24 мая, 2022 - 11:55
Кавказ зауэм и зэманым адыгэхэм я деж къэкIуэрейуэ щытащ Европэм къикIа дипломат, чэнджэщэгъу, тIасхъэщIэх куэд. Абыхэм ящыщщ Спенсер Эдмонди. Ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ 1830 гъэм. Спенсер и нэгу щIэкIащ адыгэхэм я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэ гуащIэр, щыгъуазэ зыхуищIащ адыгэхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я зэуэкIэм, яIущIащ адыгэ дзэпщхэм, зауэлIхэм. А псор «Шэрджэсым сызэрыкIуар» тхылъым щитхыжащ Спенсер Эдмонд.
Хы Iуфэм десылIа нэужь, мэзым фочауэ макъ къыхэIукIащ, шу куэд дыдэ къытIущIащ, миным нызэрыхьэсынкъэ жыпIэну. ЩIалэ Iэчлъэчхэм кхъуафэжьей зыбжанэ къыхадзащ хым, ди кхъухьым къесылIэри драгъэтIысхьащ, ди хьэпшыпхэри кхъуафэжьейхэм иралъхьэри, хы Iуфэм напIэзыпIэм дынагъэсащ.
Шэрджэс кхъуафэжьейхэр лъэгубгъуэт, абыхэм псыр бэлагъкIэ щыщIатхъукIэ, кхъуафэжьейхэм нэр тепыIэртэкъым. Сэ зэрызэхэсхамкIэ, цIыху 80 зэрыхуэ кхъуафэ яIэщ шэрджэсхэм; жьыхуи итщ абыхэм, бэлагъкIэ зэрызэрагъакIуэм нэмыщI. Хым кхъуафэжьей псынщIэкIэ тохьэри, шэрджэс хыдзэлIхэр сатуущIэхэм я кхъуафэхэм щытеуэ куэдрэ къохъу.
Шэрджэс щIыналъэр дахэкIейщ, щIыпIэ зэгъщ, хьэуар щыкъабзэ дыдэщ, бгыщхьэмкIэ къриху салъкъын щIыIэтыIэр хы Iуфэм къосри, дыгъэм и гуащIэр зыхэпщIэркъым. Ар сэ щызгъэунэхуащ Пщадэ деж – абдежыращ кхъухьым дыщикIар, шэрджэс хы Iуфэм десылIа нэужь.
Хьэл зэрысхуэхъуащи, гъуэгу сытехьэн ипэкIэ, сыздэкIуэ хэкум и тхыдэм, и хабзэм, и псэукIэм, и дуней тетыкIэм щыгъуазэ зыхузощI дапщэщи. Нобэ сыкъызэрыхьа хэкум и тхыди, и хабзи, и псэукIи сызэрыщыгъуазэ щыIэтэкъым сэ, тхылъ гуэрхэм къизджыкIаIамэ, арат хэсщIыкIыр. ЩIэныгъэлIхэм зэралъытэмкIэ, адыгэхэм я бзэр зытехуэ бзэ дунейм теткъым. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, шэрджэсхэм тхыбзэ яIэкъым: абыхэм я бзэм и макъхэр европей хьэрфхэм къигъэтIэсэгъуейщ – ар си фIэщ хъуащ шэрджэс псалъэхэр ди хьэрфхэмкIэ стхын мурад щысщIым; дэтхэнэ шэрджэс лъэпкъми езым и бзэ щхьэхуэ иIэщ – аращ къызжаIар Истамбыл нэIуасэ щысхуэхъуа шэрджэсхэм. Абыхэм я деж щызэзгъэщIат шэрджэс псалъэ зыбжанэ, ауэ ахэр Пщадэ деж къызэрысщхьэпа щыIэкъым – IэпэтэрмэшкIэ фIэкIа сагурыIуакъым хы Iуфэм къыщысIущIахэм.
Шэрджэсым уихьамэ, я хабзэм тет, я фащэкIэ зыхуапэ – ар къыщызжаIат Истамбыл. Апхуэдэ чэнджэщыр къызэрыпщхьэпэнур си щхьэкIэ згъэунэхуащ. Я фащэкIэ зыщысхуэпам, шэрджэсхэм я гуапэ дыдэ хъуащ, нэхъ гумащIэ къызэрысхуэхъуами гу лъыстащ. Шэрджэс фащэр, шэч зыхэмылъыращи, цIыхум йокIу, гъуэгу уритетынуи нэхъ щыгъын тынш бгъуэтынукъым, езыр зэрыдахэкIейм и гугъу умыщIыххи.
