24 февраля, 2026 - 09:15
Бзэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ. Лъэпкъхэр зыщхьэщызыгъэкI щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ. Бзэр лъэпкъым и гъащIэм къыпызыщэщ, и гъуэгур кIыхь зыщIщ. «Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым...» – щыжеIэ Бещтокъуэ Хьэбас и усэм. Ар зыIэщIэдмыгъэкIын папщIэ, дгъэлэжьэн хуейщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ тIурылъын, дрипсэлъэн хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIэныгъэлIхэм лъэпкъ мащIэхэм я бзэр яIэщIэхункIэ шынагъуэ зэрыщыIэр щIэх-щIэхыурэ къыхагъэщ. Пэжуи, апхуэдэ лъэпкъхэм я нэхъыбэм бзэм епха гурыгъузэхэр яIэщ. Анэдэлъхубзэм и къарур щIэзыхыу къалъытэ щхьэусыгъуэхэр мащIэкъым. Хъуажь Фахъри и тхыгъэм абы теухуа и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуащ.
Бзэм и псэр хэкIын щыщIидзэр
Дигу къэдгъэкIыжынщ анэдэлъхубзэм кIуэдын зэрыщIидзэ щIыкIэр. Япэр сабий IыгъыпIэхэм, пэщIэдзэ курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щрамыгъащIэмэщ. ЕтIуанэр ар уэрамхэм, лэжьапIэхэм щызэрамыхьэжмэщ. Ещанэр анэдэлъхубзэр унагъуэм къыщамыгъэсэбэпыж щыхъуращ. Абыхэм еплIанэу иджыри зы Iуэхугъуэ хэгъэхъуэжамэ хъунут. Ари «бдзэжьейр и щхьэмкIэ фын щIедзэ» зэрыжаIэу, къулыкъущIэхэм, еджагъэшхуэхэм, адэ-анэхэм я анэдэлъхубзэр къафIэмыIуэхужмэщ. Лъэпкъым и цIыху пажэхэм лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIкIэ я анэдэлъхубзэр къамыгъэсэбэпмэ, абыкIэ езыхэр щIэблэщIэм щапхъэфI яхуэмыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIыр сытым иригъуэзэну, хэт игъэгушхуэну?
Иджыпсту зи гугъу тщIыну дызыхуейр, анэдэлъхубзэр зейуэ, сэр нэхъыфIу адыгэбзэр зыщIэ щыIэкъым жызыIэхэм, апхуэдэу къызыфIэщIыж куэдым ямыщIэххэу ар зэраIэщIэхуращ.
ЦIыхубэм япэ дыдэ яфIэкIуэдыр мазэцIэхэрщ
Анэдэлъхубзэр лъэпкъым зэрыIэщIэхур япэ дыдэу къызэрыпщIэр мазэцIэхэр зэрызэрамыхьэжырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, бзэм япэ дыдэ хэкIуэдыкIыр ахэращ. МазэцIэхэр зи бзэкIэ зиIэ лъэпкъ куэд щыIэкъым. Дэ адыгэхэр а мащIэм дащыщщ. АрщхьэкIэ, алыджхэм, урымхэм фIаща мазэцIэхэр дэри къыттокIуэри, дыдейхэр тIэщIохур. Ауэ абы иджыри удэгъуэгурыкIуэнт, а зым и закъуэтэмэ, анэдэлъхубзэр махэ мыхъуу къыддекIуэкIынт.
АдэкIэ махуэцIэхэр яIэщIокI
«Адыгэбзэ чистэкIэ» жыпIэмэ, «понедельникым на работэ дыкIуэнщи, воскресеньем отдыхать тщIынщ», псэлъэкIэм махуэцIэхэр ягъэкIуэд. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым апхуэдэу щIыжаIэр. Нэрылъагъукъэ блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей, махуэку, мэрем, щэбэт, тхьэмахуэ жыIэкIэр зэрынэхътыншыр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы къагъэлъагъуэр анэдэлъхубзэр зэрытIэщIэхурщ. Ауэ абыкIи дигу дгъэкIуэд хъунукъым, сыту жыпIэмэ, махуэцIэ тIэкIуми и закъуэ бзэм ягъэшхуэ иригъэкIыфынукъым, адрейхэм дахуэсэкъамэ.
