Мазэгъуэ пщIыхь
9 апреля, 2024 - 15:32
Мэзыхьэр и щхьэ и щIагъыу йохуэх. Йохуэхри йохуэх. ЛъащIэ имыIэ хуэдэщ. КIыфIщи, нэм къыщIэIэбэр илъагъуркъым. Жьыр фийуэ, езым хьэуар зэгуипхъуу йохуэх. Зэуэ и тхьэкIумэхэр Iууащ, зыри зэхимыхыжу. Гужьеигъуэ щIыIэр къылъысри елъэкъуэуащ, ауэ зы фIэгъэнапIи зы убыдыпIи къыIэрыхьакъым. Мис иджы си гур зэгуэудынущ, щыжиIэм, къаскIэри къыщылъэтащ. И нэгу щIэкIам и Iэпкълъэпкъыр апхуэдизкIэ зэщIиIулIати, и гъуэр къыхуэмыцIыхужу, здэщыIэр къыгурымыIэужу, ар Iэрпхъуэр къэхъуащ. Иужьым хуэм-хуэмурэ зыкъищIэжри, ауан зищIыжащ: «Плъэгъуа пщIыхьым игъэшына мэзыхьэ шынэкъэрабгъэ!