Шэрджэс шууей хуэдэ сызэщIэхуэпауэ, си плIэм фоч идзарэ къами скIэрыщIауэ Пщадэ сыщежьэри, гъуэгу сытехьащ, а куейм я тхьэмадэ Индар Мэхьмэт деж сыкIуэн хуейти. Шы ахъырзэмани сагъэшэсащ. Шым фунтиплI хуэдизщ щIэстар – апхуэдэшым фунтищэ щиуасэщ Инджылызым.
Гъуэгум шу Iэджэ гъусэ къыщытхуэхъуащ – тхьэмадэм деж дыщынэсам, шу мин дызэрыгъэхъуауэ къыщIэкIынт. IэщэкIэ зэщIэузэдауэ шу мин зи гъусэ гъуэгурыкIуэр ялъэгъуатэмэ, европейхэр къэщтэнкIи хъунт, ауэ ар мыбы зыми щигъэщIэгъуэнукъым: гъуэгу тет хьэщIэм гъусэ хуэхъу, дэкIуатэ щыхабзэщ Шэрджэсым. ЦIыху Iувым яхэслъэгъуакъым е къыхэпIэнкIыкIа, е лъэбакъуэ лей зыча. Зым и унафэм едаIуэ хуэдэт псори; куэдрэ сахэплъа щхьэкIэ, псори зыфIэлIыкI, псори зэзыгъэдэIуэф яхэслъэгъуакъым гъуэгум гъусэ къыщытхуэхъуа шухэм: щхьэж и увыпIэ ещIэж – абы щхьэкIэ, унафэ лей хуейкъым шэрджэсхэр. Тыркухэм я зэранкIэ, джэнуезхэм пэIэщIэ хъуащ шэрджэсхэр, джэнуезхэр къахыхьэрейуэ щытащ нэхъапэм, сату ящIын щхьэкIэ. Абыхэми нэгъуэщI европей лъэпкъхэми нэхъ япэIэщIэ зэрыхъу лъандэрэ шэрджэсхэм Iэлыфэ къатеуауэ къызыфIэщI щыIэщ, ауэ сэ сахэтыху ядэслъэгъуамрэ щыгъуазэ сызыхуэхъуамрэ япкъ иткIэ жысIэфынущ абыхэм апхуэдэфэ зэратемытыр: нэхъ лъэпкъ гъэсарэ щэныфIэрэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым, щIыпIэ Iэджэм къыщыскIухьащи.
Сащыхыхьа махуэм къыщыщIэдзауэ, ситхьэкъуащ шэрджэсхэм я теплъэм: шууей защIэщ, цIыху зэкIужхэщ, уардэхэщ, зи щхьэм пщIэ хуэзымыщIыж яхэслъэгъуакъым, я щхьэ зэрыхуитым зэрыригушхуэр дэтхэнэми и нэгум къощ. Яшхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм нэхъ дахэрэ нэхъ къуданрэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым, ди къэралми (Инджылызым) щыслъэгъуакъым адыгэшым пэхъун. Шэрджэс зауэлIым и фащэри йокIупс, цейращ дахэ дыдэр – хьэзыр идарэ дыжьын бгырыпхыр щIэкъузэжауэ; къамэ зыкIэрымылъ урихьэлIэнукъым – ар Iэщэ шынагъуэ дыдэщ, адыгэ зауэлIым IэщIэлъмэ. Къамэм нэмыщI, шэрджэс шур фочрэ сэшхуэкIэ зэщIэузэдащ. КIэщIу жыпIэмэ, шэрджэс зауэлIыр – ар ирелъэс е ирешу – IэщэкIэ зэщIэузэдащ сыт щыгъуи. Бжы зи Iэщи сыщрихьэлIащ Шэрджэсым: ар ядзын хъумэ, зрагъэпщам фIэкIынукъым, а Iэщэм апхуэдизкIэ хуэIэрыхуэщи. Шабзэмрэ шабзэшэмрэ иджы къыщагъэсэбэпыр гыныр къащемэщIэкIым е Iэуэлъауэ ирагъэщIыну щахуэмейм дежщ. Гъуэгу щытехьэкIэ, щIакIуэ–бащлъыкъ здащтэ, уэшхымрэ щIыIэмрэ зыщахъумэн папщIэ; жэщыр гъуэгум щрахын хъумэ, щIакIуэр икIи тепIэнщ, икIи щIэлъынщ; адыгэ щIакIуэм шэ зэрыпхымыкIым и гугъу сщIыххэнкъым – апхуэдэ щIакIуэ куэдрэ сыщрихьэлIащ Шэрджэсым.