НэхъыкIэжыр бжыгъэцIэхэр щыпIэщIэхуарщ
Бзэм ягъэшхуэ ирегъэкI бжыгъэцIэхэр щаIэщIэхум деж, ахэр куэд дыдэрэ къагъэсэбэпын хуей зэрыхъум къыхэкIыу. БжыгъэцIэхэр пщыкIутIкъым (мазэцIэхэм хуэдэу) е блыкъым (махуэцIэхэм хуэдэу) зэрыхъур, атIэ мелардхэм носыр. Абы къыхэкIкIэ бжыгъэцIэ зимыIэж бзэр дамэ зимыIэж бзу хуэдэу мэхъур. Анэдэлъхубзэм кIуэдын зэрыщIидзэхэм ящыщщ бжыгъэцIэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мымащIэу дыхуозэ дахэкIейуэ адыгэбзэкIэ псэлъэфу, ауэ бжыгъэцIэр имыщIэу. Шэч хэлъкъым: мащIэу гугъу зрагъэхьмэ, ахэр тыншу зэрыжаIэфынум. БжыгъэцIэхэр тIэщIэхумэ, абы бзэм мыкIыжын уIэгъэшхуэ къытринэнум къищынэмыщIауэ, илъэс мин бжыгъэкIэ лъэпкъым къыдекIуэкIар ди деж щиухыну напэм къыпхуегъэкIукъым.
Пэжщ, тIощIым тещIыхьа пасэрей адыгэбзэ бжэкIэр гугъут, ар иджыпсту къекIужыркъым. Сыту жыпIэмэ нобэрей гъащIэр псынщIэу йокIуэкI. Абы и хуабжьагъым зыдомыгъэкIумэ, уакъыкIэрыхунущ е уи бжэкIэри бжыгъэцIэхэри пIэщIигъэхупэнущ.
Девгъэгупсысыт зэ, псалъэм папщIэ, зыгуэрым телефонкIэ уопсалъэри, 798 76 54 номерыр ибогъэтх. Пасэрей адыгэ бжэкIэмкIэ зэрыжыпIэну щытар: щиблрэ тIощIиплIрэ пщыкIуийрэ, тIощIищрэ пщыкIухрэ, тIощIитIрэ пщыкIуплIрэ. А телефон номерыр зыжепIэм ар гурыIуэгъуэу итхыфын папщIэ езыр-езыру хьисэп хилъхьэжын хуей мэхъур. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгей жыIэкIэм иджыри абыкIэ зиужьакъым. Абы къыхэкIкIэ бжыгъэцIэхэр абыхэм нэхъ щIэхыу яIэщIэхуащ. Ауэ къэбэрдейхэм адыгэ бжэкIэр, бжыгъэцIэхэр щIызрамыхьэн, зыщIыщагъэгъупщэн щхьэусыгъуэ щыIэххэкъым. Иджырей къэбэрдей бжэкIэмкIэ ар зэрыжыпIэнур: щиблрэ бгъущIрэ и, блыщIрэ хы, тхущIрэ плIы. Ар урыс бжэкIэми ефIэкIыу си гугъэщ.
Маржэ, дыхуэвгъэсакъ адыгэ бжыгъэцIэхэр зэдгъэщIэным.
Дызэвгъэплъыжыт, дэтхэнэ зыри дызэрыпсалъэр адыгэбзэу пIэрэ, хьэмэрэ апхуэдэу къытфIэщIу ара?
* * *
Бемырзэ Мухьэдин
АДЫГЭБЗЭ
Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж,
Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ,
Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт,
УзиIэу зыми семыфыгъуэ.
УзиIэу зыми семыиж –
АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр:
Сэ уи беягъкIи сыбеижщ,
Адрейхэр сщIэнуи сыхуопабгъэр.
Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут,
И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу,
Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут,
Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр.
ЖызыIэ щыIэщ псэлъэгъэху
Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ,
И псалъэ кIапсэр зэрихъэху
УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу.
Сэ зы дакъикъи семыдэIу
Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм.
Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу
Абы зыгуэрым хидза мывэм, –
Псыр тожри мывэхэр къонэж,
Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр
ЗэринэкIар абы гъунэжщ
Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу.
Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ,
Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ,
ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI,
Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу.
Зэм, си бзэ, уохъури уэ жъгъыру,
Адыгэ пшынэу уобзэрабзэ,
Зэм къызэкъуохри уи къарур,
ХеящIэ джатэу ар уогъабзэ.
Анэ быдзышэу уэ уIэфIщ,
УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм,
Гухэлъ уэрэди жыбоIэф,
ЗэригъэзэкIыу пщащэ гущIэр.
Уэ уафIэжьгъейми къэбгъэщIащ
Зэрыдунейуэ зэджэ «Нартхэр»,
Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ,
Иджыри мащIэкъым уи натIэр...
Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам
Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу
Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам
УреIэ уэ, си адыгэбзэ!
* * *
Елмэс Аулдин
СИ АДЫГЭБЗЭ
ЩыIэщ жиIэу: «Ди бзэр мыхьэнэншэщ».
ЩыIэщ жиIэу: «Ди бзэр къулейсызщ.
Бэзэр Iуэхухэр мыхъум нэгъуэщI гуэрхэм
Я щхьэ уиIэбэну къыбдэмыбзщ».
Ар жызыIэм, ахэр зи жьэ къекIуэм
И анэ быдзышэр ещI хьэрэм.
Зи бзэр нэгъуэщIыбзэкIэ зыхъуэжым
Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?
