Насыпым и къежьапIэ
2 июля, 2024 - 15:32
Псэмахуэрэ Нэхунэрэ зэрышагъащІэт. НысащІэмрэ щауэщІэмрэ я унэм нэху къыщекІа япэ жэщым и пщэдджыжьым япэрей пщэдджыжьышхэ щызэдащІынут.
Щауэр жьыуэ къэушати, еплъмэ, щхьэгъусэр тхъэжу мэжей. Къимыгъэушыну хуэсакъыпэурэ къэтэджри, нысащІэм пщэдджыжьышхэ хуигъэхьэзырыну иужь ихьащ.
Япэрауэ, хадэм и щІыпІэ нэхъ дахапІэм Іэнэ зэгъэпэща дахэ щиухуащ. Мэ ІэфІ къызыпих гъагъэ хъуэпсэгъуэ дахащэхэм хэту иухуа Іэнэм къытригъэуващ унэм щІэлъу хъуар: кхъуей, щІакхъуэ, фо, тхъу, шатэ, джэдыкІэ, нащэ…