24 мая, 2022 - 11:55
ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ къэбэрдей пщы лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (иджы Зеикъуэ) 1750 гъэм къыщалъхуащ. Езым зэритхыжамкIэ, «и адэм и унафэм едаIуэри», Исмел 1785 гъэм Урысейм кIуауэ щытащ, абы щеджащ, щIэныгъэ куу щигъуэтащ. «И адэм и унафэм едаIуэри» псалъэхэм куэдым урагъэгупсыс. Исмел и адэр, ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ, Урысейм мамыру дэгъуэгурыкIуэным и телъхьэ къэбэрдеипщхэм ящыщащ, ауэ урыс дзэпщхэм ящыхьэжри, Тыркумрэ КърымымкIэ еплъэкI хъуауэ щытащ нэхъ иужьыIуэкIэ; хьэж ищIа нэужь, Кърымым къыщызэтеувыIэри, абы зыщиIэжьащ, къыщигъэзэжым Iэщэ къыздишащ, Къэбэрдейр Тыркумрэ КърымымкIэ «ириIуэнтIэкIын» мурад иIауи къыщIэкIынущ.
Къэбэрдейм къихьэжа нэужь (1771 гъэм и ужькIэ), Темрыкъуэ хуэм–хуэмурэ къыгурыIуащ Къэбэрдейр Тыркуми Кърымми я IэмыщIэ иплъхьэ зэрымыхъунур, аращ и къуэм, Исмел, Урысейм кIуэн, абы щIэныгъэ щызригъэгъуэтын хуейуэ унафэ щIыхуищIар: къэбэрдейхэм Урысейм фIэкIа нэгъуэщI гугъапIэ зэрамыIэр къыгурыIуащ.
ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ щеджащ Исмел Урысейм, дзэм къулыкъу щищIащ, урыс–тырку зауэхэм хэтащ, Измаил быдапIэр къыщащтэм щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ Георгий орден къратащ. Александр Езанэр пащтыхь хъуа нэужь, Исмел 1801-1804 гъэхэм Бытырбыху щыIащ, къэрал Iуэху и пщэ къыдалъхьауэ. Урысей къалащхьэм здыдэсым, ХьэтIохъущокъуэ Исмел и нэIэ тет зэпытащ езым и хэкум. Къэбэрдейм и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат а зэманым: урыс дзэпщхэм зэрахьэ лейр ягу темыхуэу, пщы, лIакъуэлIэш, уэркъ куэдым зыкъаIэтащ, жылэр гуитIщхьитI хъуащ. Iуэхур абы нэсауэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1804 гъэм Къэбэрдейм къихьэжащ. Къэбэрдейм и унафэр шыбгъэрэ сэшхуэкIэ зыщIын мурадым къыщIэтэджахэм япэуври, Исмел хузэфIэкI псори илэжьащ, «псэм нэхърэ нэхъ игъэлъапIэ хэкур» мафIэм къыхишын щхьэкIэ. Дунейм тетыху, аращ ХьэтIохъущокъуэ Исмел зыхуэлэжьар – Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ яку мамырыгъэ дэлъхьэн, адыгэхэр щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгум тешэн.
А гупсысэхэращ Исмел Урысейм и лIыщхьэхэм я пащхьэ ирилъхьа тхыгъэхэм («Краткое описание жителей Горских Черкес», «Записки о жителях Кавказа», н.) лъабжьэ яхуэхъуар. А тхыгъэхэм зэрыщыжиIэмкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхур къыщызэщIэплъар Кавказ линэкIэ зэджэр яухуа нэужьщ: абы и зэранкIэ Къэбэрдейм щIы куэд фIэкIуэдащ, бгырысхэр вакъэ зэв ирагъэуващ – аращ пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи ягу темыхуар. Къэбэрдейм фIэкIуэда щIыр къратыжын хуейщ, дзэпщхэмрэ къулыкъузехьэхэмрэ къэбэрдейхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хабзэхэм хэIэбэ хъунукъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьа нэужьи, къэбэрдейхэм я лъэпкъ Iуэхухэр езыхэм зэфIахыжын хуейщ – абыкIэ пэрыуэгъу къахуэмыхъумэ, Къэбэрдейр Урысейм къыбгъэдэкIынукъым.
Нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, Къэбэрдейм автономие гуэр иIэн хуейщ – акъылышхуэрэ щIэныгъэ куурэ уиIэн хуейт, а зэманым апхуэдэ гупсысэхэм уи щхьэр нэсын папщIэ. Апхуэдэ цIыхуу щытащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел, Урысейм фIэкIа Къэбэрдейм нэгъуэщI плъапIэрэ гугъапIэрэ зэримыIэр къыгурыIуауэ.