16 сентября, 2025 - 09:35

Лъэпщ адыгэхэм нэхъ ягъэлъапIэ нартхэм ящыщщ, а пщIэр абы къыхуэзыхьар и IэщIагъэрщ: пасэрейхэм гъукIэм нэхъ пщIэ зыхуащI яIакъым. ГъущI ягъавэ зэрыхъу лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуащ гъукIэхэм я пщIэр, абы псори фIэлIыкIырт, тхьэпэлъытэ къафIэщIырти. Лъэпщи апхуэдащ пасэрей адыгэхэм я дежкIэ, ар нарт хъыбархэм щынэрылъагъущ: фIэмылIыкIрэ и пщIэр зымылъытэрэ яхэткъым нартхэм. Сосрыкъуэ зыпсыхьри нартхэм Iэщэ яхуэзыщIри Лъэпщщ, псоми чэнджэщ ирахьэлIэ, и псалъэм йодаIуэ. Пасэрейхэм я деж мыхьэнэ ин дыдэ щимыIатэмэ, Лъэпщ апхуэдиз пщIэ игъуэтынтэкъым. Нартхэм къызэралъытэмкIэ, Лъэпщ хузэфIэмыкIын щыIэкъым: гъущI щигъавэкIэ гъущI плъар Iэ пцIанэкIэ еубыд, абы ищIа джатэм мывэм я нэхъ быдэр зэпеупщI, Iэзэщи, имыгъэхъужыф щыIэкъым. Нартхэр дэнэ къэна, нартхэм я ужь къихъуахэми я фIэщ хъууэ щытащ Лъэпщ зэрытхьэпэлъытэр.
Зыгуэр уIэгъэ хьэлъэ хъуамэ, щIопщакIуэ хуащI я хабзащ адыгэхэм – куэд щIакъым ар зэрызыханэрэ (ди лIэщIыгъуэм къэсащ). ЩIопщакIуэм щыгъуазэхэм зэратхыжамкIэ, уIэгъэ зэрылъ унэм и бжэщхьэIум ибгъукIэ сыджрэ вабдзэрэ ягъэтIылъырт, щIопщакIуэм кърихьэлIэхэр сыджымрэ вабдзэмрэ уадэкIэ теуIуэрти, Лъэпщ и цIэкIэ тхьэ елъэIурт, гъущI зэрапсыхьа псы кIыщым кърахырти, уIэгъэм щахуэрт. КIыщыпс щахуэу щытащ фэгъазэ, фэрэкI, бжэнтепкIэ е къинэмыщI уз зэфыкI сабийм – ар хущхъуэ хуэхъуу къалъытэрт.
Адыгэхэм я гъащIэм гъукIэм пщIэуэ щиIам и щыхьэтщ Лъэпщ и махуэкIэ зэджэр махуэ лъапIэ дыдэхэм хабжэу зэрыщытар. Гъатхэр къихьа нэужьт Лъэпщ и махуэкIэ зэджэр щагъэлъапIэр, а махуэм шабзэкIэ нэщанэ зэдеуэрт, шурылъэс джэгурт. Лъэпщ и кхъащхьэкIэ зэджэ Iуащхьэ итащ Псыжь адрыщI. Кхъащхьэр зылъэгъуахэм зэратхыжамкIэ, абы гъущIыкIэ, шабзэшэ телъ зэпытт, цIыхур екIуалIэурэ Iуащхьэм тхьэ щелъэIурт. Лъэпщ и цIэмрэ и IэщIагъэмрэ адыгэхэм дежкIэ лъапIэу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ Хъан-Джэрий итхыжа хъыбар гуэр: адыгэ унагъуэ гуэрым сэшхуэ зэрахьэрт, Кавказ зауэм и лъэхъэнэти, сэшхуэр къэзакъхэм яIэрыхьащ. Сэшхуэр Лъэпщ ипсыхьауэ къалъытэрти, унагъуэр етIысэхакъым, ар зыIэрагъэхьэжыху: шырэ Iэщрэ щIатри къащэхужащ. Ар зейм къаIэрыхьэжа нэужь, жылэр зэхыхьэри тхьэлъэIу ящIыжащ...
