теухуауэ Iуэхум убгъэдыхьэмэ, сабийр нэхъ гувауэ телевизор еплъыным пэрыхьэху, нэхъыфIщ.
Зи гугъу тщIы сабий узыфэщIэр зыпкърытыр адыгэ сабийм я закъуэкъым, дэнэкIи щызэлъэщIыса насыпыншагъэщ. Лъэпкъ къэскIэ зихъумэжыну щIэхъуэпсын, хущIэкъун хуейщи, адыгэ лъэпкъым, ди бзэм, ди хабзэм, ди нэмысым, зэхэтыкIэ, зэхущытыкIэ къыддэгъуэгурыкIуэм кIэ езытыфыну къару шынагъуэщ къытщIэIуари, дызыIуува IэнатIэр хэмытIасэу зыгурыдгъаIуэрэ дыщIэпсэу ди сабийхэм драгъусэмэ, псэлъэгъу дахуэхъумэ нэхъыфIщ. Адыгэ таурыхъхэм, сабийхэм папщIэ ятха хъыбар цIыкIухэм, усэхэм дакъыхуеджэурэ, деуэршэрылIэурэ адыгэбзэм и IэфIагъыр зыхедгъэщIэфын хуейщ, гупсысэ яIэрэ ар зэгъэпэщауэ къызэраIуэтэн псалъэр яхурикъуу зедгъэужьыныр ди къалэн нэхъыщхьэщ. Зэраныгъэ къишэн къэгъэнауэ, я псэр нэхъ къулей ищIынущ нэгъуэщI лъэпкъхэм я таурыхъ къыхэщыпыкIахэми дакъыхуеджэмэ. Ар зи пщэ дэлъри зыхузэфIэкIынури сабийр къызэрыхъуа унагъуэм щIэс нэхъыжьхэр аращ – адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр.