24 мая, 2022 - 11:55
Бёлл Джеймс инджылыз сатуущIэщ, 1837 гъэм и гъатхэм Шэрджэсым къакIуэри, шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, убыххэм илъэсищкIэ яхэтащ, зэрыхузэфIэкIкIэ ядэIэпыкъуащ, иужькIэ дуней псом щигъэIуащ бгырысхэр зыхадза зауэ гуащIэм и хъыбар – ди хэкум икIыжа нэужь, абы Лондон къыщыдигъэкIауэ щытащ гукъэкIыжхэр.
Сочэ сыщыIэху, сыкъилъагъун щхьэкIэ къакIуэри, си деж щыхьэщIащ убых тхьэмадэ Алий-Ахъмэт. Сэ абы жесIащ Шэрджэсым сыкъыщIэкIуар. Инджылызыр Iуэхум къыхыхьэнкIэ зэрыхъунур щыжесIэм, тхьэмадэр гуфIащ: «Абы куэд щIауэ дыпоплъэ», - жери. Алий-Ахъмэт щыгъуазэт Инджылызымрэ нэгъуэщI европей къэралхэмрэ Алыджым къызэрыдэщIым. «Алыджхэм япэ щIэддзауэ ди хэкум и хуитыныгъэм дыщIозэу дэ, - жиIащ убых тхьэмадэм. – Ахэр зыдэIэпыкъун хуейр дэрат. КхъухькIэ къесылIэурэ хы Iуфэм къыщыдозауэ урысхэр, абыхэм я кхъухьи я топыши дыщышынэркъым дэ, ди хуитыныгъэм дыщIэзэуни зэпыдгъэунукъым». Тхьэмадэм зэрыслъэкIкIэ къыгурызгъэIуащ Инджылызым шэрджэсхэр хьэшхыпIэм къызэрыримынэнур, иджыпстукIэ зиIэжьэн хуей хъуми, ар Iуэхум къыхыхьэнкIэ угугъэ зэрыхъунур.
Тхьэмадэм инджылыз щакIуэ фоч тыгъэ хуэсщIащ. КъызэрызжаIамкIэ, Алий-Ахъмэт урысхэм ахъшэшхуэ къратауэ щытащ: «Хы Iуфэм кхъухькIэ дыщесылIэкIэ, уи цIыхухэр зэран къытхуумыгъэхъу», - къыжраIэри. Ахъшэр къаIихащ тхьэмадэм, ахъшэр и цIыхухэм яхуигуэшащ: «Iэщэ къэфщэху», - яжриIэри.
Шэрджэсхэр а псыхъуэм СашэкIэ йоджэ, тыркухэм «Сючэ» жаIэ. Убыххэр МэмайкIэ зэджэм щхьэкIэ, шапсыгъхэм жаIэр Псехэщ, Субаший зэреджэр Шахэщ, Хисэ къыхэлъадэ псыхэм ящыщ зым щхьэкIэ – Бу, Уэрданэ щхьэкIэ – Лоупэ.
Азрэхэр (абхъазхэр) я гъунэгъущ убыххэм. Абыхэм я пщым (урысхэм генерал цIэ къыфIащауэ щытащ, ауэ ягу къебгъэжри иужькIэ трахыжащ) убыххэмрэ абазэхэмрэ (джихетхэмрэ садзхэмрэ) хъыбар къаригъэщIащ урысыдзэр Сыхъум къалэ къызэрыдыхьамкIэ; IутIыж махуэр зэрыдэкI нэхъ пIалъэ къыхагъэкIынукъым: кхъухьхэм итIысхьэнурэ Сочэ, Мэмай е Хисэ нытеуэнущи, фымыбэлэрыгъ – апхуэдэ хъыбарт пщым къаригъэщIар…
Даут-Бей (инджылыз дипломатщ – Дэвид Уркарт; Шэрджэсым щыIащ, бгырысхэм къадэщI зэпытащ) къахуигъэхьа тхылъым тепсэлъыхьын щхьэкIэ, тхьэмадэхэм хасэ зэхуашэсащ; хасэм кърихьэлIащ Алий-Ахъмэти пщIэ зиIэ нэгъуэщI тхьэмадэ зыбжани.
Хасэм нэхъыбэ кърихьэлIэн си гугъащ. КъыщIримыхьэлIам и щхьэусыгъуэм щыгъуазэ сащIащ: урысхэр къатеуэнкIэ мэшынэри, тхьэмадэхэм я цIыхухэри, я хьэпшыпхэри, я Iэщри хы Iуфэм Iуашын хуей хъуащ, ар зэфIагъэкIмэ, дзэпщхэм зауэм зыхуагъэхьэзырын хуейуэ къащIэлъщ.
Даут-Бей къахуитхам еувэлIащ хасэр: зи хуитыныгъэм щIэзэу лъэпкъхэр зэгухьэнумэ, и чэзу хъуащ – арыншауэ я бийм пэлъэщынукъым. Бгырыс лъэпкъхэр зэгухьэрэ зы унафэщI хахмэ, я Iуэхур щыдэкIынур итIанэщ – аращ Даут-Бей къахуитхар. Зэгухьэрэ зы унафэщIым и IэмыщIэ зралъхьа нэужь, бгырысхэм я пщIэр нэхъ лъагэ хъунущ, къадэщIыни къадэIэпыкъуни ягъуэтынущ итIанэ – абыкIэ акъылэгъу зэдэхъуащ хасэм кърихьэлIахэр.
«Инджылызым е Тыркум унафэщI тхуэхъун къытхурагъэкIатэмэ, абы деувэлIэнти, жиIэм дедэIуэнт» – апхуэдэ гукъэкI зыщIаи къахэкIащ хасэм.
Хасэр щIэупщIащ: «Инджылызым сыткIэ ущыгугъ хъуну иджыпсту, сыт хузэфIэкIынур?» Абы мыпхуэдэ жэуап естащ сэ: «Хы Iуфэр Урысейм ейуэ илъытэркъым Инджылызым; абы и кхъухьхэм сату дащI хъунущ шэрджэсхэм, абыхэм апхуэдэ мурад зэраIэм сыщыгъуазэщ, си фIэщ мэхъу инджылыз сатуущIэ кхъухьхэр хы Iуфэм щIэх къызэрысынур; инджылыз кхъухьхэм ящыщ гуэр урысхэм яубыдмэ, инджылыз лIыщхьэхэм псалъэмакъ къызэраIэтынум шэч къытесхьэркъым…»
Си жэуапыр ягу ирихьащ тхьэмадэхэм: «Ди нэ къызыхуикIыр аращ, дызыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ Iэщэ-фащэмрэ инджылызхэм къытIэрагъэхьэмэ, урысхэм декIужынукъым дэ, Iэщэри дгъэтIылъынукъым» – абыкIэ хъыбар тхуегъэщIэж Даут-Бей.
«Бгырэ псыхъуэ зэврэ ди куэдщ дэ, хы Iуфэр тфIаубыдми, бгымрэ псыхъуэ зэвхэмрэ быдапIэ тхуэхъунущ, - къыщIагъужащ тхьэмадэхэм. – Ауэ урысхэм я мурадыр къехъулIэрэ хы Iуфэм быдапIэхэр къыIуащIыхьмэ, инджылыз кхъухьхэри мы гъэм е етIанэгъэ къытлъэмыIэсмэ, ди Iуэхур, дауи, хэплъэгъуэ хъунущ».